Вэдгъуабжэ
Къыздихар Уикипедиэ
| Вэдгъуабжэ | ||||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||||
|
||||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||||
| Sylvia borin Boddaert, 1783 | ||||||||||||||||||
|
Вэдгъуа́бжэ (лат-бз. Sylvia borin) — вэд лъэпкъым щыщщ.
Щопсэу псыӀэ мэз щӀагъ зэхэкӀахэм, псом хуэмыдэу екӀэпцӀэ, пхъэщабэ жыгхэр здэкуэд щӀыпӀэхэм щыбэгъуащ. Жыг хадэжьхэм къызэрыкӀуэу щопсэу, щогъуалъхьэ. Къаукъазым къинэмыщӀауэ уащыпэщӀэхуэнущ Еуропэм, Сыбырым и щӀыпӀэ щхьэхухэм.
ТхыцӀащхьэр гъуабжэ-щхъуафэщ, ныбэ щӀагъыр хужьыфэщ, бгъэмрэ джабэхэмрэ мащӀэу гъуэжьыфэ къащӀоуэ. Хъухэри анэхэри зэфэгъущ.
Абгъуэр м. 2-м нэскӀэ щӀым теӀэтыкӀауэ жыг къудамэхэм дащӀыхь, шырхэр анэми хъуми зэдапӀ. ЕтӀуанэу мэгъуэлъхьэж.
Ӏусыр — цӀыв, хьэндырабгъуэ, щыгъыныхь, бадзэ, мэракӀуэхэкӀ, къэкӀыгъэ жылэщ.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.