Бзуущхъуэ
| Бзуущхъуэ | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Turdus philomelos Brehm, 1831 | ||||||||||||||||
| И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
|
гъэпсом щӀымахуэр здырихыр |
||||||||||||||||
|
Бзуущхъуэ (лат-бз. Turdus philomelos) — бзугъуабжэ лъэпкъыгъуэм щыщщ.
Хэтхахэр |
Теплъэр [гъэтэрэзын]
И инагъкӀэ курытщ. ТхыцӀэр щхъуэ-гъуэбжафэщ, ныбэ щӀагъур хужьщ, кусэ фӀыцӀэ куэду хэсу. Хулъащхьэм гъуэжьыфэ къыщӀоуэ. И уэрэд макъыр жьгъыру лъагэщ.
Здэпсэухэр [гъэтэрэзын]
ЛӀэужьыгъуэр хуабжьу зызубгъуащ, щогъуалъхьэ кхъуакӀэ мэзхэм Еуропэм, Къаукъазым, Азиэ ЦӀыкӀум, Сыбырым Байкал хыкъумым нэсу. ЩӀымахуэр щырех Ипщэ-КъуэкӀыпӀэ Еуропэм, Ищхъэрэ Африкэм, Азиэ ЦӀыкӀум и къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм. Къаукъазым мэлъэтэжу щопсэу.
Бзуущхъуэхэм я абгъуэр инщ, ар щащӀыр жыг зэмылӀэужьыгъуэхэм я къудамэ зэгуэкӀыпӀэхэм м. 1-10-кӀэ щӀыгум пэжыжэу. ТӀо къыраш. Къизышыр анэм изакъуэщ, ауэ шырхэр пӀыным хъури жыджэру хэтщ.
Ӏусыр [гъэтэрэзын]
Ӏусыр зэщымыщщ — хьэмблу, щыгъыныхь, хьэпщхупщ, цӀыв, бэдж; бжьыхьэм — мэракӀуэ зэмылӀэужьыгъуэ.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.