БзуупцӀэкъуэлэн
Къыздихар Уикипедиэ
| БзуупцӀэкъуэлэн | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Turdus viscivorus Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
|
БзуупцӀэкъуэлэн (лат-бз. Turdus viscivorus) — бзугъуабжэ лъэпкъыгъуэм щыщщ.
Теплъэр [гъэтэрэзын]
Адрей лӀэужьыгъуэхэм ялъытауэ пӀащэщ. Къешэч г. 150 нэсу, пкъым и кӀыхьагъщ см 30 нэблагъэ, дамэ лъэныкъуэм см. 15. Тхыщхьэр — щхъуэ-гъуэбжафэщ, кӀащхьэм гъуэжьыфэ къыщӀоуэ. Ныбэ щӀагъыр — тэхущ, ӀэпапӀэ хужь-гъуэбжафэхэр хэсу.
Здэпсэухэр [гъэтэрэзын]
Щогъуалъхьэ Къауъказым, Еуропэм, Африкэм, нэгъуэщӀ щӀыпӀэхэм я къущхьэ мэзхэм. Къаукъазым мылъэтэжу щопсэу. Абгъуэр нэхъыбэу здыщӀыр мэзым псей къызэбэкӀ щӀыпӀэхэращ. Бжьыхьэм гупышхуэу (200-1000 нэсу) зэрогъэхъухэр.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.