Бзуудзыфэ
| Бзуудзыфэ | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Carduelis chloris Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
| И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
|
гъэпсом щӀымахуэр здырихыр |
||||||||||||||||
|
Бзуудзыфэ (лат-бз. Carduelis chloris) — бзупэгъум лъэпкъщ.
Хэтхахэр |
Теплъэр [гъэтэрэзын]
Унэбзум хуэдизщ, и теплъэм удзыфэ къыщӀоуэ гъуэжьыфи хэту. Анэр нэхъ фагъуэщ.
Здэпсэухэр [гъэтэрэзын]
Щопсэу Еуропэм, Азиэм, Ищхъэрэ-КъуэхьэпӀэ Африкэм. Къаукъазым гъунэжу щыӀэщ мэзхэм, жыг хадэхэм, паркхэм. Лъэтэжкъым. Ди хэгъуэгухэм бзуудзыфэр зэгуэгъу мэхъур гъатхэпэ мазэм и етӀуанэ Ӏыхьэм къыщыщӀэдзауэ. Апщыгъуэми анэхэм абгъуэ ухуэн яублэ щӀыгум пэмыжыжьэу жыг (нэхъыбэу псей) къудамэ зэгуэкӀыпӀэхэм. ХьэӀулэщӀ бзу лӀэужьыгъуэ псоми яхуэдэу шырхэр тхьэмахуитӀ хуэдизкӀэ абгъуэм исщ, анэми хъуми зэдагъашхэу. Абгъуэр къагъэна иужь зы тхьэмахуэкӀэ фӀыуэ лъэтэф хъуа шырхэм езыр-езыру псэун яублэ, анэр етӀуанэу мэкӀэцӀыж.
Ӏусыр [гъэтэрэзын]
Я Ӏусыр лӀэужьыгъуитӀу зэхэтщ, гъэмахуэм — цӀыв хэкӀыгъуэ, хъумпӀэцӀэдж, нэмыщӀ, гъэмахуэкӀэмрэ бжыхьэмрэ — мэракӀуэхэкӀ, къэкӀыгъэ жылэ.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.