БжэнщӀэф лъэпкъыр
Къыздихар Уикипедиэ
| БжэнщӀэф лъэпкъыр | ||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||
|
||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||
| Caprimulgidae Vigors, 1825 | ||||||||||||
|
БжэнщӀэф лъэпкъыр (лат-бз. Caprimulgidae) — мы лъэпкъыр зыхыхьэ хэкӀыгъуэм щынэхъыщхьэщ.
Хэтхахэр |
Теплъэр [гъэтэрэзын]
Я теплъэкӀэ щхъуэгъуа-бжафэщ; фӀыцӀэ, хужь ӀэпапӀэхэр я кӀэмрэ дамэхэмрэ хэлъу. Я кӀэхэр кӀыхьщ, дамэхэр Ӏузэщ, пэ кӀэщӀхэщ, жьбгъуэхэщ, нэшхуэхэщ, лъэ кӀэщӀхэщ. ЩылъатэкӀэ даущ ирагъэщӀкъым.
Здэпсэухэр [гъэтэрэзын]
Щопсэу мэзылъэ щӀыпӀэхэм, къумхэр зи хэщӀапӀэ лӀэужьыгъуи щыӀэщ. Абгъуэ ящӀкъым. Пасэм щыгъуэ бжэнхэм ящхьэщыт гъудэбадзэхэр я жьабгъуэмкӀэ куэду къэзубыд къуалэбзухэр бжэным ящӀэф къафӀэщӀт. Я фӀэщыгъэцӀэри къызтекӀар аращ.
Лъэпкъыгъуэхэр [гъэтэрэзын]
Лъэпкъ къуэдзэ тӀу мэхъу, ахэр лъэпкъыгъуэ 14-лӀу, лӀэужьыгъуэ 69-рэу гуэшащ.
Лъэпкъ къуэдзэхэмрэ лъэпкъыгъуэхэр:
- Лъэпкъ къуэдзэ Chordeilinae
- Лъэпкъ къуэдзэ Caprimulginae
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.