Бгъэмопэ
| Бгъэмопэ | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Erithacus rubecula Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
| И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
|
Удзыфэр — гъэпсом; Гъуэжьыр — гъэмахуэм; ШхъуантӀэр — шӀымахуэм. |
||||||||||||||||
|
Бгъэмо́пэ (лат-бз. Erithacus rubecula) — бзугъуабджэ лъэпкъ цӀыкӀу. И тхыцӀэр щхъуэ-гъуэжьыфэщ, бгъэгу щӀагъыр щхъуэ-хужьыфэщ. Нэхъыбэу щопсэу мэзхэм. Абгъуэ щещӀ къэкӀыгъэ лъабжьэхэм, жыг уа, мывэ щӀагъхэм. Ӏусыр — цӀыв, хьэпӀацӀэ, хьэндырабгъуэ, нэгъуэщӀ хьэпщхупщхэрщ, бжьыхьэм — мэракӀуэ зэмылӀэужьыгъуэхэр.
Хуабжьу сакъщ, уэрэд жыӀэрейщ, абы папщӀэ пшэплъхуэусэкӀи йоджэ. Щопсэу Еуропэм, Сыбыр КъухьэпӀэм, Азиэ ЦӀыкӀум, Ищхьэрэ-КъухьэпӀэ Африкэм. Къаукъазым мылъэтэжу, ауэ щӀымахуэм Ӏэпхъуэу щыпсэууэ хуагъэфащэ. ПӀащӀэу къыраш я уэрэд жьгъырур нэхъыбэу щызэхэпхыр пщыхьэщхьэкӀэщ жэщыр хэкӀуэтэху. Адрей бзу лӀэужьыгъуэхэм къагуэкӀыу бгъэмопэхэм уэрэд жаӀэ бжьыхьэми, ауэ гъатхэм хуэдэу ар дахэкъым икӀи нэхъ кӀэщӀщ.
Бгъэмопэ ди хэгъэгум лӀэужьыгъуэ къуэдзэ щиӀэщ:
- Пшэплъхуэусэ — лат-бз. Erithacus rubecula caucasus — ур-бз. Кавказская зарянка
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.