Анджырэф

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Анджырэф
Анджырэф губгъуэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Жылэзэхуэщахэр
ХэкӀ: Monocotyledones
ХэкӀыгъуэ: Хьэцэпэцэ теплъэхэр
Лъэпкъ: Хьэцэпэцэхэр
Лъэпкъ къуэдзэ: Мэшхэр
Лъэпкъыгъуэ: Анджырэф
Латин цӀэр
Sorghum Moench


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 42106
NCBI 4557

Анджырэ́ф (лат-бз. Sorghum) — хьэцэпэцэ къэкӀыгъэщ зи лӀэужьыгъуэхэрзы гъэкӀи, гъэ бжыгъэкӀи къэкӀ.

Я теплъэкӀэ нартыхум ещхьхэщ, лабжьэшхуэ ящӀ, м. 2-2,5-рэм нэс екӀыху. Я пкъыр занщӀэу докӀей, м. 4-7-м нэсу. Анджырэфыр фӀыуэ къыщокӀ нартыхур зыщыбагъуэ щӀыпӀэхэм, хуабапӀэхэм, уэшх щымащӀэхэм. Абы къыхэкӀыуи ахэр хэгъуэгу бжыгъэм къыщагъэкӀ. Иужьрей илъэсхэм анджырэфым зыщиубыдащ Ищхъэрэ Къаукъазым и губгъуэхэм. Силосыпхъэу къагъэкӀ нартыхум дэпщӀыгъумэ, и бэвагъым хохъуэ, мэкъумылэм и къэуатри къеӀэт.


Тхыгъэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. Хьэкъун Б. Налшыч. 1992 гъ.