Эспаниэм и нып

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ

Эспаниэм и къэрал ныпыр щыуэ гуэчауэ щыт — ишъхьэмрэкӀэ икӀагъымрэкӀэ плъыжьу ирокӀуэ, икумкӀэ гъуэжьу щыт, гъуэжь лъэныкъуэр тӀоуэ нэхъ бгъуэ, плъыжьхэм нэхърэ. Гъуэжь лъэныкъуэм кӀым нэхъ игъунэгъу гъэкӀуэтауэ Эспаниэм и Дэмыгъэр тет.

Ныпым и фэм и мыхьанэр къызхэкӀам теухуауэ щыт. Хъыбарыжьым къызэриӀуатэмкӀэ, Арагоным и зы пщыхэм езым и нып иӀэну унафэ ишъа. Хуашъа бзыпхъэхэм еплъурэ, зым инэр тена, икур дышъэпсу щыту. Яужым фалъэ псэушъхьэхэм я лъы иту къыратыну лъаӀуа а фалъэм и ӀэхъуамбитӀыр хигъауэри бзыпхъэм и гъунэхэр ирицӀэла.

Иджырей Эспаниэм и ныпыр зэрщытым хуэду щыхъуар 1785 гъэм, пщы Карлос III Бурбоным унафэ ишъа эспаниэм и кхъухьэдзэм и ныпхэр зэрихъуэкӀыну (апщыгъуэм эспаниэм и кхъухьхэм я нып хужьыр адрей къэралхэм я ныпхэм хэгъуащэт), абы лъандэрэ плъыжь-гъуэжьыфэ ныпым Эспаниэм и ассоциациэ къэтыр, ауэ ныпыр къэралым еуэ 1927 гъэра щытраӀуар.