Фиорд

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Фиорд

Фиорд (нор.-бз. fjord) — зэвуу, къуаншэу щӀым куууэ дыхьэ хыжьэ. Фиордхэм и нэхъыбапӀэм я Ӏуфэхэр джабэщ, абыхэм я кӀыхьагъыр я бгъуагъым куэдкӀэ къащхьэщокӀ икӀ я джабэ Ӏуфэхэр и нэхъыбэм 1000 метрэм нэсхэу щытщ.

И нэхъыбапӀэ фиордхэм тектоникэ къэхъукӀэщ яӀэр. Апщыгъуэхэм деж фиордхэм я кууагъхэр 800 метрэхэм нэсынкӀэ хэлъщ. Иныкъуэхэр псыхъуэм мыл дэлхэм я зекӀуэкӀэм къагъэхъуащ далъэсыкӀыурэ.

Дунейм фиордхэр нэхъ щыкуэдщ — Ишхъэрэ Америкэм, Норуегэм, Гринлэндым, Ислэндым, Чили, ЩӀэ Зилэндым, Шотлэндым, Хьэрып ныкъуэтӀыгу щӀыпӀэхэм.

Фиордым и дахагъым цӀыху куэд дехьэх. Мэз Ӏув тезу зи щхьэм уэс зытелъ джабэхэм еплъын щхьа фиордхэр туристхэм нэхъ куэдрэ здэкӀуэ щӀыпӀэхэм ящыщщ.

Нэхъ ин фиордхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ЦӀэр ЗдэщыӀэр КӀыхьагър (км) Бгъуагър (км) Кууагър (м)
Скорсби Гринлэнд 350 6 1450
Согне-фиорд Норуегэ 219 6 1308
Хардангер-фиорд Норуегэ 183 10 750
Тронхеймс-фиорд Норуегэ 137 24 600
Нур-фиорд Норуегэ 113 5 565
Колск хыжьэ Урысей 57 7 300
Милфорд-Саунд ЩӀэ Зилэнд 19 3 390

Дунейм и нэхъ ин фиордыр КъуэкӀыпӀэ ГринлэндкӀэ щыӀэ Скорсби фиордыращ. Ар жыг къудамэ ухуахэм хуэдэу щытщ. А къудамэхэм я нэхъ ин дыдэм и кӀыхьагъыр 350 километрэм нос.

А фиордыр къахъуэщ тектоникэ зэгуэча щӀыпӀэр хым щӀигъэна иуж. Скорсби фиордым и Ӏуфэхэм деж хьэкӀэкхъуэкӀэ куэд щопсо. Абы къыхэкӀыу а щӀыпӀэр Гринлэндым и ихъумэ щӀыхэм яхиубыдауэ яхэтщ.

Къызэрыхъур[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Фиордыр къызэрыхъум и иллустрациэ

Фиордыр къохъу U-щӀыкӀэ зиӀэ къуэм дэлъ мылым, щӀыфэм илъэс куэдрэ телъу щыдилъэсыкӀым деж. Мыл илъэс куэдрэ зы пӀэм деж щылъам и хьэлъэгъым щӀыр иуба ещӀ. Мылыр ткӀуурэ текӀыжа иуж, ар зыдэлъа къуэм хыпсыр долъадэри щӀехъумэж.

И нэхъыбапӀэ фиордхэм я кууагъыр къабгъудэлъ хым и кууагъым нэхърэ нэхъ инщ. Псалъэм папщӀэ Норуегэм щыӀэ Согне-фиордым и кууагъыр 1 300 метрэм щӀегъу.

Псы къабзэ фиордхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Норуегэм щыӀэ псыхъурей мыл лъэхъэнэм щыгъуэ, къуэ зэхуакухэм дэхъухьауэ щтахэм фиордкӀэ йоджэхэр.

Норуегэм нэмыщӀ, псыхъурей фиордкӀэ зэджэхэр щыӀэщ ЩӀэ Зилэндым (псыхъурей Те Анау), Канадэм (псыхъурейхэ Уестерн Брук Пондрэ, Оканаганрэ).

Абыхэм нэмыщӀ псы къабзэ «псыхъурей фиордкӀэ» зэджэхэр щыӀэхэщ Британ Колумбиэ, Ишхъэрэ Урым, Ипшэ Шуэцарэ, Псыхъуреишхуэ щӀыпӀэхэм.

Сурэтылъэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]