Фашэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Файл:Цей зэпылъ.jpg
Цей зэпылъ

Фашэ — лъэпкъым и напэ, адыгэхэм куэд халъхьащ а щыгъыным.

Цейм, амэ-псымэ кӀыгъу хъуам ягугъ кӀуэну, пэсыре дыдэм ягугъкъым, XIX илъэсишъэхэм, фашэ бэлыхьыр щызэфӀэувам, урысхэми адрей лъэпкъхэми адыгэм я щыгъын къаштар, я дзэхэми я пэштыхьхэми нэсам. Хульхугъэ фашэм, куэд зэпыль, куэд зэдэкӀыгъу. ХХ илъэсишъэхэм я ныкъуэм къыщыкӀэдзауэ фашэм исурэтыр "кӀуэдын" кӀедзэ. ИдыкӀэр, зэрзэпылъыр, цейм куэду зехъуэкӀы.

Хулъхугъэм и щыгъыным хэтар: Вакъэ, Лъей, Гъуэнчэдж, Джанэ, КъэптӀал, Цей, ПыӀа, Шъхьарыхъуэн ( Бэшлыкъ ), КӀакӀуэ.

ЗэфӀэлъыкӀэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ИшъхьэмкӀэ зэритхам хуэду счыгъу зэкӀэлъыпыту щыттэкъым фашэм, згуэрэ хущыкӀэнти хъунт, згуэрэ тӀуану щатӀэгъэн, псоми утепсэлъыхьын мыхьэнэншэ.

Езы щыгъын нэхъ япэрейхэм я гугъу:

ЛъакъуэфӀэлъхьа[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Вакъэр куэду зэшъхьащыкӀыт. ЛъэпӀкъ нэхъ тхьамышкэхэм упӀкӀэ вакъэ зэрахьат бжыхьа-шӀымахуэм, гъатхэ-гъэмахуэм янэхъыбэр лъамцӀэт. Лъхукъуэлъхэм гъэмахуэм, губгъом щиткӀэ , мэкъу щеуэм, фэкӀэ шъауэ вакъэ пӀакӀэ зэрахьат, илъэгум пӀакӀыу мэкъу илъу лъапшъэм иде лэрыпскӀэ папхыкӀыу. Уэркъхэм, Лъакъуэлъэшхэм, Пщыхэм афэ-вакъэ, лъэхъстэн вакэ, Урысем къырах фэ вакъэ лъагэм хуэдэ ящыгът. Афэ-вакъэр иэ лъэхъстэн-вакъэр фэр пӀакӀэу, плъыжьу лауэ, шъагъэрэ, уагъэрэ къэдыкӀауэ яшът.

Лъер упӀкӀэм иэ фэ пӀакӀэм къыхашъыкӀыт, лъапшъэм къыщыкӀэдзауэ лъэгуанджэм фӀэкӀыт, лъакъуэм хуэфӀу. ЗэгуэдапӀэхэр дышъэ иэ дыжьын шъагъэкӀэ зэхуашът. Лъэгуанджэ кӀагъам лэрыпс ирашъэт дыжьын зэрыдзэ иӀу.

Гъуэнчэдж[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Гъуэнчэджыр джанэми хуэду кӀагъ-кӀэлъу зэрахьат. Ишъхьар лэрыпскӀэ убыдауэ, быхъу куэпӀкъым иде ( хулъхугъэр хуиту уанэм исыфын шъхьакӀэ ), лъэгуанджэм къыщыкӀэдзауэ лъапшъэм нэгъунэ зэв хъууэ, а и кӀагъми лъэпс иӀат, лъэгум кӀыидзу ( лъер зыщыщитагъэм иде гъуэнчэджыр иӀыгъыну )

Джанэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Джанэр шэкӀы пӀакӀэхэмкӀэ ядт, чэсе, чэтэн... ШэкӀыр тэкӀу къуэлэн хэлъыуи хъут. Ӏашъхьар кӀыхьу, занкӀыу, Ӏапшъэм нэсу, пшъампӀэ имыӀу зы кӀыӀукӀэ иэ кӀыӀуитӀкӀэ пшъэм иде япху. И кӀыхьагъкӀэ куэпӀкъым нэст, езы джанэр хуиту ядыт, быхъу дыдуи щымыту, зэвуи щымыту.

КъэптӀал[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

КъэптӀалыр цейм ехьчу ядт, икӀыхьагъкӀэ нэхъ кӀэкӀыу, лъэгуанджэм нэмысу, Ӏашъхьар зэву, Ӏапшъэм кӀыӀу идауэ, бгъэр зэхуэшъауэ, пшъампӀэ кӀэту, уагъэ кӀыӀу иэ тучаным къащэхуа кӀыӀу пшъампӀэм къыщыкӀэдзауэ ибгым нэгъунэ ирадэт. КъэптӀалыр фӀыцӀу, плъыжьу, псыфу, гъуабджу иэ тӀэкӀу къэлэн хэлъу ядт. Зэзэмызэ цейри къытрамылъхьу, бгырыпхымрэ, къамэмрэ зыралъхьати къэптӀал закъу зырахьат.

Цей[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Цейр лъэпӀкъым ди напэ. Джыпсту шъхьадж ишъхьа къызэрхуэкӀу цейр зэрахьа. Япэ кӀышъэ цейм ифэкӀэ зезыхьар къацӀыхут: Хужь ( Пщы ), псыфэ ( хужьым нэхъ хуэкӀуэ ) плъыжь, фӀыцӀабзэ ( къуафцӀэ ) ( Лъакъуэлъэш иэ Уэркъ ), псыфэ, фӀыцӀэ, гъуабджэ ( лъхукъуэлӀ ). ( Цей къуэлэн, шхъуантӀэ, удзыфэ, гъуэжь иэ пэмыкӀы фэ зэрахьу щытакъым адыгэм! ) Цейр лъэгуанджэм нэсу иэ кӀыхьу, лъапэм нэс джыпӀа хъууэ ядт. Бгъэр къихауэ, Ӏашъхьар бгъуэуэ Ӏапшъэм нэсу иэ нэхъ кӀыхьу. Ибгъэ лъэныкъуитӀым хьазырхэр (куэдым ягъэгъуащэ хьазырыр адыгэ псалъу ялыту, хазырыр хьарып псалэ) традэт блырыблу иэ нэхъыбу. Езы хьазырылъэхэр пэмыкӀы фэуи яшъу хъут, шъагъэр ишъхьамкӀэ традэжьу. Цей къуапэмрэ Ӏашъхьамрэ ихъуреягъкӀэ уагъэ къырадыхьт, нэхъ лъэпӀкъ бейхэм дышъэ иэ дыжьын шъагъэкӀэ. Цейр хуэфӀу ядт, хуиту зэрахьатэкъым, пӀкъэм фӀыуэ фӀэсу, кӀыбыр иӀыгъу бгым нэгъунэ кӀуэт, бгъэр здиухым иде, ныбэр зэхуишъу кӀыӀу ирадэт, кӀыӀуитху хуэдиз.

ПыӀэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Мэлыфэ, упӀкӀэ, хъурафэ... ПыӀахэр бжыгъэт. МэлыфэкӀэ ядхэр лъагу яшът, ихъуреягъыр цылъэныкъуэфу, шыгур хъуреуэ, Ӏатауэ шэкӀыкӀэ шъауэ. ЕтӀуану мэлыфэкӀэ ядхэтэр хъурепсоуэ, игъунэри ишыгури мэлыфэцкӀыхьу щыту. Апхуэдэ пыӀахэм янэхъыбэр фэ фӀыцӀэм иэ гъуабджэм къыхашъыкӀыт. УпӀкӀэ пыӀахэри тӀуэ бгуэч хъуну: япэрер - шыгу лъахъчэ хъуреуэ, лъэгур бгъуэшху шъауэ. ЕтӀыуанэр - шыгу лъагу, Ӏатауэ илъэгур зэву, гъунэхэр дэгъэзеяуэ. Апхуэдэ пыӀахэм яшыгум шыкъу, чышъэ ирашъу щыта.

ХъурафэкӀэ яд пыӀахэр пщыхэм, уэркъхэм зэрахьат, лъагу шъауэ, кӀагъыр шъхьам хуэфӀу ишъхьар тӀэкӀу зэв хъууэ, апхуэдэ пыӀашэм яшыгур иэ пӀакӀу щытт иэ хъуреуэ, Ӏатауэ, шэкӀыкӀэ шъауэ, дышъэ иэ дыжьын шъагъэкӀэ идыхьауэ.

Шъхьарыхъуэн[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Шъхьарыхъуэныр ( Башлыкъ ) пыӀами хуэду ягъэлъапӀэт. ЗекӀуэм зэрахьат, джэгум зэрахьат. ЗекӀуэм зэрахьар упӀкӀэ пӀакӀэмкӀэ иэ шэкӀымкӀэ ядт. Игъуапэхэр кӀыхьу ишъхьакӀуэцӀыр кууэ дауэ. ШъхьакӀуэцӀым и гъунэ зэхуакум де шыкъу иэ чышъэ пашъэт, кӀыхьу, хьалъу щъауэ, пыӀам щытралъхьакӀэ икӀэр иричэхыным хуэду, ихъуреягъыр уагъэкӀэ къырадыхьт, игъуапэхэр къыздыкӀыидзэм де лэрыпс идауэ, шыкъу ирижэ тесу, пшъэм иде зэригъэубыдыну. Апхуэдэ шъхьарыхъуэнхэр фӀыцӀу, гъуабджу, хужьу ядт. ШэкӀы пӀакӀэмкӀы ядт шъхьарыхъуэнхэр, нэхъ шэкӀы лъапӀэхэм, нэхъ гъэпсауэ щыту. Дыщъэ идэ хэлъуи щытт апхуэдэм якуэдым, игъунэхэр дышъэ иэ дыжьын шъагъэкӀэ къидыхьауэ, шыкъухэмрэ чышъэхэмрэ дышъэрэ, данэ уданэкӀэ зэхэлъу шъауэ.

КӀакӀуэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

КӀакӀуэр шъхьарыхъуэнми хуэду тӀууэ бгуэч хъуну. 1 - КӀакӀуэ кӀыхь 2 - КӀакӀуэ кӀэкӀы ТӀури упӀкӀэм къыхашъыкӀыт, кӀакӀуэ кӀыхьыр нэхъ Ӏуву яшът, пшъэр къихауэ, дамэ бгъуэуэ зэтедауэ, игупэр занкӀыу зэӀухауэ. ИкӀуэцӀлъэныкъуэмкӀэ фэпӀакӀыу щыту игупэлъэныкъуэмкӀэ цыр атауэ, хуэбэлацу яшът. Пшъэм иде лэрыпситӀ илъэныкъутӀымкӀэ ирапхэт, лэрыпсыр здытедам иде ишъхьамкӀэ фэ традэжьт иэ дышъэ идэкӀэ шъауэ пӀлӀиму. КӀакӀуэ кӀэкӀыр нэхъ пӀакӀэт, икӀыхьагъкӀэ куэпӀкъым иэ бгым къынэст, кӀакӀуэ кӀыхьым хуэду игупэлъэныкъуэр гэбэлэцауэ щыттэкъым. ПӀлӀэӀум ирадзэмэ зы дэмашъхьам телъу утӀуанэ лъэныкъуэр ӀакӀагъымкӀэ кӀагъэжти лэрыпсымкӀэ япхэт. ПшъапӀи пшъэи имыӀу, ишъхьамкӀэ хуэзэву икӀагъымкӀэ бгъуэ шъауэ ( КӀакӀуэ кӀэкӀыр фӀыцӀу, псыфу, гъуабджу, хужьу ядт, КӀакӀуэ кӀыхьыр хужьу иэ фӀыцӀу )

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Last edited 6 years ago by YiFeiBot