Уэрэдбзу
Уэрэдбзу | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Luscinia luscinia Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
|
Уэрэдбзу (лат-бз. Luscinia luscinia) — бзугъуабжэ лъэпкъщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Унэбзум нэхърэ мащӀэу нэхъ инщ. ТеплъэкӀэ къызэрыкӀуэ дыдэщ. ТхыцӀэр гъуэ-гъуэбжафэщ, кӀэр нэхъ гъуафэщ. Ныбэ щӀагъыр хужьщ, джабэхэр гъуабжэ-щхъуафэщ; хулъащхьэм щхъуэ-гъуэжьыфэ ӀэпапӀэ хэлъщ.
Щэныр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Щыгъуэлъхьэну фӀыуэ ялъагъу мэз лъапэ чыцэ Ӏув зыщӀэт жыг хадэшхуэхэм. Уэрэд жыӀан яублэ жыгхэм тхьэмпэ къапидза нэуж. Я макъамэ гуапэхэр, зэм нэщхъыфӀэр зэми нэщхъеягъуэ къызыщӀэувэр жэщи махуи зэхыбох. Щыщагъэтыр бын пӀын яублэмэщ.
Здэпсэухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Щопсэу КъуэкӀыпӀэ Еуропэм, КъухьэпӀэ Сыбырым ику, ипщэ лъэныкъуэхэм. ЩӀымахуэр здагъакӀуэр КъухьэпӀэ Африкэм и ипщэ тропик Ӏыхьэращ. Абгъуэр — щӀыгум, жыг, чыцэ лъабжьэхэм я зэхуакум, е щӀыгум пэмыжыжьэу къудамэ Ӏувхэм. Абгъуауэ хъуа шырхэр удз щӀагъым ӀэкӀуэлъакӀуэу щӀож. Быным зэгъусэу Ӏэпхъуэн еублэ псыхъуэхэмкӀэ, мэз лъапэ нэхухэмкӀэ. Ищхъэрэ Къаукъазым щогъуалъхьэхэр, мэлъэтэж фокӀадэм.
Ӏусыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ӏусыр — хъумпӀэцӀэджхэр, цӀывхэр, щыгъыныхь, бадзэхэр, бэджхэр, мэракӀуэ жылэхэр.
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |