Ужьэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Ужьэ
Ужьэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэ
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэ
ХэкӀ: ШэрыпӀхэ
ХэкӀыгъуэ: ШъакӀуэпсэушъхьэхэ
ХэкӀыгъуэ къуэдзэ: Хьэсурэтхэ
Лъэпкъ: Дзыдзэхэ
Лъэпкъыгъуэ: Ужьэхэ
ЛӀэужъыгъуэ: Ужьэ
Латин цӀэр
Mustela nivalis Linnaeus, 1766


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

NCBI {{{1}}}

Ужьэ (лат-бз.: Mustela nivalis, ур-бз.: Ласка) — шъакӀуэ псэушъхьа, шэрыпӀ, дзыдзэ лъэпкъым ящыщу. ШӀыпӀэм я нэхъыбэм щопсо.

АплъэпӀкъыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Ижьэр шъакӀуэ псэушъхьахэм я нэхъ цӀыкӀу. ИаплъэпӀкъыр псыгъу, кӀыхьу, лъакъуэкӀэкӀыу (абыхэми абжъанэ памцӀэ я тету), ишъхьар псыгъуэкӀыхь, тхьакӀумэхэр хуэхъуреуэ цӀыкӀу, ипэр дзасу.

Я сурэтымкӀэ хъухэмрэ бзыхэмрэ зэрзэшъхьащыкӀыр я инагъ закъуэра. Я кӀыхьагъхэр 11,4 см. къыщыкӀэдзауэ 21,6 см носыр. Я хьэлъагъыр 40-100 гр.

ГъэмахуэкӀэ шъхьашыгур, кӀыбыр, гъунэхэр, кӀапэр, лъакъуэхэм ягупэлъэныкъуэхэр гъуабджу щытхэ. Пшъэр, жъэпӀкъыр, бгъэр, ныбэр, лъакъуэ кӀыбагъухэр хужьу щытхэ. Цы иӀувагъыр шӀымахуэми гъэмахуэми зэхуэдэ. Ауэ гъэмахуэм цым икӀыхьагъыр нэхъ макӀэ мэхъур. Бжъыхьам ижьэр (ипшъэ шӀыпэхэм псохэм щымыхъукӀэ) ицыр хужькӀэ зэрехъуэкӀыр. Здэпсор: Еуропэм, Ишъхъэрэ Азиэм, Ишъхъэрэ Америкэм.

ЗдызекӀуэ-здэпсохэр губгъуэхэм, мэзхэм, къуэкӀэ-бгыкӀэм, къуаджэхэми блэмыкӀыу. Гъуэхэр нывэ кӀагъхэм, жыгкӀуэцӀгъуэхэм, бохэм. Гуэм илъэгум мэкъу, тхьампэ амэ ирелъхьа.

Ишхыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Ижьэр псынкӀэ Ӏэйуэ зегъазэ икӀи джан Ӏэй, псынкӀыу къэжыхьыф, жыгхэм допшеиф, фӀыуэ ерсыфыр. ИшэнкӀэ гушхуэ икӀи бзаджэ, псэушъхьа цӀыкӀу къомым я биуэ щыт... Иубыду ишххэр: унэм, губгъуэм щыпсо дзыгъуэ, фей, шӀыгунэф, тхьакӀумэкӀыхь, джэджъэй, тхьарыкъуэ, щындрыхъуэ, блэ, хьандыркъуакъуэ, цӀыв амэ. Яуж пари имэтмэ, зэран къыхуэмыхъумэ ижьэр джэщми махуэми мэшъакӀуэ. Дзыгъуэхэмрэ фейхэмрэ зэриукӀымкӀэ сэбэпышхэ къэхь, сэбэпым иинагъымкӀэ джэдэщым ирихыр хуагъэгъуми хъуну.

Щызэпыхьахэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Щызэпыхьахэр гъатхэпэм. ТхьамэхуитхукӀэ псэфа яужым 5 иэ 7 чыру къэлъху, яшъхьщыту кӀэлъыплъу епӀхэр. Згуэрэ зэран я хуэхъун игугъэмэ пэмыкӀ абгъуэм зэрызурэ ехьхэр, жэдэлъу.

Тхыдэм[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Пэсырей Урымымрэ лъэхъэнэку Еуропэмрэ ижьэр унагъуэм яӀыгът дзыгъуэ зэриубыдым шъхьакӀэ. Ауэ арыпӀы зэрмыхъум шъхьакӀэ хом-хомурэ пэмыкӀы псоушъхьахэр япӀэм иувахэ ( джэдухэр )