Тхьэрыкъуэпщэху
Къыздихар Уикипедиэ
| Тхьэрыкъуэпщэху | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Columba palumbus Linnaeus, 1758 |
||||||||||||||||
| И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
|
гъэпсом щӀымахуэр здырих |
||||||||||||||||
|
Тхьэрыкъуэпщэху (лат-бз. Columba palumbus) — тхьэрыкъуэ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Хэтхахэр |
Теплъэр [гъэтэрэзын]
ПӀащэщ, лъэпкъыгъуэм и нэхъ инщ. Щхьэр къащхъуафэщ; пщэбгъухэм, кӀэм — ӀэпапӀэ хужьхэр хэлъщ; тхыцӀащхьэр гъуабжэщ, и лъащӀэр къэщхъуафэщ, бгъэгум плъыфэ къыщӀоуэ.
Здэпсэур [гъэтэрэзын]
Щогъуалъхьэ кхъуакӀэ мэзхэм, паркхэм, мэз зэхэпхъахэм. Хуабжьу сакщ, къудамэ Ӏувхэм хэсырейщ. Абгъуэ здыщӀри аращ. Щопсэу Еуропэм (ищхъэрэ Ӏыхьэхэр хэмыту), Ищхъэрэ-КъухьэпӀэ Африкэм, Азиэм, Сыбыр къухьэпӀэм. Мэлъэтэж. Къэукъазым куэду щопсэу икӀи лъэтэжкъым.
Ӏусыр [гъэтэрэзын]
Ӏусым хохьэ гъавэхэкӀ, удз жылэ, мэракӀуэ зэмылӀэужьыгъуэ, санэху, хьэцыбанэ, мышхумпӀэ.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.