ПщылӀыгъуэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
ПщылӀ лъэпщэхъухэр

ПщылӀыгъуэ — лъэпкъыгъуэм и зэхэтыкӀэ, зы цӀыхур (пщылӀыр) адрем (гъэпщылӀакӀуэм) еуэ щыщытым дежь. Апэрем пщылӀ яшъхэтэр кӀэсхэр, шъапхъаджэхэр, шӀыхуэ зтелъхэр, яужым джылэм щыщ цӀыхухэри, лӀыгъэкӀэ ягъэпщылӀхэтэр. Апхуэдэ пщылӀыгъуэр сурэт зиӀэ XIX лъэхъэнэм нэс куэду щыӀа.

ПщылӀыгъуэм и мыхьэнэмрэ пщылӀым и пӀалъэхэмрэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ПщылӀым нэхъыбэм идежь и къэлъытэгъуэ хураттэр хьэпшыпым хуэдэм. ПщылӀхэр нэхъыбэм я къэрур лэжьыгъэм къэгъэшъхьапэн къуэдем шъхьэкӀэ яӀыгъхэт мэкъумэш лэжьыгъэхэм, унэӀут хуэду иэ пэмыкӀы хуэныкъуэгъу гъэпщылӀакӀуэм иӀэхэмкӀэ. ПщылӀым хьэпшыпыгъуэ мыхьэнэ езытыр нэхъапу и Ӏэшъагъу, и лэжьыгъу хъуар и гъэпщылӀакӀуэм е мэхъухэр, ауэ, и гъэшхэнымрэ кӀэлъыплъынымрэ гъэпщылӀакӀуэм и пшъэм илът. ПщылӀым езым еуэ мылъку иӀэкъым, къыгъэсэбэпыфыну къуэдеуэ хуиту щытыр и гъэпщылӀакӀуэм къырит къуэдейра. ПщылӀым унагъуэ ишъын и гъэпщылӀакӀуэм пӀалъэ иримтауэ хуиткъым, сэби игъуэтхэр езым хуэдуи и гъэпщылӀакӀуэм ей мэхъухэ. Мылъкум щыщ къэлытэгъуэ зэриӀэм шъхьэкӀэ пщылӀыр икӀи ящэфыну икӀи яхъуэжьыфыну.

ПщылӀым и псоукӀэм и фӀыгъэр зэпхатэр и гъэпщылӀакӀуэм цӀыхугъу хэлъымрэ иэ абым къыдэшхыкӀыным игугъамрэ. Япэрер нэхъыбэм макӀыу къэхъут; етӀуанэр къызхэкӀыр пщылӀ кӀэхэр къэгъуэтыным гугъ ин иӀу щытмэ. ПщылӀхэр пӀыным я сэбиигъуэм кӀэдзауэ Ӏоху лъапӀу, гугъу щытт абым пщылӀ «къызхахын» бжыгъэхэм яхуэныкъу, абы шъхьэкӀэ гъэпщылӀакӀуэ нэхъ бзаджэдыдэми я пщылӀхэм псоукӀэ хъэрзынэ яритын хуэт, къэрурэ узыншагъэрэ яӀэным шъхьэкӀэ, зи Ӏэплъэпкъ зэфӀэувауэ; пщылӀ здаубыдыф лъэныкъуэхэм зи Ӏэплъэпкъыр зэфӀэувауэ лъэшу щытхэм дежь я гъашъэм кӀэлъыплъхэтэкъым, фэ ирамыплъу ягъэлажьэхэ.

ПщылӀхэр нэхъыбэм къыздыхахын кӀадзар япэреуэ и зэфӀэувэныгъэр щежьам, яужыми лъэшугъу хъуам лъэпкъ псом шъхьэкӀи зауэхэра, дзэм хэт зауэлӀхэр яубыду, цӀыхухэр яхьу. ПщылӀыгъуэр къэру игъуэту щызэфӀэувам, цыху псэукӀэм лъэшу хэхьауэ зэуэм пэмыкӀыуи пщылӀхэр къыхахын здыкӀадзар:

  • ПщылӀ «лъэпкъ» хъэхъуэным;
  • Хабзэ гуэрэхэмкӀэ шӀыхуэ зтелъ цӀыхум пӀалъэр къыщысым къытехуэр имытыжьтэмэ а и шӀыхуэр къызӀырихам и пщылӀ хъут;
  • Щапхъаджагъэ гуэрэхэм шъхьэкӀэ цӀыхур пщылӀ хъуфынут;
  • Яужыреуэ — адэм и ӀэнатӀэшхуэмкӀэ и быныр иэ и шъхьэгъусэр пщылӀу ищэфынухэт.

Иджыри къыздынэсым япэрей зэманхэми хуэду къохъур цӀыхухэр пщылӀ яшъу амалыншу лэжьыгъэ тралъхьэху. Схуэдэм къыхэмыхами пщылӀыгъуэр счыгъуи гурыӀуэгъуэ къыхэнэр зы — пщылӀыр кӀэс — апхуэдэ гурыӀуэгъуэр пщылӀ зытӀущ къуэдейхэракъым зи гъашъэм еӀулъар, пщылӀыгъуэ псом и тхыдэми.

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]


Last edited 6 years ago by YiFeiBot