Прунж

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Прунж
Прунж губгъуэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Жылэзэхуэщахэр
ХэкӀ: Monocotyledones
ХэкӀыгъуэ: Хьэцэпэцэ теплъэхэр
Лъэпкъ: Хьэцэпэцэхэр
Лъэпкъыгъуэ: Прунж
Латин цӀэр
Oryza Linnaeus


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 41975
NCBI 4527

Прунж (лат-бз. Orýza) — хьэцэпэцэ лъэпкъым щыщщ, гъавэхэкӀ къэкӀыгъэщ.

И лъэгагъыр см. 50-150-м нос, псы бэуэ зыщӀагъэлъадэ лӀэужьыгъуэхэр уеблэмэ м. 2-5-кӀэ докӀей. И лъабжьэр лъэхъцу зэхэтщ, см. 30-40-кӀэ йокӀых, и пкъыр, хьэцэпэцэ къызэрыгуэкӀым ещхьу, кунэщӀщ. КъэкӀыгъэм цы теткъым, и бзийхэр бгъузэ-кӀыхьщ, см. 15-25-рэ я кӀыхьагъщ, см. 1-2-рэ я бгъуагъщ, зы гъэкӀэ фӀэкӀ къэкӀкъым. Гъэмахуэм гъашэ къыдедз, бжыхьэм и жылэхэр мэхъу. Бэгъавэ ин къезыт къэкӀыгъэщ.

Прунжыр цӀыхухэм щащӀэ щӀы гектар милиони 135-м, гуэдзым къыщинэмыщӀауэ, мыбы хуэдэу щӀы бэуэ зыубыд зы къэкӀыгъи щыӀэкъым.

Прунж къэхъупэ щӀэныгъэлъхэм къалъытэр Индиэращ. Адыгэхэм прунжыр къагъэкӀыу щытами куэд щӀауэ шхыныгъуэу къагъэщхьэпэ, къэкӀыгъэр зыхуэдэри фӀыуэ ящӀэ.

НэмыщӀ цӀэхэр адыгэбзэм[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Пындж, пынджы — кӀахэм зэреджэр
  • Прундж — беслъэнехэм зэреджэр


Тхыгъэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. Хьэкъун Б. Налшыч. 1992 гъ.