Jump to content

Махуэ Гъэпс (Мазэхэр)

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Мы тхыгъэм и стилыр энциклопедиэм екӀукъым, иэ адыгэбзэм иобакъуэ.
Тхыгъэр гъэтэрэзын хуэй Википедиэм и стил хабзэмкӀэ.

Махуэ Гъэпс (Мазэхэр) (урбз. Календарь)

МахуэцӀэхэмрэ мазэцӀэхэмрэ ехьэлӀауэ иджыри къыздэсым зыми лэжьыгъэ пыухыкӀа игъэзэщӀауэ щыткъым. Абы къыхэкӀыу, мурад тщӀащ мы темэм зэрытхузэфӀэкӀкӀэ делэжьыну икӀи а Ӏуэхугъуэм теухуауэ щыӀэ еплъыкӀэхэр утыку къитлъхьэну.Мыбдеж жыӀапхъэу къыдолъытэ, нобэ къагъэсэбэп фӀэщыгъэцӀэхэм арэзы дызэрытемыхъуэр.

Сыту жыпӀэмэ, фӀэщщӀыгъуейщ иджырей цӀыхур а адыгэ мазэцӀэхэм ебгъэсэжыныр.

Хьэрыпхэм къищынэмыщӀа, адрей лъэпкъыу дунейм тетым къагъэсэ-
бэпыр латиныбзэкӀэ псалъэу щыта римлянхэм ягъэува календарырщ. НэгъуэщӀу жыпӀэмэ, дунейм цӀыхуу тетым и процент 70-80-р зэрыпсэур а махуэгъэпсыращ.
Иджыпсту «Адыгэ псалъэ» газетым къытрадзэ мазэцӀэхэр къипсэлъу,
къыгурыӀуэу ди республикэм цӀыхуу исыр «Ӏэпэ зырызу» къыпхуэбжынущ.
Абы къагъэсэбэп псалъэхэм я нэхъыбэм гъэм и зэманыр, мазэр тэмэму къагъэлъагъуэкъым. Псалъэм папщӀэ, «мэкъуауэгъуэ» зыфӀэпщынур сыт хуэдэ мазэ,
майм и кӀэм щыщӀэдзауэ августым ипэ пщӀондэ цӀыхухэр мэкъу щеуэкӀэ,щымэкъуауэгъуэкӀэ?

Хьэмэрэ, «бадзэуэгъуэм къалъхуат, шыщхьэӀу мазэм къэхъуат», жызыӀэр хэт? КӀэщӀу жыпӀэмэ, икъукӀэ зэгупсысыпхъэ куэд мы цӀэхэм хэлъщ. Аращ мы темэм дытепсэлъыхьыну гукъыдэж щӀэтщӀар.
Лэжьыгъэм и къалэн нэхъыщхьэу щытыр адыгэ календарым къыщы-
хьа фӀэщыгъэцӀэхэр къыздикӀар, псалъэхэм я мыхьэнэр убзыхуныращ.

Абы къищынэмыщӀа, лэжьыгъэм къыщыгъэлъэгъуащ нэгъуэщӀ щӀыпӀэ щыпсэу адыгэхэм къагъэсэбэп мазэцӀэхэмрэ махуэцӀэхэмрэ. КӀэщӀу жыпӀэмэ, календархэр (махуэгъэпсхэр) щызэгъэпщащ, щызэпкърыхащ.
Мы лэжьыгъэр егъэджакӀуэхэм («лексикэ» разделыр щрагъэджым
деж), студентхэм, бзэм елэжьхэм къагъэсэбэп хъунущ. КъинэмыщӀауэ, этнографием дихьэххэм, адыгэ календарым и къежьапӀэм куууэ щыгъуазэ зыхуэзыщӀыну мурад зиӀэ, зи бзэр фӀыуэ зылъагъу адыгэ псоми щхьэпэ яхуэхъуну
Лэжьыгъэр щыттхым тегъэщӀапӀэ тщӀащ:МафӀэдз С.и «Адыгэ хабзэ»р,
Хьэкъун Ш., Шэрджэс А. зэдатха «Адыгэхэмрэ ахэм я хабзэхэмрэ» жыхуиӀэтхылъхэр; адыгэбзэ, адыгеибзэ псалъалъэхэр; «Уэр папщӀэ», «Адыгэ хэку»журналхэр; Шагъыр А. и «Этимологический словарь адыгских (черкесских)языков» жыхуиӀэр, нэгъуэщӀ тхыгъэ куэд.

Ижь-ижьыж лъандэрэ Кавказ щӀыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм ящыщ
зыщ адыгэхэр. Абыхэм я тхыдэм, я хабзэм и лъабжьэр къызэрежьэрэ илъэс мин куэд мэхъу, зэман блэкӀа куэдым я нэпкъыжьэ телъщ. Ар уи фӀэщ хъун щхьэкӀэ ирикъунщ адыгэбзэм и къулеягъыр, абы хэт фӀэщыгъэцӀэхэм я къэхъукӀэм, къэгъэщӀыкӀэм и гъэщӀэгъуэнагъыр.

Ещхьыркъабзэщ адыгэ хабзэм цӀыхум я зэхущытыкӀэр зэрызэригъакӀуэри, къэзыухъуреихь дунейм сакърэ щысхьрэ хэлъу бгъэдыхьэу зэрыщытари.
Дунейм и пӀалъэ зыщӀэу псэууэ щыта пасэрейхэм къащӀэнащ нэщэнэ куэд. Ахэр игу ириубыдэкӀэрэ, дунейм хуэӀэзэ хъукӀэрэ цӀыхум и зэфӀэкӀым зиузэщӀырт, гъащӀэм хуэӀэижь хъурт. Нэхъыбэу абы гулъытэ зыхуищӀыр дунейм и къэхъукъащӀэхэрт. Мэкъумэшым зи гъащӀэр теухуар абы пыщӀахэм елӀалӀэрт, Ӏэщым хэтым абы и пӀалъэр нэхъ къыфӀэӀуэхут. Апхуэдэхэр ӀупщӀу щынэрылъагъущ Ӏуэхугъуэ куэдым, абы адыгэ мазэцӀэхэри хэту.

МазэцӀэхэр адыгэхэм я дежкӀэ фӀэщыгъэцӀэ къудейкъым, абыхэм
япыщӀащ лъэпкъ тхьэлъэӀухэри, зэрихьа динхэри, и хабзэхэри. Ахэр уеблэмэ ди тхыдэщ, пасэрей адыгэхэм я псэукӀар, зыгъэгуфӀэу, зыгъэпӀейтейуэ щыта Ӏуэхугъуэхэм я лъэужь хэплъагъуэжу.
Адыгэ мазэцӀэхэр – ди культурэщ, ди пасэрейм я гъащӀэщ, я дуней
еплъыкӀэм, я гупсысэм къигъэщӀащ.

Адыгэхэм илъэсыр япэ щӀыкӀэ ӀыхьитӀу фӀэкӀа ягуэшу щытауэ къыщӀэ-
кӀынукъым – гъэрэ щӀырэ, гъэмахуэ пӀалъэрэ щӀымахуэ пӀалъэу.
Абы и щыхьэт хуэдэщ «Гъэрэ щӀырэ зэхэкӀащ» «зимняя пора смени-
лась летней»,- жыхуиӀэри.
Тхыдэм къызэригъэлъагъуэмкӀэ, иужькӀэ илъэсыр ӀыхьиплӀу иращӀыкӀ
хъуащ:

  • гъатхэ (гъа-тхэ), «весна»,
  • гъэмахуэ (гъэ-махуэ) «лето»,
  • бжьыхьэ(бжьы-хьэ) «осень»,
  • щӀымахуэ (щӀы-махуэ) «зима».

Мыбы дэтхэнэ зыми мазэ щырыщ яубыдырт. Мазэм махуэ тӀощӀрэ
пщӀырэ, илъэсым махуэ 360-рэ къищтэу арат. Илъэс къэсыхункӀэ махуитху-хы къыдидзэрт,икӀи ахэр адыгэхэм тхьэлъэӀу махуэхэу яӀащ.
Пасэрей адыгэхэм я зэманыр апхуэдизу зэпэлъытауэ щытакъым. Ауэ
дыгъэм и къыщӀэкӀыгъуэ-къухьэжыгъуэмкӀэ цӀыху набдзэгубдзаплъэхэм зыхуейр къащӀэфырт, зэманыр здынэсар къахутэрт.
Адыгэхэм нэхъ гу зылъатэр дыгъэр «солнце», мазэр «луна», вагъуэхэр «звезды» арат. Псалъэм щхьэкӀэ, къуажэхэм хэхауэ бгыщхьэ, жыг гуэрхэр яӀэт,дыгъэр абыхэм я щхьэщыгум къызэриувэмкӀи, зэманыр къащӀэрт.
КъинэмыщӀауэ, лӀыжь зэрыс унагъуэхэм сыхьэт башкӀэ еджэу пщӀантӀэм нэхъ дыгъафӀэм деж бжэгъу щыхатӀэрт, дыгъэ бзиймкӀи махуэр здынэсар яхутэрт. Жэщым деж Вагъуэ бынхэр я гъуазэт, псом хуэмыдэу абыкӀэ зекӀуэлӀхэр Ӏэзэт.
Илъэсыр ӀыхьитӀу зэрагуэшыр адыгэхэм Вагъуэбэ «Созвездие Тельца» жыхуаӀэ вагъуэ быным ирапхырт. Вагъуэбэр щӀэныгъэм Дыгъэр здыкӀуэцӀырыкӀыу жыхуиӀэ Вагъуэ бын пщыкӀутӀым щыщу Телец жыхуаӀэм нэхъ тохуэр.
Абы ехьэлӀауэ, ди бзэм иджыри къыхэнэжауэ хэтщ мыпхуэдэ жыӀэгъуэхэр:
«Вагъуэр щӀым къыхэкӀащ» – «Созвездие Тельца вышло из-под земли».
«Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъащ» – «Созвездие Тельца взглянуло на
урожай».
«Вагъуэбэр жыг щхьэкӀэм хыхьащ» – «Созвездие Тельца село на
верхушку дерева».
«Вагъуэбэр щӀым хыхьэжащ» – «Созвездие Тельца вернулось в землю».

Адыгэхэм зэралъытэмкӀэ, илъэсым и пӀалъэхэр зэрызэблэкӀынур зыпыщӀар Вагъуэбэрт. Ар щӀым къыщыхэкӀым и деж (иджырей мартым и 21-22) гъатхэр, нэхъ тэмэму жыпӀэмэ, адыгэ илъэсыщӀэр къихьэрт.
Гъатхэм хеубыдэ гъатхэпэм (мартым) щыщу махуи 9, мэлыжьыхьыр
(апрелыр) – махуэ 30, накъыгъэр (майр) – махуэ 31-рэ, мэкъуауэгъуэм (июным) щыщу махуэ 22-рэ.
МэкъумэшыщӀэр иужь итт гъатхэм мыбэлэрыгъыным. Ижь-ижьыж
лъандэрэ жаӀэ : «Гъатхэ махуэ гъэ егъашхэ»,- «Один летний день кормит зимний месяц».
Адыгэхэм, щхьэж зыщыпсэу щӀыналъэм езэгъыу, дэтхэнэ зи чэзу Ӏуэхур щегъэкӀуэкӀын хуейм теухуа махуэгъэпси яӀэу щытащ. Псалъэм папщӀэ,дэтхэнэ мэкъумэш къэкӀыгъэри щытесэн хуей, вакӀуэ дэкӀыгъуэ, мэкъуауэгъуэ зэманхэм ехьэлӀауэ. Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъамэ (июным и 2I-22), гъэмахуэм щӀидзэрт. Гъэмахуэр псори зэхэту махуэ 92-рэ мэхъу. Абыхэм хохьэ
мэкъуауэгъуэ (июнь) мазэм щыщу махуи 8, бадзэуэгъуэ (июль) мазэм щыщу махуэ 31-рэ, шыщхьэӀу (август) мазэм щыщу махуэ 31-рэ, фокӀадэм (сентябрым) махуэ 22-рэ.
Гъэмахуэр мэкъумэш лэжьыгъэхэм щигуащӀэгъуэ лъэхъэнэщ.
Хьэсэхэр, пщӀанэхэр къабзэу зехьэн хуейщ. Абы и закъуэкъым, атӀэ
къэкӀыгъэхэм я бий псоми – хьэпӀацӀэхэм, узхэм ебэнын хуейщ.
Адыгэ мэкъумэшыщӀэ календарымкӀэ, гъэмахуэ махуэ 92-р мы къэкӀуэнум хуэдэу гуэшащ: бадзэуэгъуэм и 17-м гъэмахуэ шылэр къохьэ – ар махуэ 40 мэхъу, шыщхьэӀум и 22-м еух. Абы иужькӀэ иджыри фокӀадэм и 22 пщӀондэ гъэмахуэщ. КъыкӀэлъыкӀуэу, вагъуэбэр жыг щхьэкӀэм хыхьамэ (октябрым и 21-22), бжьыхьэр къэсауэ ялъытэрт.
Мы лъэхъэнэр мэкъумэшыщӀэм и зэман нэхъ хьэлъэ дыдэхэм ящыщщ.
Гъэ псом къагъэкӀар, къагъэхъуар къыщрахьэлӀэж мазэхэщ. Ари махуэ 91-рэ мэхъу. Абы хохьэ фокӀадэм (сентябрым) щыщу махуи 8, жэпуэгъуэр (октябрыр) зэрыщыту, махуэ 31-рэ, щэкӀуэгъуэр (ноябрыр) – махуэ 30, дыгъэгъазэм (декабрым) щыщу махуэ 22-рэ.
АдэкӀэ Вагъуэбэр щӀым хыхьэжу ябж. Ар тохуэ декабрым и 21-22
махуэм, абы щыгъуэ щӀымахуэр къихьэу ялъытэ. ЩӀымахуэр махуэ 90 мэхъу. Абы хохьэ дыгъэгъазэм (декабрым) щыщу махуи 9, щӀышылэ (январь)мазэр зэрыщыту, махуэ 31-рэ, мазаер (февралыр) – махуэ 28, 29-рэ хъууэ,гъатхэпэ (март) мазэм щыщу махуэ 22-рэ.

ЩӀымахуэ шылэр къохьэ щӀышылэм и 17-м. Ар махуэ 40 мэхъу. Шы-
лэр еух мазаем и 23-м. Абы иужькӀэ аргуэру махуэ 25-кӀэ щӀымахуэу щытщ.
Мы къызэрыдгъэлъэгъуам хуэдэу зэхэлъщ адыгэ мэкъумэшыщӀэм и
илъэс махуэгъэпсыр. Гъэр къызэрыкӀуэм, дунейм и щытыкӀэм елъытауэ адыгэ мэкъумэшыщӀэхэм я лэжьыгъэр зэтраухуэрти, я Ӏуэхур тэмэму дэкӀт.
КъайхъулӀэрт, сыт хуэдэ гъэми и шыфэлӀыфэм , и къэкӀуэкӀэм елъытауэ мэкъумэшыр ящӀэрти, Ӏэщыр зэрахьэрти. Абыхэм я гъащӀэ псор «щӀэщӀауэ»яхьырт, зыгуэру темыплъэкъукӀын папщӀэ. Адыгэ мэкъумэшыщӀэхэм ижь ижьыж лъандэрэ къадекӀуэкӀа махуэгъэпсыр ноби гъавэ зыщӀэхэм, Ӏэщ зыгъэхъухэм икъукӀэ щхьэпэ яхуэхъунущ.
Адыгэ мазэцӀэ ищхьэкӀэ къэдгъэлъэгъуахэм къищынэмыщӀа, нэгъуэщӀ фӀэщыгъэцӀэхэри ди бзэм хэтщ. Ар къызыхэкӀар цӀыхухэм я ӀэщӀагъэм, я лэжьыгъэм ехьэлӀауэ зэманыр къалъытэу зэрыщытарщ. ЗэрыгурыӀуэгъуэщи,
адыгэ мазэцӀэхэм зэреджэр зэтехуэкъым.

Япэу дыкъытеувыӀэнщ Нэгумэ Шорэ къигъэсэбэп фӀэщыгъэцӀэхэм:

  • г а т х а п е м а з h – (гъатхэпэ мазэ) – март
  • г а т х е к у м а з h – (гъатхэку мазэ) – апрель
  • г а т х е к е м а з h – (гъатхэкӀэ мазэ) – май.
  • г а м а х о п е м а з h – (гъэмахуэпэ мазэ) – июнь.
  • г а м а х о ку м а зh – (гъэмахуэку мазэ ) – июль.
  • г а м а х о к е м а з h – (гъэмахуэкӀэ мазэ) – август.
  • б ж и х h п е м а з h – (бжьыхьэпэ мазэ) – сентябрь.
  • б ж и х а к у м а з е – (бжьыхьэку мазэ) – октябрь.
  • б ж и х а к е м а з е – (бжьыхьэкӀэ мазэ) – ноябрь.
  • ч и м а х о п е м а з е – (щӀымахуэпэ мазэ) – декабрь.
  • ч и м а х о h к /у/ м а з h – (щӀымахуэпэ мазэ) – январь.
  • ч и м а х о h к е м а з е – (щӀымахуэкӀэ мазэ) – февраль.

Пэсырей цӀэжъхэр МафӀэдз Сарэбий къыӀуатэхэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Мы фӀэщыгъэцӀэхэри ди лэжьыгъэм щызэпкърыхащ. МафӀэдз Сарэбий зэритхымкӀэ, лъэпкъым нэхъ зэдащӀэу, нэхъыбэрэ къагъэсэбэпу мы фӀэщыгъэцӀэхэр щытащ:

  • Гъатхэпэ мазэ – март.
  • Мэллъхуэгъуэ мазэ – апрель.
  • ВэнгъуэкӀэ мазэ – май.
  • Гъэмахуэпэ мазэ – июнь.
  • Бадзэуэгъуэ мазэ – июль.
  • ШыщхьэӀу мазэ – август.
  • Ӏуэгъуэ мазэ – сентябрь.
  • Жэпуэгъуэ мазэ – октябрь.
  • ЩакӀуэуэгъуэ мазэ – ноябрь.
  • Дыгъэгъазэ мазэ – декабрь.
  • ЩӀымахуэку мазэ – январь.
  • Мазае мазэ – февраль.2

Иджырей къагъэсэбэп цӀэхэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Ди зэманым къэдгъэсэбэп фӀэщыгъэцӀэхэмрэ ищхьэмкӀэ къыщытхьахэмрэ зэщхьэщыкӀыныгъэ яӀэщ.

Мыхэр къыхэзыхар «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакӀуэхэращ. Абы-
хэм зэрыжаӀэмкӀэ, «адыгэ мазэцӀэхэр къыгуахыу занщӀэу утыку къралъхьакъым»

Зэхуахьэсыжащ я ӀэщӀагъэм, лэжьыгъэм ехьэлӀауэ пасэм щыгъуэ ди лъэпкъым зэманыр къызэрилъытэу щыта фӀэщыгъэцӀэхэр, абыхэм хагъэхьащ хэхэс адыгэхэм яхъумахэри.
«ЗэгъунэгъуитӀ я мэл бжыкӀэ зэтехуэркъым»,- жаӀэ игъащӀэм адыгэ-
хэм. Ӏуэху еплъыкӀэ зэхуэмыдэ куэд къигъэщӀащ мазэцӀэхэм теухуа Ӏуэхугъуэм. Языныкъуэхэм къызэралъытэмкӀэ, «адыгэ мазэ фӀэщыгъэцӀэхэр илъэс куэдкӀэ гу лъамытэу сабэм хэлъауэ, нобэ къыхахыжу ятхьэщӀыжа, гури псэри зи цӀууныгъэм щыгуфӀыкӀ дыщэ кӀанэ цӀыкӀухэщ»

ЛатиныбзэкӀэ псалъэу щыта римлянхэм ягъэува календарым текӀын хуэмейуэ къэзылъытэхэри щыӀэщ.
Абы и жэуапу ТӀымыжь Хь. етх: «ЖыӀэн хуейщ, языныкъуэхэм къазэрыщыхъум хуэдэу, махуэгъэпсыр (календарыр) римлянхэм я деж къызэрыщемыжьар,абы и къуэпсыр Пасэрей Египетым зэрынэсыр.

17 лӀэщӀыгъуэм псэуа рим папэ Григорий ЕпщыкӀущанэр «зыхэпщэфӀыхьыжа» махуэгъэпсым абы щыгъуэ зыкӀи
хуэмеижар хьэрыпхэм я закъуэкъым. ЛӀэщӀыгъуэ ӀэджэкӀэ абы и пэ къихуэу езыхэм я календарь яӀэжт къуэкӀыпӀэм щыпсэу лъэпкъхэми".

АдэкӀэ журналистым и тхыгъэм къыщеӀуатэ мазэцӀэхэр къызэрыхаха
щӀыкӀэр: «Къыхэтха псалъэ псоми ящыщу дэ тӀэкӀу зэтхъуэкӀар январым зэреджэрщ. Вариантищым къыщыхьар «шылэ мазэ» жиӀэущ. Шылэм щыщу январым нэхъ мащӀэ лъысми, абы и цӀэр щӀыфӀащар, дауи, а мазэм щӀымахуэ шылэм щыщӀидзэу зэрыщытар арагъэнущ.
Дэ гъэмахуэ, щӀымахуэ шылэхэр зэхэмыгъуэщэн щхьэкӀэ, «шылэ» псалъэм ипэ «щӀы» пыдгъэувэри «щӀышылэ» къэдгъэхъуащ, «щӀымахуэ шылэ» къикӀыу.
Февралым адыгэхэр мазаекӀэ, мазэ хъуанэкӀэ, мазэ ябгэкӀэ еджэрт,
псоми къикӀыр а зэманыр зэрыябгэрщ. Шапсыгъхэм мазае жаӀэ, дэри абы дыкъытеувыӀащ.
Мартым зэреджэ уэдыбэ, ӀутӀыжыгъуэ, гъатхэпэ псалъэхэм иужьрейр
къыхэтхащ.
Апрелым фӀэщыгъэцӀэ зыбжанэ иӀэщ: мэллъхуэгъуэ, удзыпэ къэхъеи-
гъуэ, мэлыжьыхь. Япэ итхэр псалъитӀу тхын хуей зэрыхъум щхьэкӀэ, иужьрейр нэхъ къезэгъыну къэтлъытащ, къэмыпсэлъыгъуафӀэми, мыдахэ дыдэу щыт пэтми.
Май – вэнгъуэкӀэ, хакӀуэ утӀыпщыгъуэ, накъыгъэ. Дунейр къыщыгъа-
гъэу щыщӀэращӀэ лъэхъэнэм шапсыгъ адыгэхэр зэреджэ «накъыгъэ» псалъэм дыкъытеувыӀащ.
Июным "шэмыгъапцӀэ жэщкӀэ" адыгэхэр зэджэ жэщ нэхъ кӀэщӀ дыдэр,махуэ нэхъ кӀыхь дыдэр хуэзэт. Адыгэхэм абыи цӀэ зыбжанэ фӀащат – напхъуэ, гъэмахуэку. Ауэ дэ нэхъ тфӀэзахуэр «мэкъуауэгъуэ» фӀэщыгъэцӀэрщ.
Июлым икухэм гъэмахуэ шылэр къохьэ. Дунейр нэхъ щыхуабэ дыдэщ,кӀэщӀу жыпӀэмэ бадзэуэгъуэщ. А цӀэр а мазэм къыхуэдгъэнэжащ.
Августри аращ. Абы и фӀэщыгъэцӀэхэм «шыщхьэӀур» къахэтхащ, ад-
рейхэр зэрымыпсалъэ дахэм къыхэкӀыу. «ШыщхьэӀум» къикӀыр, зэрыхуагъэфащэмкӀэ, а зэманым шым и щхьэр ищӀырей зэрыхъум, жьы зыщӀригъэхуу зэрызэбэдзауэм къытекӀащ.
Сентябрым ӀуэгъуэкӀи, гъубжэдэх мазэкӀи, фокӀадэкӀи еджэу щытащ.
Бжьыхьэм и къулеягъыр къигъэлъагъуэу «фокӀадэр» къыхуэдгъэнэжащ.
Октябрым щхьэкӀэ вэн, Созэрэщ и мазэ, жэпуэгъуэ жаӀэрт. Иужьрей
псалъэм дыкъыщӀытеувыӀар гъэм и лъэхъэнэр нэхъыфӀу къызэригъэлъагъуэрщ.
Ноябрь – тхьэщӀын, мэкъу ишыжыгъуэ, гъуэгыгъуэ, тӀы утӀыпщыгъуэ,
щэкӀуэгъуэ. «ЩэкӀуэгъуэ» псалъэр къыщӀыхэтхар гурыӀуэгъуэщ.
Декабрь – пхъэзей, щӀымахуэпэ, дыгъэгъазэ. Мы зэманыр махуэм и
кӀэщӀыгъуэ дыдэщ.
Зэрыфлъагъущи, редакцэм и лэжьакӀуэхэм къэдгупсысауэ мазэцӀэхэм зыри яхэткъым. Дэ псори зэхэтлъхьэу нэхъ тэмэму къэтлъытэхэр къыхэтхауэ,ди нэхъыжьхэм къагъэщӀар щӀэблэм и пащхьэ итлъхьэжауэ аращ.
«Адыгэ псалъэ» газетым мазэцӀэхэр адыгэбзэкӀэ къыщытрадзэм и деж,урысыбзэкӀи и цӀэр патхэ, цӀыхухэр ирагъэсэн папщӀэ. Ауэ а фӀэщыгъэцӀэхэр зигу изыубыдэфар икъукӀэ мащӀэ дыдэщ.
Апхуэдэ мазэ къэбжыкӀэ пасэ зэманым зэрыщыӀар ди нэхъыжьхэм я
псалъэм къыхощыж, ауэ а бжэкӀэр къэщтэжыгъуафӀэкъым.
Нэгумэ Шорэ къигъэсэбэпу щыта фӀэщыгъэцӀэхэр нэхъ зэгъэщӀэгъуа-
фӀэу, нэхъ къэщтэжыгъуафӀэу къэзылъытэхэр щыӀэщ. Ауэ «щӀымахуэпэ»,«щӀымахуэку», «щӀымахуэкӀэ» жыхуиӀэ псалъэхэр мазэ гуэрым тещӀыхьауэ щыткъым, абыхэм къагъэлъагъуэр гъэм и лъэхъэнэщ. Апхуэдэ мыхьэнэ яӀэу бзэ псоми ахэр хэтщ икӀи куэдрэ къыдогъэсэбэп. КъинэмыщӀауэ, гъэмахуэри,бжьыхьэри, щӀымахуэри, гъатхэри къыщихьэр тхьэмахуищым щӀигъукӀэ къыкӀэроху иджырей махуэгъэпсым а лъэхъэнэхэм яхухиха мазэхэм я щӀэдзапӀэхэм.
Нэгумэм и вариантыр зэгъэщӀэгъуафӀэми, ари къезэгъыркъым.
Лэжьыгъэм дыщытопсэлъыхь «Щам дэт Адыгэ хасэ» жыхуиӀэ календарым къыщыгъэлъэгъуа цӀэхэми. ЗэщхьэщыкӀыныгъэ гуэрхэр яӀэми, хэхэс адыгэхэм къагъэсэбэп мазэцӀэхэмрэ къэбэрдейхэм, адыгейхэм къагъэсэбэпхэмрэ зэтохуэ. Ар къызыхэкӀар Къэбэрдейм икӀа адыгэхэм а псалъэхэр зэрыздрахаращ, абыхэм зыри къагупсысакъым.

ГъэщӀэгъуэнщ махуэцӀэхэр зэрызэкӀэлъыкӀуэр.«Щам дэт Адыгэ Хасэ»
календарым дэ дызэресам хуэдэу тхьэмахуэр къызэрызэӀуихыр блыщхьэркъым,атӀэ щэбэтырщ, зэриухыр муслъымэнхэм я махуэ лъапӀэ мэремымкӀэщ.
Тыркум щыпсэу адыгэхэм къагъэсэбэпыр езы къэралым щызекӀуэ
фӀэщыгъэцӀэхэрщ. Абыхэми ди лэжьыгъэм я гугъу щыдощӀ.
Лэжьыгъэм къыщыгъэлъэгъуащ адыгейхэм къагъэсэбэп мазэцӀэхэри
махуэцӀэхэри. Къыхэгъэщыпхъэщ, ХьэтӀанэ А., КӀэрашэ З. зэдатха «Адыгеибзэ псалъалъэм» ихуар латин псалъэхэр зэрыарар. Ауэ, иужь зэманым «Адыгэ псалъэ» газетым щӀыгъуу Адыгейм къыщыдэкӀ «Адыгэ макъми» мазэцӀэхэр адыгэбзэкӀэ итхыу щӀидзащ. Лъэпкъым а псалъэхэр къызэрыгурыӀуар, къызэрищтам и Ӏуэхур щхьэхуэщ.
«Уэр папщӀэ» журналым къитхащ Григорианскэ календарым и
фӀэщыгъэцӀэхэм я къежьапӀэр. Гу зэрылъыттащи, латин псалъэхэр урысхэм къызэрапсэлъым хуэдэу адыгэбзэм къыхыхьащ. Ауэ ахэр езыхэр урысыбзэм зэрыхыхьам и гугъу пщӀымэ, абыи тхыдэ щхьэхуэ иӀэщ. ЛӀэщӀыгъуэ куэдкӀэ«уей-уей» жезыгъэӀа Пасэрей Римыр щэщэжа нэужь, къэралыгъуэ нэхъ лъэщ дыдэу щытар Византиерщ. Сату е нэгъуэщӀ Ӏуэху жыпӀэми Киевскэ Русымрэ Византиемрэ фӀыуэ зэпыщӀауэ щытащ. Мис а зэманым урысыбзэм къыхыхьащ
мазэхэм я пасэрей фӀэщыгъэцӀэхэр.
Махуэхэм адыгэхэр зэреджэу щытар гугъуехь хэмылъу зэ еплъыгъуэкӀэ къыпщыхъуми, ари апхуэдизу ӀупщӀкъым.
МахуэцӀэхэу – гъубж, бэрэжьей, бэрэскэшхуэ, щэбэт жыхуиӀэхэм я
къежьапӀэр убзыхунымкӀэ сэбэп къытхуэхъуащ Шагъыр А. къыдигъэкӀа «Этимологический словарь адыгских (черкесских) языков жыхуиӀэр, н.къ.Ди зэманым мы махуэцӀэхэр къагъэсэбэп:

Мыхэр культурэ зэмыщхьхэм пыщӀащ, дин зэтемыхуэхэм я деж я
къуэпсыр къыщожьэ. Псалъэм папщӀэ, блыщхьэ, гъубж (мыхэр, дэ къызэрытщыхъумкӀэ, адыгэбзэ къабзэщ), бэрэжьей (Чыристэн диным и щӀэинщ, бэрэскэжьейщ зэрыжыӀэпхъэр), махуэку (къызэрытщыхъумкӀэ, ари адыгэцӀэщ),мэрем (Дева Мария), бэрэскэшхуэкӀэ еджэуи щытащ. Адыгэхэм журт календарым кърахащ «щэбэт» махуэцӀэр. А махуэм щхьэкӀэ шапсыгъхэми хэхэс
адыгэхэми «мэфэзакъу» – «махуэ закъуэ» – жаӀэ.
Адыгеибзэм хэтыр мы фӀэщыгъэцӀэхэращ, ауэ ахэр фонетикэ и лъэ-
ныкъуэкӀэ зэщхьэщокӀ (А зэщхьэщыкӀыныгъэхэм къыкӀэлъыкӀуэ Ӏыхьэм нэхъ убгъуауэ и гугъу щытщӀынущ).
Иджыри узэгупсысынрэ къэплъыхъуэн куэдрэ хэлъщ адыгэ мазэцӀэ-
хэми, махуэцӀэхэми. Шэч хэмылъу, адыгэм диӀэщ псалъэхэр, мыхьэнэ къагъэлъагъуэр ди зэманым къэдмыгъэсэбэпыжу, абы ипкъ иткӀэ дгъэтӀылъыжауэ,ауэ ди тхыбзэм хэту. Пэжщ, зэманыр ипэкӀэ мэкӀуатэ, цӀыхухэм я зэхущытыкӀэхэми заужь, а Ӏуэхугъуэми къешэр псалъэ гуэрхэри къыумыгъэсэбэпыжыныр,ауэ мазэ фӀэщыгъэцӀэхэр, махуэцӀэхэр мыкӀуэдыжыну