Къэдабэщиху

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Къэдабэщиху
Къэдабэщиху.
Жыгыжьым и сурэт
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Джылэзэхуэшъа
ХэкӀ: ТӀуанэзэгуэкӀ
ХэкӀыгъуэ: Malpighiáles
Лъэпкъ: Дзэл
Лъэпкъыгъуэ: Къэдабэ
ЛӀэужъыгъуэ: Къэдабэщиху
Латин цӀэр
Populus alba L., 1753


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 22451
NCBI 43335

Къэдабэщиху (лат-бз.: Populus alba, ур-бз.: Тополь серебристый) — къэкӀыгъэ жыгхэм ящыщ, Щиху лъэпкъыгъуэ, Дзэл-лъэпкъым къыхокӀыр.

КыздэкӀыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Мы Ӏарысу къыздэкӀыр Ишъхъэрэ Африкэм (Алджазаир, Марокко, Тунис, Канар хы тӀыгухэм), Еуропэ псом (Скандинавыи щымыхъукӀэ), Азиэ Япэрыт, Курыт, КъуэкӀыпӀэм джоуэ. Ӏарысу къыздагъэкӀыр Еуропэм, Азиэм, Ишъхъэрэ Америкэм.

КъыздэкӀхэр псыхъуэхэм, псы фӀыуэ, куэду здагъуэт шӀыпӀэхэм, мэзу зэкӀакӀэу иэ жыг зэрызу къэкӀху.

ЗэрзэфӀэтӀыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Я лъэгагъыр м. 30-35 носыр, ипкъым и бгъуагъыр м. 2 нэсу. И пкӀашъхьар бгъуэуэ щыт - лъахъчу, шӀым игъунэгъу къыкӀидзу (зэрызу къыщыкӀкӀэ) ишъхьамкӀэ хуэзэв хъууэ. Жыгыпкъымрэ къудамэшхуэхэмрэ я пхъафэр псыфэ-удзыфу щыт, цӀанлъу; къыдэжхэм яр хужь-пхъашу щыт; жыгыжъхэм я пхъафэр псыфэ-кӀынфӀу иэ фӀыцӀу мэхъур, къэчауэ, зэгуэудауэ щыту.

Гулъхэр цӀыкӀу щытхэ см. 0,5 хуэдиз хъууэ, тхьампэхэр хуэхъуреуэ иэ щиму щытхэ, Ӏувху; яшъхьамкӀэ удзыфэ-кӀынфӀху, лыду якӀагъымкӀэ псыфу.

Бжыхьам тхьампэхэм я нэхъыбэр удзыфу щытурэ похур, макӀыу гъуэжь-нэху мэгъури похухэ.

ПсынкӀыу мэкӀхэр, илъэс 30-40 щырикъум иде я лъэгагъыр м 20-25-м носыр.

Сурэтылъэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]