Бгъэжьей
| Бгъэжьей | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Aquila pennata Gmelin, 1788 | ||||||||||||||||
| И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
|
гъэпсом щӀымахуэр здырихыр |
||||||||||||||||
|
Бгъэжьей (лат-бз. Aquila pennata) — къашыргъэ лъэпкъщ, бгъэхэм я нэхъ цӀыкӀу дыдэщ.
Хэтхахэр |
Теплъэр [гъэтэрэзын]
Теплъэр лӀэужьыгъуитӀу къокӀуэ — гъуабжафэрэ тэхурэу. Япэрейм къобэкӀ гъуабжэ-фӀыцӀафэр, щхьэщӀыбыр, пщэр, дамэцхэр нэхъ тэхуу, кӀэ къабзийхэри ныбэ щӀагъри фӀыцӀэ-гъуабжафэщ. ЕтӀуанэ теплъэр фагъуэ-гъуабжэщ, къабзий гъунэхэр, ныбэ щӀагъыр тэхуфэщ, пэр лъадийхэр, лъэбжьанэхэр фӀыцӀэщ.
Здэпсэухэр [гъэтэрэзын]
Бгъэжьейр щопсэу Къауъказым, абы и ищхъэрэ щӀыпӀэхэм, Азиэм, Ипщэ Еуропэм, Ищхъэрэ-КъухьэпӀэ Африкэм. Мэлъэтэж. УпэщӀохуэ мэзылъэ, чыцалъэ щӀыпӀэхэм, тафэхэм, бгы мылъагэхэм. Абгъуэ щещӀ жыгхэм, къырхэм.
Ӏусыр [гъэтэрэзын]
Ӏусыр нэхъыщхьэу тхьэрыкъуэм хуэдизын, е нэхъ жьгъей къуалэбзу, жумэрэн, дзыгъуэщ. Абы и щакӀуэкӀэм дыболъагъу къашыргъэхэмрэ къаргъейхэмрэ яй икӀи и нэӀэ зытридзар хьэуам куэдрэ къыщиубыд къохъу.
| « | Адыгэ псалъэжь Нэдыжь бгъэжьей къолъэт |
» |
—
«Ӏуэхур зэрымыщыгугъауэ къыщӀедз» мыхьэнэ къырет.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.