Къалэ
| Нып |
Дэмыгъэ |
 |
 |
|
Ащтэрхъан (ур-бз. Астрахань) — Урысейм хэт къалэ, Ащтэрхъан областым и къалащхьэщ.
Къалэр тафэ занщӀу ирикӀуэм хэтщ, Ӏуащхьэ мылъагэхэт м. 5-15 фӀэмыкӀыу иӀэу, езыр Индыл и Ӏуфэхэм Ӏутщ. ЩӀым и нэхъыбэр (къалэр здыхэтым) дуней океаным м. -20 кӀэ нэхъ лъахъшу хущытщ.
Хьэуар гъущэщ, гъэм уэ къехыр мм. 233-щ. Гъатхэмрэ гъэмахуэмрэ гъущэщ, уэшх мащӀэу къешху. Бжьыхьэр щӀыхьщ, хуабэщ, щӀымахуэр и нэхъыбэм щӀыӀэ Ӏей къеуэкъым, ауэ зэзэмызэкӀэ -20-м щехи мэхъу щӀыӀэгъыр, пшагъуэ куэду къохыр. Мазаем-щӀышылэм къалэм деж Индылыр мылым зэщӀещтэщ.
Къалэм цӀыху 520, 700-рэ дэсщ, Урысейм и къалэ нэхъ инхэм ящыщщ.
| Гъэ |
Жылу, мин |
| 1939 |
253,6 |
| 1959 |
295,8 |
| 1970 |
410,5 |
| 1989 |
509,2 |
| 2002 |
504,5 |
| 2005 |
501,3 |
| 2006 |
499,0 |
| 2007 |
500,2 |
| 2008 |
503,1 |
| 2009 |
504,1 |
| 2010 |
520.7 |
|