Арджэн (удз)
| Арджэн | ||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||
|
||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||
| Typha L. | ||||||||||||
|
Арджэн (лат-бз. Typha, ур-бз. Рогоз) — псыпцӀэхэм къэкӀ удз лъагэ, тропикхэмрэ, курыт лъэныкъуэм хэт къыралъхэмрэ. Итхьампэхэр кӀыхь, лъабжъэм къыщыкӀэдзауэ къыхэкӀыу, ипкъыр шыгу гъуабджэ хьалъэкӀэ еухыр.
Урысейм иеуропэ лъэныкъуэм арджэным хуэдэ удзу пӀлӀы къэкӀыр.
ИпӀкъым фӀэт шыгур щыхъум идей бжъэхуц мэхъур.
Хэтхахэр |
ЛъэпӀкъхэр [гъэтэрэзын]
- Typha angustata
- Typha angustifolia - Арджэн тхьампэзэв
- Typha domingensis
- Typha elephantina
- Typha latifolia - Аржэн тхьампэбгъуэ
- Typha laxmannii
- Typha lugdunensis
- Typha minima
- Typha orientalis
Арджэн тхьампэ зэв [гъэтэрэзын]
Удз илъэс бжъыгъэкӀэ къэкӀ, икӀыхьагъыр м. 2 нэсу, лъабжъэ гъум иӀу. Итхьампэхэр занкӀэ см 1 хуэдиз хъууэ. Адрей арджэну хъуам хуэду псы Ӏуфэхэм шэдхэм къокӀыр. Гъэгъэн щыкӀидзэр мэкъуауэгъуэ-бадзэуэгъуэ мазэхэм
Арджэн тхьампэ бгъуэ [гъэтэрэзын]
ШӀыпӀэ куэдхэм къыщокӀыр, Ӏуву зэкӀэкӀыу, нэхъыбу Урысейм икухэм. Адрейхэм зэрамыхьчыр итхьампэ бгъуэхэмкӀэ см 2 нэсу.
КъыздэкӀыр [гъэтэрэзын]
Япэрей РССЗ-ым икъэралу хъуам къыщокӀхэ, КъуэкӀыпӀэ Джыжэмрэ КъуэкӀыпӀэ Сыбырымрэ щымыхъукӀэ. Псы чэнджхэм, псыхъурейхэм я Ӏуфэхэм.