Адэжынэ
| Адэжынэ | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Perdix perdix Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
|
Адэжы́нэ (лат-бз. Perdix perdix) — джэдтеплъэ хэкӀыгъуэм хыхьэ, мэзджэд лъэпкъым щыщщ. Жыг щыпытӀысхьэр зэзэмызэ дыдэщ.
И щӀыбыр щхъуэ-гъуэбжафэщ, фӀыцӀафэ къыщӀэуэу; пщэ гупэр гъуэжьыфэщ, халъащхьэр щхъуэщ, ныбэгу щӀагъым къандесым ещхьу гъуафэ къызытеуэ бжыгъэ хэлъщ. Анэр нэхъ цӀыкӀущ.
Щопсэу Еуропэм, Азиэ ЦӀыкӀум, Къажэрым, нэгъуэщӀ щӀыпӀэхэм. И нэхъыбэм лъэтэжкъым, мэӀэпхъуэ. Урысейм и ищхъэрэ-къуэхьэпӀэ лъэныкъуэхэу уэсыр здэбэм щыӀэхэр ипщэкӀэ къолъатэри щӀымахуэр щырах Ипщэ Украинэм, Къаукъазыкум, Курыт Азиэм.
Адэжынэхэм нэхъ бэгъуэгъуафӀэ ди къуалэбзухэм яхэткъым (зэ гъуэлъхьэгъуэр джэдыкӀэ 24-м нос), я бжыгъэм кӀуэ пэтми хощӀ щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къахэкӀыу.
Адрей джэдтеплъэхэм ялъытауэ адэжынэр нэхъ щымащӀэщ Къаукъазыкум. Молэмусэ Хь. зэритхымкӀэ[1], е 20 лӀэщӀыгъуэм и 50 гъэхэм ар и бжыгъэкӀэ къызэрыкӀуэу щытащ. ИджыкӀэ нэхъ здэплъагъур мэкъумэшымрэ Ӏэшымрэ здэкӀащхьэ къущхьэ лъапэхэрщ — мэкъупӀэхэм, хьэсэпкъхэм, чыцалъэхэм, псыхъуэхэм.
Ӏус нэхъыщхьэр: удз тхьэмпэ, жылэ, гъавэхэкӀ, хьэпщхупщ.
Хэтхахэр |
НэмыщӀ цӀэхэр адыгэбзэм [гъэтэрэзын]
- Адэджынэ, къацэхэс — беслъэнейхэр зэреджэ;
- Губгъочэт, ныбгъукӀако — кӀахэ лъэпкъхэр зэреджэ;
- Губгъуэджэд — къэбэрдей лъэныкъуэм и етӀуанэ еджэкӀэ.
Хабзэм [гъэтэрэзын]
«Адэжынэм и гъащӀэр Тхьэм уигъэгъэунэху» гъыбзэм къикӀыр: «шынагъуэ зэпымычым ухэмыкӀыу упсэу» жиӀэщ.
Еплъ [гъэтэрэзын]
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Гулъытыгъуэ [гъэтэрэзын]
- ↑ Къэбэрдейм и фаунэм (къуалэбзухэмкӀэ) теухуа тхыгъэхэр. Молэмусэ Хь. Налшыч. 1955 гъ.
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.