Удхэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ

Уд — бзылъхугъэ, Ӏэзэгъуэ зиӀэ, щхъуэ зезыхьэ, Ӏоху Ӏей е фӀы зыщӀэ.

Псалъэр къызыхэкӀар[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Тхыдэм зэригъэлъагъуэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ЦӀыху Ӏэзэгъуэ зиӀахэм, шхъуэ зезыхьахэм пэсырей зэманым пщӀэ хуашъурэ щыта. Еуропэ къэралхэм уду хъуар Ӏеуэ ягъэлъагъуэмэ адыгэ ӀуэрыӀуатэхэм удхэр Ӏеуи фӀыуи къыхокӀыр. Сэтэней нарт хъыбархэм уду хэт, Ӏэзэгъуэ куэд зэрехьэ, и ӀэзэгъуэмкӀэ нарт лъэпкъым ядоӀэпыкъур бэуэ, ӀэзэгъуэкӀэ Сэтэней пыщыту нартхэм зэран яхуэхъур нэуэжъ-уд НэжьгъущӀыдзэ.

Адыгэхэм удхэм я Ӏэшъагъэм нэхъыбэм тралъхьэтэхэр: уз цӀыхум хуагъэкӀуэн, мэшыр, былымыр хагъэкӀуэдэн, алмэстыхэм дэпсоху, я теплъэр зэрахъуэкӀыфху (шэрхъу, джэдууэ, тхьэджэду е пэмыкӀыу хъуфху).

Уд Хасэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Адыгэ ӀуэрыӀуатэхэм къахокӀ хъыбар бжыгъэ удхэм Хасэ яӀу, я Хасэр илъэсым зэ Собэр-Ӏуащхьэ и шыгум ирагъэкӀуэкӀыу (езы Ӏуащхьэми етӀуанэ цӀэ зэрихьэр «Уд-Ӏуащхьэ», Ӏуащхьэмахуэ хуэдыуи адыгэ лъэпкъым пкӀэ зыхуашъ Ӏуащхьэ).

Last edited 6 years ago by YiFeiBot