Гаван

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Гаван

Га́ван — псылъэм и акваториэм и Ӏыхьэ. А псалъэр хыжьэм и хэкумэтх цӀэ куэдым къыщагъэсэбэп.

ГаванкӀэ зэджэр портым и акваториеращ, абы хеубыдэр кхъухьхэр Ӏуфэм Ӏухьэжа иуж здэщыт, ахэр щаунэщӀыж е из щащӀыж, цӀыхухэр щитӀысхьэ къыщикӀыж пӀэхэр. Зы портым псалъэ папщӀэ гавань куэд иӀыфынущ. Гаваным кхъухэр зэман куэдкӀэ щыщыт хъунущ. Гаванхэм щхьа къыхах уэрп ерэ жьы ин здыдэмыхьэфын хылъэ.

Гаванхэр ӀэрыщӀэу ерэ езыуэ къэхъуакӀэ зэщхьэщедзхэр.

ӀэрыщӀ гаванхэр щащӀхэр порт папщӀэу щытынхэ щхьащ. Нэхъ жьы дыдэ гавану ябж илъэс 4500 (илъэс 2 600 ди лъэхъэнэм и пэ) Хы Плъыжьым дей ӀуащӀыхьауэ щта гаваныр.

Иджыпсту ӀэрыщӀ гаван щыӀэхэм нэхъ ин дыдэу ябж Дубай и гавань «Джебел Али». Абы нэмыщӀ Роттердам, Хюстон, Лос-Анджелес, Сидней къалэхэм я гаванхэри нэхъ ин дыдэ ӀэрыщӀ гаванхэм хабжэ.

Езыуэ къэхъуа гавану ябжхэр, гавань хым ерэ хыжьэм щӀыкӀэ кууэ къыгугъэщхьэхукӀауэ щытхэр. Апхуэдэ гаванхэм куэд щӀауэ пщӀэщхуэ яӀэщ. Апхуэдэ гаваньхэм я Ӏуфэм къыщыхъуащ къалэшхуэ Ӏэджи.

Дунейм гаван тетхэм нэхъыбэ ахъшэ зэригъэкӀуэкӀыу ябж Шанхай къалэм и гаваныр[1].

Сурэтылъэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Гулъытэгъуэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]