Рабий Ӏул-аууал версиехэм я зэщхьэщыкӀыныгъэхэр
No edit summary |
-|links |
||
8 сатырыр | 8 сатырыр | ||
== Мулид == |
== Мулид == |
||
[[File:MiladUnnNabi.jpg|thumb |
[[File:MiladUnnNabi.jpg|thumb|Мулид махуэр Индиэм]] |
||
Муслъым суннитхэм [[Мухьэмэд Бехъымбар]] (с.а.у.) къыщалъхуа махуэу ягъафIэр Рабий Iул-аууал мазэм и махуэ 12-нэр. Муслъым шиитхэм мулид махуэр щащIыр мазэм и махуэ 17-нэращ. Иныкъуэхэм бехъымбарыр къыщалъхуа махуэр пэж дыдэу зэрамыщIэм щхьа, мазэм и япэ махуэм щыщIэдзауэ мазэм и махуэ кIэухым нэс, махуэу хъаур ягъафIэу ирах. |
Муслъым суннитхэм [[Мухьэмэд Бехъымбар]] (с.а.у.) къыщалъхуа махуэу ягъафIэр Рабий Iул-аууал мазэм и махуэ 12-нэр. Муслъым шиитхэм мулид махуэр щащIыр мазэм и махуэ 17-нэращ. Иныкъуэхэм бехъымбарыр къыщалъхуа махуэр пэж дыдэу зэрамыщIэм щхьа, мазэм и япэ махуэм щыщIэдзауэ мазэм и махуэ кIэухым нэс, махуэу хъаур ягъафIэу ирах. |
||
04:21, 21 ЩэкӀуэгъуэ 2020 версие
Ислъам махуэгъэпс |
---|
|
Рабий Iул-аууал (хьэр-бз. ربيع الأوّل) — муслъым махуэгъэпсыи и ещанэ мазэ.
Рабий Iул-аууал мазэм, муслъымхэм ягъафIэр Мухьэмэд Бехъымбар (с.а.у.) къыщалъхуа махуэр. Муслъым-суннитхэм ялъытэр бехъымбарыр къыщалъхуар, мазэм и махуэ 12-рауэ. Муслъым-шиитхэм зэралъытэмкIэ ар махуэ 17-ращ зэхуэкIуэр. А бы къыхэкIыу суннитхэмрэ шиитхэмрэ Мулид махуэ лъапIэр, махуэ зэрызщ щащIыр.
ЦIэ Rabī' al-awwal хьэрыпыбзэкIэ зэбдзэкIым «япэ мазэ» жиIэуращ. Ар апхуэдэу щыщытыр япэрей хьэрып махуэгъэпсымкIэ, Рабий Iул-аууал мазэр япэ иту щтащ. Иныкъуэ хьэрыпхэр иджыри къыздэс мазэр, мазэфI нэхъыфIхэм ящыщу ябж.
Мулид
Муслъым суннитхэм Мухьэмэд Бехъымбар (с.а.у.) къыщалъхуа махуэу ягъафIэр Рабий Iул-аууал мазэм и махуэ 12-нэр. Муслъым шиитхэм мулид махуэр щащIыр мазэм и махуэ 17-нэращ. Иныкъуэхэм бехъымбарыр къыщалъхуа махуэр пэж дыдэу зэрамыщIэм щхьа, мазэм и япэ махуэм щыщIэдзауэ мазэм и махуэ кIэухым нэс, махуэу хъаур ягъафIэу ирах.
Муслъмхэм мулид махуэм гъунэгъухэм шхыныгъуэ, IэфIыкIэ сытхэр хуахьхэр. Благъэхэм зэрыцIыхухэм саугъэтхэр зэратхэр. ТхьэмыщкIэхэм шхын хэкIхэр ират. Иныкъуэхэм нып удзыфэ яIыгъхэу уэрам гъуэгухэм ирокIуэр, махуэр ягъэлъапIэу.
Ауэ муслъым псоми а махуэр ягъэлъапIэу щыткъым. Иныкъуэхэм зэралъытэмкIэ а махуэр бгъэфIэн хуейуэ щыткъым, КъурIэными хьэдисхэми апхуэдэу тхауэ зэримытым щхьа.
Мазэм къэхъуахэр
9-нэ махуэ
12-нэ махуэ
- Суннитхэм Мулид махуэр ягъафIэр
17-нэ махуэ
- Шиитхэм Мулид махуэр ягъафIэр
Махуэгъэпс
Ислъам махуэгъэпс | Япэ махуэр | Иуж махуэр |
---|---|---|
1431 | Мэзаем и 15, 2010 гъэ | Гъэтхапэм и 16, 2010 гъэ |
1432 | Мэзаем и 4, 2011 гъэ | Гъэтхапэм и 5, 2011 гъэ |
1433 | ЩIыщылэм и 24, 2012 гъэ | Мэзаем и 22, 2012 гъэ |
1434 | ЩIыщылэм и 13, 2013 гъэ | Мэзаем и 10, 2013 гъэ |
1435 | ЩIыщылэм и 2, 2014 гъэ | Мэзаем и 1, 2014 гъэ |
1436 | Дыгъэгъазэм и 23, 2014 гъэ | ЩIыщылэм и 20, 2015 гъэ |
1437 | Дыгъэгъазэм и 12, 2015 гъэ | ЩIыщылэм и 10, 2016 гъэ |
Рабий Iул-аууал 2010-2015 гъэхэм |