Азгъэбзэ версиехэм я зэщхьэщыкӀыныгъэхэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
No edit summary
цӀ 8 версий: importing articles from Incubator
(зэщхьэщыкӀыныгъэ иӀэкъым)

01:48, 19 Гъатхэпэ 2011 версие

Апхъазыбзэ
Зэрзэджэр: Аҧсуа бызшәа, Аҧсшǝа
Къэралхэр: Апхъаз, Урысей, Тырку,
Статус официалыр: Апхъаз
Ирипсалъэхэм я бжыгъэр: ~ 125 000
Классификациэ
Категориэ: Еуразиэм и бзэхэр
Ишъхъэрэкъаукъаз унагъуэшхуэ (псом къамылъыта)
Абазэ-адыгэ унагъуэбзэ
Абазэбзэ гуп
Тхыбзэр: кирилл хьэрыф (апхъаз хьэрыфылъэ)
Бзэ кодхэр
ISO 639-1: ab
ISO 639-2: abk
ISO 639-3: abk

Апхъазыбзэ (апхъазыбзэкlэ; аҧсуа бызшәа, аҧсшǝа) — апхъаз лъэпкъхэм ябзэ, Апхъаз къэралым, Тыркум, Иорданым, Шамым, Иракым, Урысейм. Бзэ нэхъ игъунэгъур абазэбзэ, зыхэтыр апхъаз-адыгэ бзэхэм я унагъуэм, абазэбзэмрэ адыгэбзэмрэ щымыхъукlэ убыхыбзэри зыхыхьар.

Апхъаз къэралым бзэмкlэ цlыху мин 100 хуэдиз мэпсалъэ, къэралъым ибзэlаташъхьу щыт (1994 гъэм къыщыкlэдзауэ). Ауэ 1989 гъэм апхъазыбзэр анэдэлъхубзу зыхуэхъутэр 17, 8 % джылу дэсам, апхъаз-курджы зауэм яуж 1995 гъэм 50 % джылэм. Тыркум 1965 гъэм къэрал джылэ бжыгъэ ирагъэкlуэкlамкlэ апхъазыбзэр иэ абазэбзэр анэдэлъхубзу джэуапу зытар цlыху 4, 563 (абым псори зыбзу ялъытэ - abaza) цlыху 7, 836 етlуанэ бзэуэ джэуап ята, а псори зэрщытым хуэмыду, нэхъ макlыу къаlуэтауэ ялъытэ, 1993 гъэм абазу дэсыр мин 35 къалъыта. Урысейм апхъазыбзэкlэ псалъу дэсыр цlыху 9,447 къыкlэкlа.

Абы хуэду къызэркlэкlымкlэ апхъазыбзэмкlэ псалъу хъур цlыху мин 120-130 хуэдиз. Мин 500 - 600 шхуаlар къэгъэхъуауэ къыкlэкlа, абы зэр гугъэмкlэ адыгэхэр (кlаххэмрэ, къэбэрдейхэмрэ) хагъэхьахэ.

Псалъэкlыу зэрзэшъхьащыкlыр

Иджыпсту Къаукъазым къынар псалъэкlищ: абжъуй (Очамчырэ куейм), бзыб (Гудаутэ куейм), самырзэкъан (Агубедиарэ Река къуаджэхэм Очамчырэ куейм, Чхуартал къуаджэм иныкъуэ Гал куейм), адрей псалъэкlэ-лъэпкъхэр Тыркум ирагъэкlахэ. 1860 гъэм нэгъунэ апхъазхэм ялъэпкъ-псалъэкlэхэр зэкlэлъыпыту хы lуфэм ирикlуэт къушъхьам къэху, убыххэм къыщыкlэдзауэ къуэхьапlэм мегрелхэмрэ сонэхэмрэ нэгъунэ къуэкlыпlэм.

Шъачэрэ Жъууауэ-къуарэрэ япсыхъуэ зэхуакум садзэхэм япсалъэкlэр щыlа. Лъэпкъыр зы къэмыну Тыркум ирагъэкlа, абдежьым къуаджэ зытlущым бзэр иджыри зэрахьа. садзэ-псалъэкlэр тlууэ бгуэч хъуну:

  • хы lуфэ псалъэкlэ (джыгетэхэм иэ садзэхэм я)
  • къушъхьа псалъэкlэ (мадовей, езыхэр зэрзэджэр - абадза, лъэпкъ хэтхэр: чуа, чужъы, чужъгучуа, ахьчыпсэу, аибга Псоу ипсыхъуэм)

Апхъаз псалъэкlэхэр ипшъэ лъэныкъуэмкӀэ:

  • хы lуфэм -
    • бзыб псалъэкlэ (Жъууауэ-къуарэрэ Псыцхьарэ язэхуакум, иджырей Гудаута куейм),
    • Гум псалъэкlэ (Къодор псыхъуэм нэс) - Тыркум ирагъэкlахэ, иныкъуэр Аджарым (апщыгъуэм Тыркум хэтам)
    • абжъуй псалъэкlэ (иджырей Очамчырэ куей)
    • самырзэкъаным къэлар - мигрелым я нэхъыбэм хеубыдэ
  • къушъхьа лъэныкъуэм -
    • псхьу псалъэкlэ (Бзыб псыхъуэм ишъхьамкlэ) Тыркум дэт къуаджэхэм иджыри зэрахьа
    • дал-цебелда (Къодор псыхъуэм икумрэ ишъхьамрэ) Тыркум икъуэхьапlэ куейхэм (Беледжык, Бурса, Эскишехир) дэт апхъаз къуаджэхэм иджыри щопсалъэхэ

Апхъазэбзэм итхыбзэр абжъуй псалъэкlэмкlэ шъа.

Хьарыфылъэр

А Б Ҕ ҔЬ ҔӘ В Г Гь
ГӘ Д ДӘ Е Ж ЖЬ ЖӘ З
Ӡ ӠӘ И К КЬ КӘ Қ ҚЬ
ҚӘ Ҟ ҞЬ ҞӘ Л М Н О
П Ҧ Р С Т ТӘ Ҭ ҬӘ
У Ф Х Хь ХӘ Ҳ ҲӘ Ц
ЦӘ Ҵ ҴӘ Ч Ҷ Ҽ Ҿ Ш
Шь ШӘ Ы Ҩ Џ Џь Ь Ә