Домбей версиехэм я зэщхьэщыкӀыныгъэхэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Content deleted Content added
цӀ бот: избранная статья ia:Bisonte europee; косметические изменения
цӀ бот: избранная статья de:Wisent; косметические изменения
51 сатырыр 51 сатырыр
[[Категориэ:ШэрыпӀхэр]]
[[Категориэ:ШэрыпӀхэр]]


{{Link FA|de}}
{{Link FA|ia}}
{{Link FA|ia}}

23:19, 31 Гъатхэпэ 2014 версие

Домбей
Домбей
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэ
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэ
ХэкӀ: ШэрыпӀхэ
ИнфрэхэкӀ: Placentalia
ХэкӀыгъуэ: ЛъапэтӀуанэхэ
ХэкӀыгъуэ къуэдзэ: ГъэнышкӀухэ
Лъэпкъ: БжьэнэкӀхэ
Лъэпкъыгъуэ: Домбейхэ
ЛӀэужъыгъуэ: Домбей
Латин цӀэр
Bison bonasus Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

NCBI {{{1}}}

Домбей (ур-бз: Зубр; лат-бз.: Bison bonasus) — Шэрыпl классым хэт, бизонхэм ящыщ, бжъэнэкlы лъэпlкъым ящыщу, Американ бизоным ехьч lэй, зэхэхьи мэхъу. Абы шъхьакlэ зэзэмызэкlэ зыуэ ялъытэхэ.

Iаплъэпlкъыр

Домбейр нэхъ ину нэхъ хьалъу щыт Еуропэм ишlэм ис псоушъхьахэм, икlы изакъуэ къэнэжьа мыlарыпl былымым ящыщу. Икlыхьагъыр 330 см мэхъу, илъэгагъыр метритlым фlокlыр, ихьалъагъыр зытоннэм носыр. Бизонми хуэду, цы гъуабджэ ув тет, шкlэхэм яр плъыжьыфу щыт. Шъхьао хуэкlэкlыу щыт, егъэзыхауэ, "жакlэ" тету, мыину бжъакъуит иlа. Домбеймрэ Бизонымрэ lэуэ зэшъхьащыкlкъым. Домбейм иджабэр нэхъ лъагэ, ибжъакъуэхэмрэ икlэпэмрэ нэхъкlыхьхэ. Домбейм ишъхьар Бизоным ем нэхъри нэхъ lэта, гъэ хуабэр къыщихьакlэ Бизоным икуэпкъхэм цыр йокlыр, кlэкlыу къонэ, Домбейм илъэспсом зэркlыфу цыр зэхуэдизу тет. Яинагъкlэ тlури зэхуэдиз ауэ Бизоным ипlкъыр егъэзыха хуэду зэрщытым шъхьакlэ нэхъ быдафэ тоуэр.

Домбей лъэпlкъыр тlуэ ягуэч - беловеж домбейрэ (B. b. bonansus) къаукъаз домбейрэ (B. b. caucasus). Къаукъаз домбейм ицыр нэхъ къуафlцlэ икlи нэхъ бэрину щыт.

Гъашъэр зэрекlуэкlыр

  • Кlыфэм икlыхьагъыр - м. 3
  • Илъэгагъыр - м. 2
  • Ихьэлъагъыр - 1 тоннэ
  • Зэрыпсор - 23-25 илъэскlэ
  • Зэрыпсэфыр - мэзибгъу
  • Iаплъэпlкъыр щызэфlэувэр - 1,5 - 2 илъэсым
  • Нэхъиндыдэ щыхъур - 5-6 илъэсым дежь
  • Гур 1/3 джэмым нэхъри нэхъ ин
  • Япэ щылъхуэр - илъэс 4 идежь
  • Шкlэр мазитхум хуэдиз ягъашхэ
  • Шкlэр къыщалъхум ихьалъагъыр - 19-25 кг.
  • 1,5сэхьат текlауэ къалъхуа нэуж, шкlэр лъэм тоувэ
  • Шкlэм удз ишхын щыкlидзэр махуэ 19-22-хэм

Здэпсохэр

Япэдыду Домбейхэр здэпсоуар Переней хы тlыгуныкъуэм къыщыкlэдзауэ Сыбырым икъуэхьапlэм нэгъунэ, абы Инджылызымрэ Скэндинавиэм я ипшъэ лъэныкъуэр хэту, а хэкушхуэм мэз закъуэкъым здыкlэсахэр, губгъуэми итахэ. Цlыхум зэпимыуду зэрешъакlуэм шъхьакlэ Домбейр мэздэгу къуэдехэм къыкlыкlэнар. Полшэм иде зы къэнэжьар 1921 гъэм брэкониерхэм яукlа, Къаукъазым щы къэнэжьар 1926 гъэм яукlа, lуашъхьа Алоус идежь. Идыпсу щыlа Домбейхэр, зоопаркхэм къырагъэкlауэ, специал программэмкlэ, зэфlагъэувэжьыным шъхьакlэ. Заповедникхэм: Полшэм, Урысыхум, Литуэм, Молдавиэм, Укрэинэм, Къаукъазым джоуэ.

Шэныр

Домбейхэр гупурэ мэпсоухэ щым къыщыкlэдзауэ тlокlым нэгъунэ, джэмрэ шкlэрэ зэхэту. Гупым янэхъыжъыр джэм сытчыгъуи. Гухэм язакъу мэпсоухэ, илъэсым зэ нэхъ джэмхэм гупым яхэмыхьу. Джэмым яхэхьан щыхуэжьэр дунем елъыта: хуабэм, шlыlам, къэру яхуримыкъумэ. Абы шъхьакlэ Домбей зэповедник-зэказникхэм яlыгъхэр ( фlыуэ здагъашхэм ) гур щыхуэм иде джэмхэм яхэхьафыну, дунер фlымэ. Хуиту псо Домбейхэр шыщхьэIу – фокIадэм яхохьа джэмхэм. Гухэр зэпеуэн кlадзэмэ хьалъу зауlажьинкlи мэхъур. Шlымахуэм гуп зтlущыр зэхыхьауи мэхъу зыгупышху, гу зтlущи яхэту. Джэмыр мэзибгъукlэ псэф. Накъыгъэмрэ мэкъуауэгъуэмрэ язэхуакум малъхуэхэ.

Шаблон:Link FA Шаблон:Link FA