Фрэндж версиехэм я зэщхьэщыкӀыныгъэхэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Content deleted Content added
цӀ бот: хорошая статья es:Francia
цӀ бот: хорошая статья fi:Ranska
92 сатырыр 92 сатырыр
{{Link GA|eo}}
{{Link GA|eo}}
{{Link GA|es}}
{{Link GA|es}}
{{Link GA|fi}}

19:29, 4 Мазае 2014 версие

Фрэндж Республикэ
фр-бз. République française
Дэмыгъэ Фрэнджым
Фрэнджым и нып Фрэнджым и дэмыгъэ

Кординатхэр: 46°19′00″ с. ш. 2°32′00″ в. д. / 46.316667° с. ш. 2.533333° в. д. (G)

Къэрал уэрэд: «La Marseillaise» (Макъ едэӀун (info))
Щыхалъхьар 843 гъэм
1958 етхуанэ республикэ
Нэхъышъхьэбзэхэр фрэнджыбзэ
Къалэ нэхъышъхьэр Париж
Къалэ нэхъ инхэр Париж, Леон, Марсел
ӀэнатӀэ хабзэр Президент-парламентым я республикэ
Президент
Премьер-министр
Николя Саркози
Франсуа Фийон
ШӀыпӀэр
• Псори
• % псым пӀэуэ иубыдыр
47-нэ дунем
674 843 км²
0,26
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2010)
Ӏувагъыр

65 447 374 цӀыху (20-нэ)
115 цӀыху/км²
ВКӀуП
  • КъыхэкӀыр (2010)
  • Зы цӀыхум къытехуэр

$2, 675 трлн  (8-нэ)
$42,747
Сомыр (Валутэр) Еуро
Интернет-доменхэр .fr; .eu
Телефон кодыр +33
Зэманыгъуэхэр +1

Фрэндж (фр-бз. France, урбз. Франция, ицlэдыдэр псоуэ — Фрэндж Республикэ (фр-бз. République française)) — къуэхьэпӀэ Еуропэм щыщ къэрал. Къалэ lаташъхьар — Пэриж. Къэралым ицlэр джэрмэн лъэпlкъ франкхэм къахокlыр, Фрэнджым инэхъыбэ джылэ дэсыр галл-романску зэхэпхъа шъхьакlэ, ябзэр романскэ группэм щыщ.

Джылыу дэсыр — милыуан-65,4 (2010-нэ гъэмкlэ), абы 90 % — Фрэнджым иджылэ. Диныр — нэхъыбэр католикхэ (76 %). Хабзэкlэ къэралыр — пэлатитl парламент (Сенатрэ Къэрал Хасэрэ). Къэралыр 26 хэкукlэ гуэча.

Шlыпlэр

Фрэнджым и нэхъыбэ шlыпlэр Еуропэм и къуэхьапlэм хэлъ, гъунапкъэхэр ишъхърэ-къуэкlыпlэмкlэ Белгэм, Луксебыргым, Джэрманэм иде ирокlуэ, къуэкlыпlэмкlэ - Джэрманэм Шыуецарэм , ипшъэ-къуэкlыпlэмкlэ Монакомрэ Урымымрэ ипшъэ-къуэхьапlэмкlэ Эспаниэмрэ Андоррэмрэ.

фрэндж ихэкухэр

Тхыдэр

486 гъэм Галл хэкур франкхэм яубыд Хлодвигыр яшъхьащыту. Апхуэду Франк къэралыр зэфlоувэ. Хлодвигыр япэрей пщыуэ хъуа Меровинг лъэпlкъым ящыщу. VII илъэсишъэхэм пщым икъэрур куэдын кlедзэ, lанатlэр мажордомхэм яубыд, зым абы ящыщу Карл Мартеллым 732 гъэм хьарып дзэр зэхекъутэри Еуропэм къуэхьапlэ лъэныкъуэм ирыгъэхьахэкъым, яригъэубыдкъым. Карл Мартеллым икъуэ Папин Кlэкlы япэре пщы мэхъу Каролинг лъэпlкъым ящыщу.

843 гъэм Верден тхылъымкlэ Къуэхьапlэ-Франк къэрал мэхъу Карл-Къуй шъхьащыту. Х илъэсишъэхэм Фрэнджкlэ еджэн кlадзэ.

  • 1789 — Фрэндж револуцэшхуэ
  • 1792 — Япэре республикэ
  • 1795 — Нидерландыр еубыд
  • 1797 — Венециэр еубыд
  • 1798 — 1801 - Мысырым хохьэ, еубыд
  • 1799 — 1814 - Наполеоныр тохьа
  • 1815 — Ватерлоо изауэ
  • 1848 — 1852 - Етlуанэ республикэ
  • 1852 — 1870 - Наполеон III тет - Етlуанэ дунейпсо зауэ
  • 1870 — 1940 - Ещанэрей республикэ
  • 19391945 - Етlуанэ дунейпсо зауэ
  • 1946 — 1958 - Епlлlанэ республикэ
  • 1958 — м къыщыкlэдзауэ етхуанэ республикэ

Къэрал Дэмыгъэ

Иджырей къэрал дэмыгъэм дышъу, лавр къудамэрэ пхъэмыф къудамэрэ тету, якур джыдэкlэ убыдауэ, а псом яшъхьам жьlуху телъу хьарыфит "FR" тедзауэ.

Ныпыр

Фрэндж ныпыр щыуэ зэхэлъ — шхъуантlэ, хужь, плъыжь. Фрэнджым яхабзэр игъэлъагъу - хуитыныгъэ, цlыху хъуар зэхуэду - зэшъхьащымыту, зэкъуэшыныгъэ.

Хэкухэр

Хэку 26 гуэча: Аквитаниэ, Бретаниэ, Бургундиэ, Ил-дэ-Франс, Корсикэ, Лангедок-Руссил'он, Лимузен, Лотарингиэ, Нормандиэкlэ, Нормандиэпшъэ, Нор-Па-дэ-Кале, Оверн, Пикардиэ, Прованс-Алп, Пуату-Шаранта, Рона-Алп, Луарэ-Хэку, Франш-Контэ, Центр, Шампан-Арденнэ, Элзас, Перенеем июг. Икъэралгъунэм ипэджыжьэ хэку щыlахэр: Гуаделупэ, Мартиникэ, Реунион, Фрэндж Гуианэ.

Джылэр

Фрэнджым иджылэр 65,4 милыуан мэхъу (2010 гъэмкlэ). 20 щыт джылу дэсымкlэ 192 къэралу (ЛъЗ-м) Лъэпlкъхэр. 1975 гъэм нэхъыбу дэсар фрэнджхэра, лэпlкъ цlыкlухэм ящыщу элзасхэр, бретонхэр, джуртхэр, флэмандхэр, баскхэр, корсикхэр.

2005 гъэм Фрэнджым милыуани-3,6 хэку хэсу дэтlысхьа.

Дин

51 % фрэндж джылэм ящыщ католикхэ, 4 % — мыслимэн, 1 % — джурт диным пылъ. Абы пэмыкlыу 5 милыуан фрэнджу буддэ диным пылъ, а мылиуанитхум и 65 % дзэн-буддэ диным пылъ.

Шаблон:Link GA Шаблон:Link GA Шаблон:Link GA