Мэзбжэн версиехэм я зэщхьэщыкӀыныгъэхэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Content deleted Content added
цӀ Bot: Migrating 57 interwiki links, now provided by Wikidata on d:q122069 (translate me)
цӀ Robot: Removing nl:Europese ree (strong connection between (2) kbd:Мэзбжэн and nl:Ree (dier))
74 сатырыр 74 сатырыр
[[Категория:ШэрыпӀхэр]]
[[Категория:ШэрыпӀхэр]]
[[Category:Щыхь]]
[[Category:Щыхь]]

[[nl:Europese ree]]

11:36, 28 Бадзэуэгъуэ 2013 версие

Мэзбджэн
Мэзбжэн
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Хордэхэ
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэ
ХэкӀ: ШэрыпӀхэ
ИнфрэхэкӀ: Placentalia
ХэкӀыгъуэ: ЛъапэтӀуанэхэ
ХэкӀыгъуэ къуэдзэ: ГъэнышкӀухэ
Лъэпкъ: Шъыхьхэ
Лъэпкъыгъуэ: Мэзбджэнхэ
ЛӀэужъыгъуэ: Мэзбджэн
Латин цӀэр
Capreolus capreolus Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

NCBI {{{1}}}

Мэзбжэн (лат-бз.: Capreolus capreolus, ур-бз.: Косуля европейская) — шэрыпl псэушъхьа, шъыхь лъэпlкъым ящыщу.

Аплъэпlкъыр

Шъыхь мы иным ехьч, пlкъы кlэкl иlу, икlэ лъэныкъуэр нэхъ бгъуэуэ щыту игупэ лъэныкъуэм нэхърэ. Яхьалъагъыр хъухэм - кг. 22-32, якlыхьагъыр - см. 108-126, ялъэгагъыр - см. 66-81. Бзыхэр нэхъ цlыкlухэ, ауэ хъухэмрэ бзыхэмрэ яаплъэпlкъыр lэуэ зэшъхьащыкlкъым.

Шъхьар кlэкl, пэмкlэ памцlэ хъууэ, ауэ нэхэм иде хуэлъагу, бгъуэуэ щыт. Тхьакlумэхэр кlыхь ( см. 12-14 ), хуэхъурейху, памцlэху. Нэхэр ин, назу щыту. Пшъэр кlыхь, хъухэм яр нэхъ бгъуэуэ бзыхэм ям нэхърэ. Лъакъуэхэр псыгъуэ-кlыхь, гупэхэр нэхъкlэкl кlыбыхэм нэхърэ, абы шъхьакlэ кlыбыр егъэзыхауэ щыт, тхыцlэр см. 3 lатауэ иблъэпlкъым нэхърэ. Кlапэр кlэкlыбзэ ( см. 2-3 ) цым къыхэщкъым. Лъапэхэр зэву, памцlу, кlэкlыу щытхэ.

Бжъакъуэ

Бжъакъуэ зиlар хъухэра, ину щытхэкъым (см. 15-30 якlыхьагъу, см. 10-15 язэхуакум дэлъу), занду къыхэкlху ишъхьам идежь тlэкlу гъэчахэ икlагъымкlэ нэхъ зэбгъэдэтхэ.

Бжьакъуэхэм къэкlын щыкlадзэр чырыр мэзипlлl щыхъум идей, илъэс-илъэсрэ ныкъуэрэ щыхъукlэ бач цlыкlуитlу щытхэ см. 10-15 хъууэ. Щызэфlэувэхэр илъэсищ щырикъум идей.

Гъэ къэс бжъакъуэхэр япохур жэпуэгъуэ-дыгъэгъазэм, япэ кlышъэ жьхэм, яужкlэ нэхъ кlалэхэм. Кlэхэм къэкlын щыкlадзэр зы мазэ текlа яуж. Псоуэ къэкlауэ, щызэфlэувэхэр гъатхэпэ-мэлыжьыхьым; мэлыжьыхь-накъыгъэм бжъакъуэхэр быдэ мэхъухэри жыгхэм япlкъымрэ, къудамэхэмрэ щахъуэн кlадзэ, фэ къытенэжьахэр кlэраху

Фэр

Ин хъуахэм я фэр зыуэ, мы къуэлэну щыт, хъухэмрэ бзыхэмрэ яри зэхуэду. Шlымахуэм япкъыр псыфу иэ псыфэ-гъуабджу щыт, зэзэмызэкlэ хуэплъыжьу, икlыбагъым тхыцlэм идежь гъуабдж-къуафlцlэ хъууэ. Икlагъымкlэ ныбэмрэ лъакъуэхэмрэ ядекlэ нэхъ хужьу мэхъу, гъуэжьыфэ-пшахъуэфу. Лъакъуэ кlыбхэм ишъхьам идежь, кlапэм ихъуреягъыр хужьу иэ плъыжьыху щыт. Лъакъуэхэр икlагъымкlэ плъыжьыху хъуурэ йххэ. Шхьамрэ тхьакlумэхэмрэ кlыфэм хуэду щытхэ, иэ тэкlу нэхъ гъуэбджафэхэ. Жэпlкъкlагъыр хужьу щыт пэм ихъуреягъымрэ, lупашъхьамрэ фlыцlу щытхэ.

Гъэмахуэм пlкъымрэ пшъэмрэ зэхуэду плъыжьыфу щыт; ныбэр плъыжьыфэху; шъхьар псыфу хуэ плъыжьыфу

Чырхэм яфэр

Чыр къалъхуагъакlэхэм яфэр уэгу щыт, къэкlыгъэхэм къыхимыгъэщу. Езы фэр гъуэжь-плъыжьыфу щыт, ныбэмкlэ пшахъуафу щыту. Кlыбымрэ бгъумкlэ щырыщу хужь хэпхъауэ ирокlуэ. Икумкlэ ирикlуэхэр нэхъ къыхощхэ. Мазэ 2-3 идей, фэр нэхъ къуафlцlэ мэхъур, гъуабджафэ-плъыжьыфэ хъууэ. Цы плъыжьфэр къыхэкlыурэ уэгу хэлъахэр хом-хомурэ хокlыжьыр

Здэпсохэр

Мэз бджэнхэм яшlыпlэ здэпсом Еуропэ псор хеубыдэ Урысейм и еуропэ лъэныкъуэри дэкlыгъу. Къаукъаз Кlыбыр, Япэрей Азиэ ( Тыркур, Шамыр, Иракым ишъхъэрэ-къуэкlыпlэр, Ираным и къуэхьапlэ ) Ливанымрэ Джуртымрэ мэз бджэнхэр къынэжьакъым.

Урысем зэр еуропэ лъэныкъу щопсоухэ, Карелым къыщыкlэдзауэ Уралымкlэ ирокlуэри Къэукъазым къыносыр .

Зэрзэшъхьащыкlхэр

Еуропей мэз бджэныр шlыпlэ здэпсом елъытауэ зэшъхьащокlыр ифэр, иинагъыр. Апхуэдэм здэпсоумкlэ лъэпlкъ цlыкlу-цlыкlурэ ягуэчу зэхагъэкlхэ.

Иджыпсту нэхъ къыхагъэкlхэр лъэпlкъ-цlыкlуит хуит хуэду. Зэбгырыдзауэ, адрей мэз бджэнхэм япэджыжьу зэрыпсоуам шъхькlэ нэхъ ямыхьчу щытхэ:

  • Capreolus capreolus italicus. Урымым икумрэ ипшъэ лъэныкъуэмрэ щопсоу.
  • Capreolus capreolus garganta. Игъэмахуэцыр псыфу зэрщытымкlэ къыхагъэкl. Эспаным ипшъэм щопсо

Къуакъазым имэз бджэн инхэр зэзэмызэкlэ Capreolus capreolus caucasicus джоуэ лъэпlкъ-цlыкlу ялъытэ

Сурэтылъэ