Абгъуэ версиехэм я зэщхьэщыкӀыныгъэхэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Content deleted Content added
цӀ r2.7.1) (робот добавил: jv:Susuh
цӀ r2.7.2+) (робот добавил: lb:Nascht
70 сатырыр 70 сатырыр
[[ka:ბუდე]]
[[ka:ბუდე]]
[[ko:둥지]]
[[ko:둥지]]
[[lb:Nascht]]
[[lt:Lizdas]]
[[lt:Lizdas]]
[[lv:Ligzda]]
[[lv:Ligzda]]

04:51, 31 Жэпуэгъуэ 2012 версие

Абгъуэщыгъуэлъхьэн, къышырашын, захъумэн папщӀэ къуалэбзухэм я ухуэныгъэщ.

ТеплъэкӀи, щӀыкӀэкӀи, къызыхахкӀи, уаздыпэщӀэхуэ щӀыпӀэкӀи хуабжьу зэщхьэщокӀ. КъызэрыкӀуэщ джэд хэкӀыгъуэ лӀэужьыгъуэхэм ящӀыр: кумб чэнжым и лъащӀэм щӀэдзын мащӀэ илъу аращ. БанэщӀэжым ейр топым хуэдэу зэпэхъуреибзэщ, ихьэпӀэр ибгъумкӀэ щыӀэу. ПцӀащхъуэм ятӀэр и ӀупсымкӀэ зэкӀэришхэурэ абгъуэр еухуэ. Ипщэ Азиэм щыпсэу хьэпцӀащхъуэ лӀэужьыгъуэхэм ейр зэрыщыту хьэуам щыдия Ӏупс къабзэщ, цӀыхухэм яфӀэфӀу яупщэфӀри яшх.

Тропик къуалэбзу щхьэхухэм я абгъуэхэр гуп-гупу зэхэту ящӀ, ауэ нэхъыбэм яйр зэпэщхьэхуэщ. ЗэмылӀэужьыгъуэ къуалэбзухэм я абгъуэхэр зэгъунэгъуу щащӀыр зэзэмызэ дыдэщ. ЩыӀэщ нэгъуэщӀ псэущхьэхэм я гъуэхэр абгъуэ папщӀэу къэзгъэщхьэпэр (бжьэндэхъугъуэжь, бжьэшх, бабыщхэр). Абгъуэ ящӀыркъым, къапщтэм, Аустралиэм щыӀэ джэд лӀэужьыгъуэ Ӏэл гуэрэхэм — пшахъуэм, е къэкӀыгъэ, пщӀащэ зэхэфыхьам хокӀацӀэри абыкӀэ я абгъуэ щӀынри, гъуэлъхьэжьынри, къишынри зэфӀокӀ.

ЩоджнцӀыкӀу Алий мы жыӀэкӀэм щӀагъыбзэ щӀилъхьащ социал (псэупӀэ, быдапӀэ, хъухъумэт) мыхьэна иритри:

« Маржэ, бэ иныр фыхъейхи,
Пщыхэм я абгъуэр ткъутэнщ
»

Еплъ иджыри

Тхылъхэр

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.