Азгъей версиехэм я зэщхьэщыкӀыныгъэхэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Content deleted Content added
цӀ r2.7.1) (робот изменил: krc:Хачыпсы
цӀ r2.7.1) (робот добавил: lmo:Abcasia
190 сатырыр 190 сатырыр
[[lad:Abjasia]]
[[lad:Abjasia]]
[[lez:Абхазия]]
[[lez:Абхазия]]
[[lmo:Abcasia]]
[[lt:Abchazija]]
[[lt:Abchazija]]
[[lv:Abhāzija]]
[[lv:Abhāzija]]

21:50, 9 Накъыгъэ 2012 версие

Апхъаз Республикэ
аз-бз. Аҧсны Аҳәынҭқарра
урбз. Республика Абхазия
Дэмыгъэ Апхъазым
Апхъазым и нып Апхъазым и дэмыгъэ

Кординатхэр: 43°01′00″ с. ш. 41°02′00″ в. д. / 43.016667° с. ш. 41.033333° в. д. (G)

Къэрал уэрэд: «Аиааира» 
Щыхалъхьар VIII лъэхъэнэм Апхъаз пэштыхьей хуэду
Хуитыныгъэм и махуэ 1994 щакIуэгъуэм и 26 (зхэкӀар Курджым)
ДипломатиэмкӀэ къэзылъытэ Урысей, Венесуэлэ, Никарагуа, Науру
Нэхъышъхьэбзэхэр апхъазыбзэрэ урысыбзэрэ
Къалэ нэхъышъхьэр Согъум
Къалэ нэхъ инхэр Согъум, Гагра, Гудаута
ӀэнатӀэ хабзэр Президентымрэ Парламентымрэ я Республикэ
Президент
Вице-президент
Багапш Сергей
Анкуаб Александр
ШӀыпӀэр
• Псори
• % псым пӀэуэ иубыдыр
163-нэ дунем
8600 км²
куэдкъым
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2003)
Ӏувагъыр

250 000 цӀыху
29 цӀыху/км²
Этнохоронимыр апхъаз (абазэ), апхъазхэр (абазэхэр)
Сомыр (Валутэр) рубл
Телефон кодыр ++7 840; +7 940
Зэманыгъуэхэр +3; гъэмахуэм +4
Abkhazia

Апхъаз Республикэ, Апхъаз (аз-бз. Аҧсны Аҳәынҭқарра, Аҧсны — Апсны́ (къикlыр «Апсхэм якъэрал», урбз. Республика Абхазия, Абхазия) — Къуэхьапlэм Къэукъазым иде хэт, Хы Фlыцlэм и ипшъэ-къуэкlыпlэ lуфэм идей. Ицlэдыдэр псоуэ: Аҧсны Аҳәынҭқарра ( Апхъаз Республикэ ). Къалэ нэхъышъхьар - Согъум.

Тхыдэ

Къэрал джоуэ Апхъазым зэфlэувэн щыкlидзар VI илъэсишъэхэм, икъалэ lаташъхьу Лыхныр. Къэру къыщиштар Леон I щытехьам., Апхъазыр Визэнтиэм хэкlыу хуит щыхъур VIII илъэсишъэхэм, Леон II щытехьам. Апщыгъуэм Апхъазым Курджым икъуэхьапlэ лъэныкъуэри хиубыдэт. Къэралым лъэпlкъ дэсхэтэр: апхъазхэр, курджы лъэпlкъ: рачин, гурий, имерет, мегрел, сууан... Апхъаз къэралым къалэ, быдапlэ, чылисэ бжыгъэ иlат. Къалэ lэташъхьар япlэкlэ Анакопиэм (Афон Кlэм ) щыlа, яужым 806 гъэм Кутаис куэча.

975 гъэм Апхъаз къэралыр Курджым хохьа икъэрур XI-XIII илъэсишъэхэм фlыуэ зэфlэувау. Апхъазыр зэрхэхьар пщы-унэхэр Багратхэрэ Леонхэрэ благъэ зэхохъури абыкlэ нэхъри зэрагъэубыд.

XV илъэсишъэхэм Курджы къэралыр зэхохур. Апхъаз пщыхэр Чачба лъэпlкъым щыщхэр Апхъазым Къэрал Хуит траlуэ. Адрей апхъаз пщыхэмрэ, мигрел пщы Дадиани лъэпlкъмрэ япэщытахэ.

XVI илъэсишъэхэм Усмэн Пэштыхь Къэралыр къэныкъуэн мэхъу Апхъазымрэ Къэхьпlэ Курджымрэ. Хы Фlыцlэм иlуфэм быдапlэ бжыгъэ ещыр ( Согъум-Къалэ, Поти, Iанапэ... ) икъэрур хэкум зэфlигъэуву. 1809 гъэм апхъаз пщыхэм ягугъэкlэ Урысейм хохьахэ Александр I абы хуэарэзыуэ.

1918 гъэм Курджым хохьа. 1921 гъэм Совет Социал Республикэ Апхъаз мэхъу 1931 гъэм Аутоном Совет Социал Республикэ мэхъу Курджым хэту 1990 гъэм Апхъазыр аргуэру Совет Социал Республикэ мэхъу 2008-2009 гъэхэм Урысеймрэ, Никарагуамрэ, Венесуэлэмрэ, Науру къэралхэм Апхъазыр къэрал хуиту къалъыту тхылъхэм яlэташъхьахэм lапэ кlадз.

Джылэр

Джылэ бжыгъэ ирагъэкlуэкlамкlэ 2003 гъэм Апхъазым 215 972 цlыху дэс.

Бзэхэр

Къэралым иlаташъхьа бзэр - Апхъазыбзэ. Урысыбзэр апхъазэбзэм хуэдуи къэралыбзу къалъытэ. Апхъазым лъэпlкъу ису хъуар ябзэмкlэ хуит щытыну: псэлъэну, тхэну Кэралым арэзы ешъ.

Диныр

Чылисэ Пицундэм

Апхъазым инэхъыбэр Чыристан диным пылъхэ. Кlэупшlакlуэ 2003 гъэм джылэм ирагъэкlуэкlам къыхэкlар мыра:

  • Чыристану - 60 %
  • Мыслимэну - 16 %
  • Лъэпlкъ диныжъым пылъу - 3 %
  • Пэмыкl динхэр - 15 %
  • Джэуап зымтыфахэр - 6 %

Администрациэ гуэшыгъуэр

Апхъазыр куей 7 гуэча, хэку къэс къалэ нэхъушъхьа дэт.

Куей Администрацэм и къалэр
1 Гагрэ куей Гагра
2 Гудаутэ куей Гудаута
3 Согъум куей Согъум
4 Гулрыпшъ куей Гулрыпш
5 Очамчыр куей Очамчыр
6 Ткуарчал куей Ткуарчал
7 Гал куей Гал

Абы пэмыкlыу къалэ нэхъ инхэмрэ, джылу дэсхэмрэ:

ТехьэпӀэхэр