Шы версиехэм я зэщхьэщыкӀыныгъэхэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Content deleted Content added
цӀ r2.7.2) (робот добавил: mdf:Лишме
299 сатырыр 299 сатырыр
[[lv:Mājas zirgs]]
[[lv:Mājas zirgs]]
[[map-bms:Jaran]]
[[map-bms:Jaran]]
[[mdf:Лишме]]
[[mg:Soavaly]]
[[mg:Soavaly]]
[[mhr:Имне]]
[[mhr:Имне]]

16:23, 15 Жэпуэгъуэ 2011 версие

Шы
Шы
Адыгэшхэр
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: ЧэрыпӀхэр
ХэкӀыгъуэ: МылъапэтӀуанэхэр
Лъэпкъ: Шы унагъуэ (Equidae)
Лъэпкъыгъуэ: Шыхэр (Equus )
ЛӀэужъыгъуэ: МыӀэсэшхэр (Equus ferus)
ЛӀэужьыгъуэ къуэдзэ: Шы
Латин цӀэр
Equus ferus caballus


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

NCBI 9796

Шы (лат-бз. Equus ferus caballus) — псэушъхьэ, мылъапэтӀуанэхэм ящыщ, Ӏэсэ хъуауэ зи закъуэ къэнэжьа лӀэужьыгъуэ мыӀэсэшхэм щыщ дунем къытемнэжьахэм хуиту псоуэ. Шыр илъэс блэкӀа милыуан 45-55 хуэдизым зэфӀэува, зы псэушъхьэ мы иным къыхэкӀауэ иджырей гъэшъэгъуэным нэсауэ. ЦӀыхухэм Ӏэсэ яшъын щыкӀадзар шыхэр илъэс 4, 000 ди лъэхъэнэм я пэм. Шыхэм я нэхъыбэхэр Ӏэсу щыт шъхьэкӀэ, къэнэжьауэ щыӀэ зы закъуэ мыӀэсэш лӀэужъыгъэ Пржевалскэ и шы, хуиту псо ауэ Ӏэсэ шыхэм къатекӀауэ щытыр.

Шыхэм я Ӏэплъэпкъыр лъэшу щыт, кӀэху, псынкӀыу щытыфыным теухуауэ, ар счыгъуи къашъхьэпэт захъумэным шъхьэкӀэ пэмыкӀ псэушъхьэхэр щашъакӀуэм ядежь, абым пэмыкӀыу я шэным хэлъ: жэн иэ зауэн.

Нэхъышъхьэ къэӀотыгъуэхэр

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Шыхэр

Шыхэр (лат-бз. Equus) псалъэм мыхьэнэ зэрихьэмкӀэ — дунем щыпсо закъуэ псэушъхьэунагъуэ шыхэм ящыщ иэ мылъапэтӀуанэхэм (лат-бз. Equidae s. Solidungula), зэхэдзыгъуэкӀэ мылъапэтӀуанэхэр (лат-бз. Perissodactyla). Унагъуэм и тӀуанэ цӀэм зэригъэлъагъуэмкӀэ гулъытэгъу псэушъхьэхэм ядежь щытыр я лъакъуэхэра, зы лъэхъуамбэшхуэ Ӏэжъанэ бгъуэ тету нэхъ пымыту. Шъхьэр кӀыхьу щыт, нэӀур хуэпсыгъуэкӀыхьу. Куэдрэ шыхэр цӀыхум нэхъ къыхуэшъхьэпӀэ псэушъхьу и гъашъэм щыта, ауэ меканикэм зэфӀэувэн зэркӀидзэрэ шыхэм я кӀэсэгъуэр кӀуэд хъуа. Псалъэ зытӀущ шыхэм теухуауэ: бзыр - шыбз, шым и чырыр - шыкӀэ, шы кастрациэ яшъар - алашэ.

Шыхэр губгъуэшхуэхэм, прериэхэм исын нэхъ я кӀасэ, яшъакӀуэ псэушъхьэ къатеуэ хъумэ хуиту зэрыжэфынухэм хуэду щытыным шъхьэкӀэ.

Шыхэм пылъ шъэныгъэм цӀэ зэрихьэр ипологиэ.

Биологиэр

Шым и Ӏэплъэпкъыр бэуэ шъэныгъэхэмкӀэ зэфӀэгъувауэ щыт, псалъэ бжыгъэкӀэ зэхэгъэкӀауэ. Абым пэмыкӀыу шы къудейхэм я теухуауэ псалъэ бжыгъэ щыӀэ лӀэужъыгъэхэм, я фэм, ныбджым я мыхьэнэр зэрахьу.

Къигъэшъымрэ гъашъэ екӀуэкӀыгъуэмрэ

ЛӀэужъыгъэмрэ, зэраӀыгъымрэ, здэпсомрэ елъытауэ Ӏэсэ шым нобэкӀэ къагъэшъыр илъэс 25-30 хуэдиз[1]. Ар гъэшъэгъуэгъуэ, ауэ, псэушъхьэ зытӀущым я ныбджыр илъэс 40 фӀэкӀауи псоуахэ[2]. Нэхъ жъыдыду къэӀохугъуэ щыӀэр, гъэзэкӀа хъууэ «Old Billy» шыра, XIX лъэхъэнэм щыщу, абым илъэс 62 къигъэшъа[1]. Иджырей зэманыгъуэм Гинесс и тхылъ дунейпсо рекордхэмкӀэ хьэхьар нэхъ гъашъэ кӀыхь пони доуэ «Sugar Puff», 2007 гъэм лӀа, и ныбджыр илъэс 56 ирикъуауэ[3]. Шыр къыщыхъуа махуэдыдэм емлъытауэ, гъэлъэгъуэнхэм щыхэтым дежь и ныбджыр илъэскӀэ хагъахъуэ шӀычылэм и 1-м щыкӀэдзауэ шӀыгум и ишъхъэрэгъуэм[1][4] шышъхьэӀум и 1-м шӀыгум и ипшъэгъуэм[5]. А хабзэм хэмыхьэр шууным хэт псэушъхьэхэра, конкуренциэм хэтыфыным шъхьэкӀэ шым и ныбджыр и махуэ къызэрхъумкӀэ ябжыр[6]. Шыхэм я ныбджыр, нэхъ тэрэзу къэшъа зэрыхъынур, хэгъуэщэгъуэ хэмыту и дзэхэмкӀэ[7].

Псалъэ къагъэсэбэпхэр шыхэм я ныбджым теухуауэ:

  • ШыкӀэ - шым и чыр мэзихым нэмысар, хъууэ бзыуэ щытми емылъытауэ, быдзычэм кӀэфу шыбзым дэкӀыгъур.
  • Ныбгъэф - шыкӀэ мэзихым фӀэкӀауэ илъэсым нэмысар, хъууэ бзыуэ щытми емылъытауэ, шыбзым кӀэрачауэ.
  • Къунан - илъэсым фӀэкӀауэ илъэситӀым нэмысар, хъууэ бзыуэ щытми емылъытауэ.

ИлъэситӀым фӀэкӀаху шыхэр зэхадзын яшъыр цӀэкӀэ

Адыгэхэм къагъэсэбэп псалъэхэр, шыхэр зэрзэхагъэкӀымкӀэ (псалъэм пашъу шыбзхэм ятехуэкъым икӀагъым кӀуэну псалъэхэр):

Инагъымрэ зэрапшэмрэ

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Ӏэгу

Ӏэгур дунейпсом стандарту къашта кӀыхьэгъ, шыхэм я лъэгагъэр зэрапшымкӀэ, зы «Ӏэгур» зэрыхъур см 10,2 иэ дуйм 4-м, шым и лъэгагъыр шӀым щыкӀэдзауэ дэмэгъуэ нэгъунэ.Къэралхэм я нэхъыбэм шыхэм я лъэгагъыр япшыным шъхьэкӀэ сантиметырхэр къагъэсэбэпын кӀадза, ауэ, «Ӏэгур»иджыри куэдым къагъэшъхьэпэ пшэным шъхьэкӀэ, шы цӀыкӀу хъуахэмрэ понихэмрэ зи лъэгагъыр «Ӏэгуипшъым» фӀэмыкӀхэр дуймхэмкӀэ иэ сантиметырхэмкӀэ япшэ[7]. Дуймищ туанӀэ бышъ хъуну я зэхуакум дэтхэр "пшъанэ инагъ" хуэду макӀуэ, абым шъхьэкӀэ, ятхмэ, шым и инагъыр 14,1 - къикӀыр - Ӏэгу 14-рэ дуйм 1-рэ.

Шым и лъэгагъыр зэрапшэр и дэмэгъуэм дежь, пшъэмрэ кӀыбымрэ здызэхуэзэхуэзу и нэхъ лъэгапӀэм. А пӀэр пшыгъу къыкӀыхахар анатомиэмкӀэ нэхъ лъэшыгъу, зызэримхъуэкӀыу зэрыщытым шъхьэкӀэ, шъхьэмрэ пшъэмрэ ялъытамэ, драхьэ-ирачэху щытхэм.

Шырэ понирэ

Шыхэм я инагъыр зэпхар лӀэужъыгъуэ зыщыщым, и Ӏусым псом нэхъыбуи зэркӀэлъыплъым. Абым пэмыкӀыу, шыхэр я инагъкӀэ зэрзэшъхьэщыкӀхэр: псынкӀэ зекӀуэшхэр - я лъэгагъыр Ӏэгу 14 щыкэдӀзауэ 16 нэс (142 - 163 см хуэдизу щыт), я хьэлъагъыр кг 380 щыкӀэдзауэ 550 нэсу[9]; зекӀуэ шышхуэхэр - я лъэгагъкӀэ Ӏэгу 15,2 щыкӀедзэ (см 157) куэдыр носыфхэр Ӏэгу 17-м (см 173), я хьэлъагъыр кг 500 щыкӀэдзауэ 600 нэс [9] ; хьэлъэшхэр - нэхъ индыдэхэра, я лъэгагъыр Ӏэгу 16 щыкӀэдзауэ 18 нэс (см 163-183), я хьэлъагъыр кг 700 щыкӀэдзауэ 1000 нэсыфыну[9].

Тхыдэм хэту нэхъ индыду щыта хъуныр Шайр лӀэужъыгъуэм щыщ шы «Mammoth» зи цӀу щытар, къащахъуатэр 1848 гъэм. И лъэгагъкӀэ см 220 хъут, нэхъ индыду щыту щачэчам и хьэлъагъыр кг 1,500 хъут[10]. Шыхэм я нэхъ цӀыкӀу дыду хъуар «Thumbelina» ныбджкӀэ зэфӀэува шы, ауэ и инагъкӀэ хэмыхъуар. И лъэгагъыр см 42-м фӀэкӀкъым, и хьэлъагъыр кг 26 мэхъур[11]

Понихэр

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Пони

Пони - шыхэм парикӀи яшъхьэщыкӀхэкъым. Зэрамыхьч къуэдеуэ щытыр я лъэгагъыра. Дунейпсом пони джоуэ ябжхэр шы цӀыкӀухэра, зи лъэгагъыр дэмэгъуэм дежь см 145 фӀэмыкӀыр иэ Ӏэгу 14,2-м[12]. Ауэ, лӀэужъыгъуэ гуэрэхэр, понихэм ящыщу а лъэгагъым фӀэкӀыфынухэ уэлс кобам хуэдэр, ауэ, тӀум щыгъуи поним хабжэну. Я зэшъхьэщыкӀыгъуэ зэрзэхагъэкӀыр я лъэгагъ закъуэракъым я фенотиприра. Нэхъыбу абы гу лъыптэ зэрыхъунур я сурэтымрэ я шэнымрэкӀэ. Понихэм я шъхьэцыр, кӀапэхэр, цыр нэхъыбэм нэхъ Ӏуву щыт, икӀи я лъакъуэхэр нэхъ кӀэкӀыу щыт, къумшъэхьэр нэхъ хьэлъэ, пшъэр нэхъ бгъуэ, шъхьэр нэхъ кӀэкӀ натӀэ бгъуэ иӀу.

Шым я фэр

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Шы плъыфэр

Шым я фэ - цым, фэм, нэхэм я фэр. Нэхъ япэреуэ шым и къэӀохугъуэ щыт. Джэдухэмрэ хьэхэмри хуэду, шым и фэм генетикэ мыхьэнэ зэрехьэ, фэ зэхэлъыгъуэмкӀэ, пигментхэм я зэхэкӀыгъуэмкӀэ джоуэ. Шым и цыр зы фэуэ щыту, ауэ нэмрэ фэмрэ зэщымыщмэ, иэ, пкъым и фэр зыуэ щыту ауэ шъхьэцымрэ кӀапэмрэ яр пэмыкӀмэ, я фэр (сурэт) зэщымыщу щытыфыну. Ауэ, зы фэр (сурэт) нэхъ нэху иэ нэхъ кӀынфӀу щытыфыну, куэду зэшъхьэщыкӀху[13].

ПцӀэгъуэплъ

Адыгэхэм къагъэсэбэп цӀэхэм ящыщ, шы  плъыфэм теухуауэ

брул зи цыр тхъуауэ щытыр кӀыфэпсомкэ
гъуафэ плъыжь, гъуабджэм нэхъ хуэкӀу
къуафцӀэ иэ къарэ фӀыцӀэ
къэбыфэ гъуэжь, къамылыфэм нэхъ хуэкӀу
къуэлэн уэгу щытыр, и фэр схуэдэми емылъытауэ
пцӀэгъуэплъ гъуабджэ, фӀыцӀэм нэхъ хуэкӀу
пкӀэгъуалэ хужь иэ псыфэ
фэкъу схуэдэ фэми емылъытауэ, зи натӀэр хужьу щыт
шыгъуэ плъыжь

Шым и фэм теухуауэ гурышхъуэ бэуэ яшът адыгэхэм, абыхэм ящыщ:

  • Шым и лъэкъуищыр, гупэ ижьырабгъум щымыхъукӀэ «лъакъуэху» щытмэ - шыр насыпкъэгъакӀуэ.
  • И натӀэм хъырзы зэбгъэдэтху тетмэ - шыр насыпкъэгъакӀуэ.
  • И натӀэм зы хъырзыр адрем шъхьэщытмэ - шыр нэсыпкъэмыгъакӀуэ.
  • ПкӀэгъуалэр и лапэкӀэ мы лъэшу къалъытэт.
  • КъуафцӀэр джэщым лъэшу ауэ махуэкӀэ и къэрур фӀэкӀуэду къалъытэт.
  • Шыгъуэр иэ гъуафэр зи натӀэм анэл хужь тетым, и пэм нэс къеху, куэдрэ жэфынукъым дыгъэ къепс лъэныкъуэмкӀэ.
  • Къуэлэнхэм зэи чэсхэтэкъым, адыгэ псалъэжъ «Делэм къуэлэн и кӀасэ»-м пыпшъэ хъуну ар.

Шы псэфымрэ шыкӀэмрэ

Махуэ 335 - 340 хуэдизкӀэ (мазэ 11)шыр псэф[14]. Нэхъыбэм ядежь, шыбзым зы шыкӀэ къелъхур, ауэ зэзэмызэкӀэ тӀуани къохъухэр. Лъхуэныр тэрэзу екӀуэкӀмэ дэкъикъэ 15 щыӀкэдзауэ 45 нэс зэфӀокӀхэр[14]. ШыкӀэ бзыхэр махуэ 2-7 нэхъ кӀэху къохъухэр хъухэм елъытамэ. ШыкӀэм и нэр къэплъауэ дунем къытохьэ, дэкъикъэ зытӀущ текӀауэ, къэхъуа нэуж и лъэ тоувэфыр икӀи зокӀэфыр, быдзычэм мазэ 4-6-кӀэ кӀэс, апкӀэнтӀэху и япэрей дзэхэр къыхокӀыр, япэрыт дзитӀхэр махуэ 8-14 текӀауэ къэхъуа яуж къыхокӀхэ, адрейхэр къыкӀэлъыкӀуэхэр тхьэмахуэ 2-3 текӀауэ, мазэ 5-6 текӀауэ къэхъуа яуж дзэжъхэр къахэпшын кӀадзэ. Япэрыт дзэхэр илъэситӀым я тӀуанэм зызэрахъуэкӀхэр, абыхэм яуж итхэм илъэсищым я ӀтӀуанэм тежь, яужырытхэр илъэсиплӀым я тӀуанэм, абыхэм ядэкӀыгъу дзасэхэри къыхопшхэ; абым яуж ныбджыр дзэхэмкӀэ къашъэ, апэрыт дзэ жэпкъым хэтхэм гъуанэ тетхэмкӀэ, зэбгъэгуэт япу щытхэм илъэс 5-6 токӀхэ, къакӀэлъыкӀуэхэм илъэсиблым дежь, дзэжъхэм илъэсийм, абым яужым гъуэнэхэр апхуэдэ зэманыгъуэ къабзу ишъхьэдзэхэми текӀын кӀадзэ. Илъэс 11-12 щыкӀэдзауэ, дзэуэ хъуам гъуанэхэр щытекӀам, шым и ныбдж къэшъэныр нэхъ гугъу мэхъур. Илъэсищ ирикъуа шыр ӀэплъэпкъкӀэ зэфӀэувауэ щыт.

Ӏэплъэпкъыр

Файл:Horse anatomy00 1.png

1 — шхьэпхэтӀыгу, 2 — натӀэц, 3 — жэпкъ, 4 — жэгъуджабэ, 5 — пшъэлъынтхуэ, 6 — пшъэкукъу/пшъампӀэ, 7 — пшъэ, 8 — жал, 9 — блатхьэ, 10 — блыпкъ, 11 — бгъэгу, 12 — ӀэфракӀэ, 13 — ӀэфракӀэ, 14 — лъэгуажэ зэрытыпӀэ, 15 — фӀалъэ лъэдий, 16 — лъэӀэгъу зэрытыпӀэ, 17 — лъэдакъэц, 18 — лъашъхьэ, 19 — лъабжъэ, 20 — уанэтелъхьэпӀэ/шыбг, 21 — кӀэсыпӀэ, 22 — пхъэкӀышъхьэ, 23 — шъхужъкъуапэ, 24 — гъубзиикӀэ, 25 — кӀэбдз, 26 — анэл, 27 — кӀэбдз зэрытыпӀэ, 28 — кӀэбдз лъэдий .[15].

Къумшъхьэхэр

Шым и скелетым къумшъхьу 205 хэт. ЗэшъхьэщыкӀыгъу щытыр цӀыхумрэ шымрэ я къумшъхьэ зэхэтыкӀэм, шым блыпкъ къумшъхьэ зэримыӀэр - шым и гупэлъакъуитӀыр джабэм лъыпцӀэ увхэмкӀэ пышъауэ щытхэ, и дамэ къумшъхьэри и пкъым тракъузу. Шым и лъэхэмрэ и лъэгухэмрэ гъэшъэгъуэныгъу щытхэ. Я лъэ къумшъхьэхэр, цӀыхум ехэм елъытамэ, зэхуэзанкӀэху макӀуэхэ. Зэхуэлъытэгъуэ шъыным шъхьэкӀэ, шым и лъэгуанджэр къумшъхьэ зэрзэхэтхэр цӀыхум и Ӏэпшъэр зэрзэхэт къумшъхьэхэм хуэдэ къэрабзэ. Апхуэдэ зэхуэлъытэгъуэкӀэ и кӀыбымкӀэ щыӀэ лъэхэри зэфӀэт, и кӀыбым ит лъэгуанджэхэр цӀыхум и лъапшъэмрэ-лъэдакъэмрэ я зэфӀэтыкӀэм хуабгъэлъытэ хъуну[16]. Абым пэмыкӀыу шым и лъэгуанджэ кӀагъхэм лыпцӀэ кӀэлъкъым - фэ, цы, къумшъхьэ, хуэ, хъыщтхэр, зэпыдзэхэр джоуэ а и лъэгур фэ бжыгъэкӀэ зэхэт-зэтеубыдахэм къыхокӀыр[16].

Лъабжьэр

Шы лъабжьэр - лъэхъуамбэм бжъэгъу телъ, ауэ, Ӏув Ӏэуэ щыту, кератинрэ пигментрэ бэуэ зыхэлъ фэм и шъхьэгъу, Ӏэхъуамбэхэм ятет Ӏэбжъанэхэм яхуэбгъэлъытэ хъуну абымкӀэ. Ауэ, и кӀуэцӀ дыдэм хэт шъхьэгъур, дермэм Ӏухьэм пигментхэр хэлъкъым ар кӀы шъхьэгъура. А шъхьэгъум и целлулахэр зэпамыуду мэгуэчхэр, ахэра бжъэгъум и нэхъыбэр къызхэкӀыр.

Лъэгум и лъапэм щыкӀэдзауэ сантиметрэ тӀу-щыкӀэ дэкӀуэуэ бжъэгъу фэ пӀакӀыу миллиметрэ зытӀущ хъууэ и Ӏувагъыр телъ, абым лъэгур ехъымэ псы зкӀимгъэфу[16].

Адыгэшхэм я лъабжъэ быдагъэмрэ я сурэтымрэ къыхагъэкӀ адрей шы лӀэужъыгъуэхэм. Адыгэшхэм я лъэгудыгъуэр езы лъабжъэм кууэ, кӀуэцӀым илът, езы лъабжьэр хъуреуэ, лъагу щыту, къумшъхьэм хуэду быду.

Джаныгъэр

Шым и джаныгъэр цӀыхум ем нэхърэ куэдкӀэ нэхъыфӀу щыт. Псэушъхьэшххэм зыщахъумэным есахурэ, дуней зыхэтым, я хъуреягъэм къэхъулӀэм шыхэр яхуэсакъу щытхэ счыгъуи[17]. Я нэхэр адрей шэрыпӀ шӀым щыпсохэм ялъытамэ нэхъ индыду щытхэ, икӀи шъхьэм и бгъумкӀэ щыӀэхэ. Шыхэр я лъэгъукӀэр 350 ° фӀокӀыр, абым 65 ° щыщыр бинокулар лъэгъукӀыу щыт, адрей 285 ° монокулар лъэгъукӀэ. Шыхэм дэгъу джэщми махуэми ялъагъухэ, ауэ фэуэ зэхазыф къуэдер фэхэм тӀу — плъыжьрэ удзыфэрэ, цӀыху нэфыгъэм (далтонизм) хуэду, плъыжь зыхэлъхэр нэхъ къабзу ялъагъур, къуэлэныфу щытхэр удзыфэ хуэду ялъагъу[18].

Я тхьэкӀумэхэр лъэшу щытхэ, 180 ° нэгъунэ ягъэзэфху лъэныкъуэ зэщымыщхэм, абыкӀэ 360 ° хъууэ, икӀи абым шъхьэкӀэ я шъхьэр мыхъеуэ къэнэфыну[17]. ЦӀыхум нэхъри нэхъыфӀу мэхэр къакӀыхьэ шъхьэкӀэ, шыхэр я пэм щыгугъэ хутралъхъу щыткъым, нэхъ лъэшу я Ӏэплъэпкъым щытыр я нэхэра[17].

Шыхэм ӀэфӀагъыр фӀыуэ зэхахыфу щытхэ, Ӏусыр абым шъхьэкӀэ зэхадзыр езыхэм ягу ирихьэр хахын шъхьэкӀэ, я ӀупэхэмкӀэ шыхэм джылэ нэхъ цӀыкӀу дыдэхэри зэхадзыфу щытхэ.

Шы лӀэужъыгъэхэр

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Шы лӀэужъыгъэхэр

Шыхэм я лӀэужъыгъэхэр бжыгъэ мэхъухэр куэдкӀэ зэшъхьэщыкӀху. Абым пэмыкӀыу шыхэм я тип зытӀущ къыхагъэкӀхэр, нэхъ зытегъэпсыхьам елъытауэ. 1993 гъэм дунейспом 427 шы лӀэужъыгъу тету къаӀохуа.

Шы лӀэужъыгъэхэр

И Ӏэплъэпкъым, гъэсэным, шхэным елъытауэ езы шыри зэрыхъунур мыхьэнэ хелъхьэ, къыхагъэкӀхэр — хьэлъэзешэш, уанэш, шыгъажэш.

Шыхэм я зэщымыщ лӀэужъыгъэхэр зэрзэхагъэкӀхэр:

— шӀыпӀэ къызхэкӀахэмкӀэ

  • мэзышхэр
  • губгъуэшхэр
  • къушъхьэшхэр

— зытегъэпсыхьахэмкӀэ

  • шыгъашэшхэр
  • зекӀуэшхэр
  • шыгуш[19]

— къызхэкӀахэмкӀэ

  • Ӏэсэхэр
  • ныкъуэӀэсэхэр
  • лъапсэрейхэр (хэку гуэрэм щыщхэр)

— зехуэнымкӀэ

  • жэрыбэхэр
  • хакӀуэпщӀэхэр
  • Ӏэсэ-хакӀуэпщӀэхэр

Къэгъэшъхьэпэгъуэр

Дунейпсом, лъэпкъ бжыгъэхэм шыр лэжьыгъэ бжыгъэхэм шъхьэкӀэ къагъэсэбэпт, и псынкӀагъэр, лъэшыгъэр абым ешъхьэпу. Иджыр къыздынэсым нэхъыбэм дежь псэушъхьэ лэжьыгъэм щыхэдэм нэхъыбу къыхаххэр шыхэра. МакӀыу, зэзэмызэкӀэ хом, зэнкӀэ зекӀуэным щыхуэныкъуэхэм дежь шым ипӀэкӀэ нэхъ шъэху щыт къыдырхэр, выхэр иэ махъшэхэр къагъэсэбэп шым и шэн джаным зэраныгъуэ къыхэмыкӀын шъхьэкӀэ.

Аутоматикэмрэ механикэмрэ дунер зэрекӀуэкӀам емылъытауэ, шыхэр иджыри къыздынэсым куэду къагъэсэбэпыр хадэ вэным, мэкъу дэшыным, мылъку мыинхэр зэрешэнымкӀэ, къушъхьэхэм зекӀуэнымкӀэ, былым гъэхъуным. Ветеренархэр, мэзхъумэхэр иэ пэмыкӀэ лъэжьыгъэм щыщ хулъхугъэхэр шыхэм куэду яхуэныкъу щытхэ, нэхъ кӀасу ар къызхэкӀыр къушъхьэ лъэныкъуэхэм дежь, гъогухэр гугъу здэщытым.

Шыл гъэшыуа гъэгъуа

Шылыр

Дунейпсом и лъэпкъ нэхъыбэхэм шыхэр я лыми шъхьэкӀэ зэрахуэхэ. Адыгэхэм зэи шыхэр я лым шъхьэкӀэ зэрахуэхэтэкъым, адыгэ шхыни шылкӀэ яупшъэфӀ щыӀэкъым.

Еуропей лъэпкъхэм шылыр хьэӀус хуэду ягъакӀуэт счыгъуи я тхыдэм, лъэпкъ гуэрэхэм шылымрэ шыбзычэмрэ я шхын къыхах. Шыбзычэм къыхах шхур (къымыс) - цӀыху узыншагъэм къышъхьэпу ялъытэр, джаныгъэ цӀыхум ириту шхалъэ иэ тхьэмбыл къызэузхэм яшъхьэпу. Иджырей зэманым куэдым шыбзычэмкӀэ бгъэкӀэс сабийхэр ягъашхэ.

Шылым нэхъ кӀасу здыпылъхэр КъукъазкӀыбагъу къэралхэм, Азиэ Курытым, Еуропэм (Фрэндж, Урым, Белгэ). Еуропэ къэрал къебжэкӀахэм Японым, Якутиэм шылыр шын нэхъыфӀхэм ящыщу къалъытэр. Шылъыр тхьэмкӀыгъум къышъхьэпу щыт цӀыхум гъуэжьуз къеуза яуж, шым и шэр шӀэӀэм писыкӀам, шӀэӀэ къызхэхьэхэм и гъэхъужьыным шъхьэкӀэ къагъэшъхьэпэр.

Шыхэр зауэм

Тхыгъэ нэхъышъхьэхэр: Шуудзэ, Адыгэ шуудзэ
Адыгэ шуудзэ гуп Шамым. 1946 гъ. Дзэзэшу япэ итыр фрэндж Филип Коле

Шыхэр зэуэхэм япэреуэ хагъэхэн здыкӀадзар Псыхъуэзэхуакум (Месопотамиэ)илъэс минищкӀэ ди лъэхъэнэхэм я пэм. X ди лъ. я пэм абыдежьым япэрей шухэр къожьэ. Абым щыкӀэдзауэ къагъэсэбэпын кӀадзэ зауэхэм лъэпкъу хъуам шыхэр здэпсэуа хэкухэм. Шыхэр къэралыгъуэ мылъку къалъытэн кӀадза: шыфӀ щымыӀэмэ зауэм текӀуэныгъи щыӀэнукъым. Абым шъхьэкӀэ шы кӀэлъыплъыныр зэуэлӀхэм я пшъэрылъ хъуа. ЦӀыхухэм шы лӀэужъыгъэхэр къыхагъэкӀхэр, шыхэр нэхъ лъэшху, нэхъыфӀ хъууэ, я ӀэплъэпкъкӀи я сурэткӀи.

XX лъэхъэнэм и кум нэс шым и мыхьэнэр хьэлъэзешэ хуэду индыдэ хъуат. ЕДЗ-м и кӀэдзэгъуэм дежь, къэрал зау хъуам я топыдзэхэр, шыхэм зэрачэхэт.

Шыхэр схуэдэ шӀыпӀэми пхырокӀыфхэр, аутом елъытамэ. Абым шъхьэкӀэ мэзхъумэ гупхэм шыхэр хьэлъэзешу, мылъкузешу къагъэсэбэпхэ.

Ди зэманым шыхэр полициэм, пэштыхьхэм иэ президентхэм яцӀэ зэтеӀуа шуудзэ гупхэм къагъэсэбэпыр. Псалъэм папшъу къэрал зэфӀэува куэдым я пэлициэм къалэхэм нэхъыбу шыхэр къыхах нэхъ тынчыгъу, аутор куэдым здыхэмыхьэфынум, здэпхырымкӀыфынум дежь шыр счыгъуи хэкӀыфыну.

Шыхэр цӀыхухэм я хабзэхэм

Лъэпкъу хъуам шы зехуэным епхауэ шытхэтэм пкӀэшхуэ а псэушъхьэхэм хуашъхэт пэсырейдыдэ зэманыгъуэхэм ящыкӀэдзауэ Ӏэшъагъэхэм, уэрэдхэм, таурыхъхэм, усэхэм, лэчтхыгъэхэм шыхэр зыхэтыр бжыгъэ.

Адыгэхэми хабзэ бжыгъэ яӀа шыхэр хэту. Абыхэм ящыщу къэӀохуа хъунухэр куэд темыкӀауэ лъэпкъым хэлъахэр пщым иэ лъакъуэлъэшым и хьэдэ кӀэлъхьэм хэтамрэ и илъэс хьэдэӀусыр зэрырагъэкӀуэкӀтэмрэ. Хьэдэ кӀэлъхьэм щыгъуэ машэм хьэдэр иралъхьа яуж и шыр щэ ихъуреягъкӀэ къырачэкӀт, яужым Хьэдырхэ ехыжьам и зы къуэхэм ящыщым и адэм и сэшхуэр салъэм къырихти шым и тхьэкӀумитыр пиудт. [20]. ЕтӀуанэ къэӀохугъуэр илъэс хьэдэӀусыр зэрырагъэкӀуэкӀтэра — зэркӀадзэтэр шыгъажэкӀэ, ар къэзыхьахэм (япэрей нэрыбгищым) шы Ӏэмэпсымэ, уанэ, пщылӀ, Ӏэшэ къалъысыфынухэт. Шыгъажэм яуж цӀыхухэр Ӏэнэм хуашэхэт, хьэдэӀусым яуж пщыхэмрэ уэркъхэмрэ я шыхэр Хьэдырхэ ехыжьауэ зи хьэдэӀус ирагъэкӀуэкӀым и къашъхьэм идежь къачэхэти я тхьэкӀумакӀэхэр паудхэт сэшхуэкӀэ, яужым шэкӀ лъапӀэ ятрапхъуэт «шыджанэ». Яужым шухэр гупитӀу зэхэкӀхэти джэгу кӀадзэт, зэкӀэлъежьэху, япэ итхэм я «шыджанэхэр» къытрахыным пылъху, а джэгум яуж пэмыкӀ къыкӀэлъыкӀуэт «дэфэзехьэ шыгъажэ».

Еплъ иджыри

Гулъытыгъуэ

  1. 1.0 1.1 1.2 Энсминджер.Шыхэмрэ шуун Ӏэсагъэмрэ нап. 46-50
  2. Шым и ныбдж Мэкъумэшым и министериэ. Шхынымрэ къуэджэгъуэ лъэжьыгъэхэмрэ. Онтарио и ӀэнатӀэгъуэ. Б. Райт. 1999 гъ. гъатхэпэм и 29 (индж.)
  3. Пони нэхъ жъыдыдэр илъэс 56 хъуауэ лӀа. TheHorse.com Э. Райдер. 2007,05,31. (индж.)
  4. Британиэ лъэпкъэгъу шыхэмкӀэ Британиэ лъэпкъэгъум и къэӀотэгъуэхэр шуунымкэ нап. 255
  5. Аустралиэм шууным и хабзэтхылъ Аустралиэм и жокей клуб. 2008,07,09 (индж.)
  6. Ныбджым и кӀэупшӀэгъуэ (Уи шым и ныбджыр, къашъэ)! Америкэм и лъэпкъэгъу лъэш шууным теухуауэ. 2008,04,05. (индж.)
  7. 7.0 7.1 Шы-гурылъыгъуэ (урыс.)
  8. Хъан Джэрий «Адыгэ Хэкум теухуа тхылъхэр». нап. 136-245.
  9. 9.0 9.1 9.2 М. Бонджианни Симонрэ Шустеррэ, дунейпсо шыхэмрэ понихэмрэ нап. 1,68,69
  10. Уитакер Шыхэр нап. 60
  11. «Thumbelina» - Дунем и нэхъ цӀыкӀу шы. Daily Mail (Лондон). А. Мартин 2006,10,08. (индж.)
  12. Шымрэ понимрэ я зэшъхьэщыкӀыгъуэ
  13. Шыхэм я фэр къуэӀохугъэмрэ тепсэлъыхьыгъуэмрэ (урыс.)
  14. 14.0 14.1 ZooLife Шыхэм я зэпыхьэгъуэр, шы псэфымрэ шыкӀэхэмрэ зэркӀэлъыплъыным. (урыс.)
  15. ЯХУЭМЫФАЩЭУ лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Шэрджэс А. 2009 гъ.
  16. 16.0 16.1 16.2 Шым и топографиэ анатомиэ Аквариум Принт. П.К. Гуди. 2006 гъэ. нап. 12. (урыс.)
  17. 17.0 17.1 17.2 Энсминджер Шыхэмрэ Уанэшхэмрэ нап. 309–310.
  18. Къуэлэну зылъагъухэр. Шыхэр McDonnell, Sue. 2007-07-27. (индж.)
  19. Адыгэ-урыс-къэбэртэе гущыӀалъ. Гъыщ Н. Гъыщ Н. Мыекъуапэ. 2005 гъ.
  20. Путешествия по России и в кавказские земли. Кох К. АБКИЕА. Н 622.

Тхыгъэхэр

  • Черкесское наездничество — ЗекӀуэ. Марзей А.С. Налшыч. «Эльбрус». 2003 гъэ.
  • Альбом пород лошадей СССР. С. Афанасьев, В. Ляхов. 1953 гъэ. Мэзкуу
  • Путешествия в Черкесию. Э. Спенсер. 1993 гъэ. Мыекъуапэ.

ТехьэпӀэхэр