Домбей версиехэм я зэщхьэщыкӀыныгъэхэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Content deleted Content added
No edit summary
No edit summary
27 сатырыр 27 сатырыр
Домбейхэр гупурэ мэпсоухэ щым къыщыкlэдзауэ тlокlым нэгъунэ, джэмрэ шкlэрэ зэхэту. Гупым янэхъыжъыр джэм сытчыгъуи. Гухэм язакъу мэпсоухэ, илъэсым зэ нэхъ джэмхэм гупым яхэмыхьу. Джэмым яхэхьан щыхуэжьэр дунем елъыта: хуабэм, шlыlам, къэру яхуримыкъумэ. Абы шъхьакlэ Домбей зэповедник-зэказникхэм яlыгъхэр ( фlыуэ здагъашхэм ) гур щыхуэм иде джэмхэм яхэхьафыну, дунер фlымэ. Хуиту псо Домбейхэр август-сентябрм яхохьа джэмхэм. Гухэр зэпеуэн кlадзэмэ хьалъу зауlажьинкlи мэхъур. Шlымахуэм гуп зтlущыр зэхыхьауи мэхъу зыгупышху, гу зтlущи яхэту. Джэмыр мэзибгъукlэ псэф. Маймрэ иэлымрэ язэхуакум малъхуэхэ.

[[Category:Wp/kbd]]

[[Category:Псоушъхьа]]
[[Category:Псоушъхьа]]

03:19, 25 Мэлыжьыхь 2010 версие

Домбей ( ур-бз Зубр иэ Bison bonasus) - бизонхэм ящыщ, бжъэнэкlы лъэпlкъым ящыщу, Американ бизоным ехьч lэй, зэхэхьи мэхъу. Абы шъхьакlэ зэзэмызэкlэ зыуэ ялъытэхэ.

Домбей

Iаплъэпlкъыр

Домбейр нэхъ ину нэхъ хьалъу щыт Еуропэм ишlэм ис псоушъхьахэм, икlы изакъуэ къэнэжьа мыlарыпl былымым ящыщу. Икlыхьагъыр 330 см мэхъу, илъэгагъыр метритlым фlокlыр, ихьалъагъыр зытоннэм носыр. Бизонми хуэду, цы гъуабджэ ув тет, шкlэхэм яр плъыжьыфу щыт. Шъхьао хуэкlэкlыу щыт, егъэзыхауэ, "жакlэ" тету, мыину бжъакъуит иlа. Домбеймрэ Бизонымрэ lэуэ зэшъхьащыкlкъым. Домбейм иджабэр нэхъ лъагэ, ибжъакъуэхэмрэ икlэпэмрэ нэхъкlыхьхэ. Домбейм ишъхьар Бизоным ем нэхъри нэхъ lэта, гъэ хуабэр къыщихьакlэ Бизоным икуэпкъхэм цыр йокlыр, кlэкlыу къонэ, Домбейм илъэспсом зэркlыфу цыр зэхуэдизу тет. Яинагъкlэ тlури зэхуэдиз ауэ Бизоным ипlкъыр егъэзыха хуэду зэрщытым шъхьакlэ нэхъ быдафэ тоуэр.

Домбей лъэпlкъыр тlуэ ягуэч - беловеж домбейрэ (B. b. bonansus) кавказ домбейрэ (B. b. caucasus). Кавказ домбейм ицыр нэхъ къуафlцlэ икlи нэхъ бэрину щыт.

Гъашъэр зэрекlуэкlыр

  • Кlыфэм икlыхьагъыр - м. 3
  • Илъэгагъыр - м. 2
  • Ихьэлъагъыр - 1 тоннэ
  • Зэрыпсор - 23-25 илъэскlэ
  • Зэрыпсэфыр - мэзибгъу
  • Iаплъэпlкъыр щызэфlэувэр - 1,5 - 2 илъэсым
  • Нэхъиндыдэ щыхъур - 5-6 илъэсым дежь
  • Гур 1/3 джэмым нэхъри нэхъ ин
  • Япэ щылъхуэр - 4 илъэсым дежь
  • Шкlэр мазитхум хуэдиз ягъашхэ
  • Шкlэр къыщалъхум ихьалъагъыр - 19-25 кг.
  • 1,5сэхьат текlауэ къалъхуа нэуж, шкlэр лъэм тоувэ
  • Шкlэм удз ишхын щыкlидзэр махуэ 19-22-хэм

Здэпсохэр

Япэдыду Домбейхэр здэпсоуар Переней полуострэвым къыщыкlэдзауэ Сыбырым изапэдым нэгъунэ, абы Инджылызымрэ Скэндинавиэм июгыр хэту, а хэкушхуэм мэз закъуэкъым здыкlэсахэр, губгъуэми итахэ. Цlыхум зэпимыуду зэрешъакlуэм шъхьакlэ Домбейр мэздэгу къуэдехэм къыкlыкlэнар. Полшэм иде зы къэнэжьар 1921 гъэм брэконьерхэм яукlа, Кавказым щы къэнэжьар 1926 гъэм яукlа, lуашъхьа Алоус идежь. Идыпсу щыlа Домбейхэр, зоопаркхэм къырагъэкlауэ, специал программэмкlэ, зэфlагъэувэжьыным шъхьакlэ. Заповедникхэм: Полшэм, Урысыхум, Литвэм, Молдлвэм, Укрэинэм, Кэвказым джоуэ.

Шэныр