КъуэкӀыпӀэ-Сыбыр Хы

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
‎(КъуэкIыпIэ-Сыбыр Хы къызыхэкӀар)
КъуэкӀыпӀэ-Сыбыр Хы
Здыхэтыр: Арктикэ Хышхуэ
Инагъыр: 944 600 км²
Ихуэр: 60 700 км³
Кууагъ нэхъ иныр: 358 м
Кууагъ курытыр: 66 м
Псы хэлъадэхэр: Индигиркэ, Колыма
КъуэкӀыпӀэ-Сыбыр Хы Уикисурэтылъэм

КъуэкӀыпӀэ-Сыбыр Хы (урбз. Восточно-Сибирское море, як-бз. Илин Сибиирдээҕи байҕал) — Урысейм и ишхъэрэ Ӏуфэм деж Ӏулъ, Арктикэ Хышхуэм и кӀэух хы. Хыр Новосибирск тӀыгухэмрэ Врангел тӀыгумрэ я зэхуакум дэлъщ.

Юлий Шокалский и лъэӀум къыхэкӀыу, Урысей хэкумэтх зэхуэсым хым и цӀэр фӀищащ 1935 гъэм, а гъэ дыдэми къэралым а цӀэр хым триубыдащ. XX лъэхъэнэр къихьэх хым иреджэу щтащ ИндигиркэкӀэ е КолымакӀэ.

Хэкумэтх[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Хыр гъэмахуэм

Хым и инагъыр 944 600 км² мэхъу. И нэхъу ин кууагъыр 358 метрэм нос, кууагъыр 66 метрэ мэхъу.

Хыр ӀузэвхэмкӀэ епхащ хы Чукоткэмрэ, хы Карскымрэ. Хы Ӏуфэр и кумкӀэрэ и къухьэпӀэ лъэныкъуэмкӀэрэ захуу щытщ, псы ирижэхэм къуэр далъэсыкӀауэ. А Ӏуфэм деж пшахъуэ зэтехьапӀэрэ тӀыгурэ куэду Ӏулъхэщ. КъуэкӀыпӀэ ӀыхьэмкӀэ Ӏуфэр джабэу щытщ, абдежым дей иӀэ Ӏуфэ гуэхупӀэхэм я лъэгагъыр 400 метрэм фӀеху. Псом нэхъ нэхъ джабэу щытыр Врангел тӀыгуращ, абы и Ӏуфэр псори джабэ защӀэу щытщ.

Хым и нэхъыбапӀэ Ӏыхьэм илъэс псом мылым зэщӀищтауэ иӀыгъщ. Гъэмахуэм деж Ӏуфэм деж Ӏулъ мыл тӀыкӀуращ ткӀужыфыр, адрей хы Ӏыхьэм деж мылыр зэри ткӀужкъым.

Шаууагъыр хым и Ӏыхьэ зэрызхэм Ӏейуэ зэщхьэщокӀхэр, апхуэдэ хы Ӏуфэм деж псым и шууагъыр 5 промил хъууращ, хым икухэм деж шууагъыр 30 промилэм нэс докӀуей. Апхуэдэу зэщхьэщыдзэихуэ абы щиӀэр, хы Ӏуфэм деж, псы къабзэ ин куэд зэрыхэлъадэращ.

Хым хэлъ тӀыгухэм нэхъ инхэщ — Новосибирск, Лах, Де-Лонг тӀыгухэращ. Хым икум тӀыгу зыри итыхэкъым.

Нэхъыщхьэ портыр — Певек къалэращ. Хым псэущхьэхэм ящыщу, куэду хэсхэщ туленхэмрэ моржхэмрэ.

Псы хэлъадэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Хым кӀэщӀхэми, псы псыкуэд холъадэхэр. Абы хэлъадэ псыхэм нэхъ иныр — Индигиркэ псыращ. Абы нэмыщӀ нэхъ ин псыхэм хэббжэ хъунущ Колыма псыр. Абыхэм нэхърэ нэхъ жьгъейхэу псы Ӏэджи абы холъадэхэр.

Ӏуфэм деж хыжьэ куэд дэбзыкӀа хым иӀэщ, абыхэм ящыщу нэхъ инхэщ — Чаун, Омулах, Хром, Колыма хыжьэхэр.

Хы лъэгум и релеф[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Хыр зэрыщыту континетал шелфым телъщ. КъуэкӀыпӀэ ӀыхьэмкӀэ хым и кууагъыр 54 метрэм нос, икумрэ къухьэпӀэ лъэныкъуэхэмкӀэрэ хым и кууагъыр 20 метрэм щӀигъу къудейуэращ. Хым и ишхъэрэ ӀыхьэмкӀэ кууагъэхэр 200 метрэм фӀеху. Псом нэхъ нэхъ куу дыдэ пӀэр хым и ишхъэрэ пӀэм деж хозэ. А пӀэм деж хым и кууагъыр 915 метрэм нэс йох.

Температурэ режим[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Хыпсым и температурэхэр Ӏейуэ мащӀэхэщ илъэс псом. И ишхъэрэ ӀыхьэмкӀэ температурэр илъэс псом −1,8 °C фӀэкӀкъым. И ипшэ ӀыхьэмкӀэ, Ӏуфэм Ӏулъ псыхэм я температурэр гъэмахуэм +5° нэс докӀуей. Псом нэхърэ нэхъ хуабэ хыр щыхъур гъэмахуэм и кӀэм деж, апщыгъуэхэм псыпэхэм деж температурэр +7°С нос.

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Литературэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Шамраев Ю. И., Шишкина Л. А. Океанология. Л.: Гидрометеоиздат, 1980 гъэ.