Ӏэпэлъхэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Ӏэпэлъхэр
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Magnoliophyta
ХэкӀ: Magnoliopsida
ХэкӀыгъуэ: Lamiales
Лъэпкъ: ФӀарий лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Ӏэпэлъхэр
Латин цӀэр
Digitalis
Linnaeus


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 33582
NCBI 4163

БегъымбарӀэпэлъ е Ӏэпэлъ (лат-бз. Digitalis) — лӀэужьыгъуэ зыбжанэу гуэшыжьа удз лъэпкъэгъущ.

Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Къаукъазым Ӏэпэлъэу лӀэужьыгъуитху къыщокӀри, псори илъэс бжыгъэкӀэ мэпсэу, лъабжьэ быдэ яӀэщ. Гъагъэхэр инхэщ, Ӏэрамэ кӀыхьхэу зэхэту, удз щхьэкӀэхэм къапедзэ, къапщӀийхэр, удзыр зыхуэдэ лӀэужьыгъуэм елъытауэ, плъыжьхэщ, пшэплъыфэхэщ, гъуэжьхэщ, гъуэжь-хужьыфэхэщ.

КъыздэкӀыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Зи къэпщӀийр плъыжь Ӏэпэлъ лӀэужьыгъуэр цӀыхухэм къагъэкӀ, Еуропэ КъухьэпӀэм къырашауэ, адрейхэр езыр-езыру ди щӀыпӀэхэм къыщокӀ. Мэзхэм, бгыщхьэхэм уащрохьэлӀэ.

Къэгъэщхьэпэгъуэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ЛӀэужьыгъуэ псори хущхъуэу къагъэщхьэпэ.

ЛӀэужьыгъуэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]


Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.