Jump to content

Эспаныбзэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ

Эспаныбзэ (испаныбзэ), е кастилыбзэ (зэрызэджэжъ: español [espaˈˈol]), е кастилыбзэ (и цӏэр: castellano [kasteˈˈano] е [kasteˈˈano]) — испанхэмрэ Латин Америкэм щыпсэу лъэпкъхэм я нэхъыбэмрэ я бзэр. Испаныбзэр роман гупым хохьэ. ООН-мрэ ЮНЕСКО-мрэ я бзэ нэхъыщхьэхэм ящыщ. Испаныбзэр дунейпсо зэгухьэныгъэ куэдым я официальнэ бзэщ икӏи инджылызыбзэмрэ франджыбзэмрэ яхуэдэу дуней псом нэхъ щадж хамэ къэралыбзэхэм ящы. Дунейм и етӏуанэ анэдэлъхубзэр (ищхъэрэ китайыбзэм и ужькӏэ), дунейм и бзэр зыӏурылъхэм я бжыгъэмкӏэ еплӏанэр, инджылызыбзэм, китай ищхъэрэм, хиндустаным яужькӏэ. Къызэралъытэмкӏэ, дуней псом испаныбзэкӏэ анэдэлъхубзэу цӏыху 500 мелуан нэс щызопсалъэ, испаныбзэкӏэ етӏуанэ бзэу псалъэ цӏыхухэм я бжыгъэр къэплъытэмэ, къэпсалъэхэм я бжыгъэр 600 мелуан щӏегъу. Испаныбзэри Инджылызыбзэмрэ китаибзэмрэ яужькӏэ Интернетым ит веб-сайтхэм ещанэ бзэ нэхъ къыщагъэсэбэпу щыт[1].

  1. https://www.ethnologue.com/language/spa/