Jump to content

Tӏэшъу Стефан

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
‎(Стефан Черкезов къызыхэкӀар)
Tӏэшъу Стефан
Къыщыхъуар: 1937 мэлыжьыхьым и 26(1937-04-26)
Дунейм щехыжар: 1963 шыщхьэӀуэм и 16(1963-08-16) (26 гъ.)
Лъэпкъыр: Aдыгэ-Болгар

Tӏэшъу Стефан[1][2] (бол.-бз. Стефан Черкезов) - Aдыгэ дохутырыр Бaлгарием щыщщ.[3][4] И гъащӀэр итащ цӀыхухэр автобус мафӀэм къыхишу ахэр къригъэлын папщӀэ, абы къыхэкӀыу ар Болгарием и лъэпкъ лӀыхъужьщ.

Ар къалъхуащ 1937 гъэм мэлыжьыхьым и 26-м Виноград къуажэм. Ар Адыгэ унагъуэ "Тӏэшъу" (Тешев) щыщт.[1][2] 1963 гъэм щӏышылэм и 1-м щегъэжьауэ Стрелец къуажэм дохутыру щылэжьащ.

Гъэм шыщхьэуӏум и 15-м, 1963, къэхъуащ насыпыншагъэ хьэлъэ. Автобусыр цӏыхухэмкӏэ гъэнщӏауэ фэху машинэм жьэхэуэри, мафӏэ къыщӏэнащ. Дохутыр Стефан автобус мафӏэм цӏыху 47-рэ къыхишащ, икӏи къригъэлащ. Ар къыкӏэлъыкӏуэ махуэм лӏащ, мафӏэм щигъуэта фэбжь хьэлъэхэм къыхэкӏыу. Болгарием лъэпкъ махуэшхуэ щагъэлъапӏэ абы и фэеплъу икӏи щӏыпӏэ куэдым и цӏэр фӏащащ.

  1. 1 2 https://aheku.net/news/diaspora/484
  2. 1 2 https://ghuaze.net/bulgaristan-stefan-cerkezovun-fedakarligina-ithafen-15-agustos-tip-calisanlari-gununu-kutluyor/
  3. https://aheku.net/news/diaspora/484
  4. https://ghuaze.net/bulgaristan-stefan-cerkezovun-fedakarligina-ithafen-15-agustos-tip-calisanlari-gununu-kutluyor/