Къэрмэфибл версиехэм я зэщхьэщыкӀыныгъэхэр
цӀ r2.7.3) (бот добавил: oc:Giròfle |
цӀ r2.7.1) (бот добавил: or:ଲବଙ୍ଗ |
||
102 сатырыр | 102 сатырыр | ||
[[nrm:Cliou d'giroufl'ye]] |
[[nrm:Cliou d'giroufl'ye]] |
||
[[oc:Giròfle]] |
[[oc:Giròfle]] |
||
[[or:ଲବଙ୍ଗ]] |
|||
[[pl:Goździki]] |
[[pl:Goździki]] |
||
[[pnb:لونگ]] |
[[pnb:لونگ]] |
20:49, 11 Мазае 2013 версие
Къэрмэфибл | ||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||
|
||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||
Eugenia aromatica Linnaeus, Merrill & Perry | ||||||||||||||
|
Къэрмэфибл (лат-бз. Eugenia aromatica) — илъэс псом и кӀуэцӀкӀэ зи тхьэмпэ щхъуантӀу езыхьэкӀ жыг лӀэужьыгъуэщ.
И лъэгагъыр м. 20-22 нос, и тхьэмпэ цы зытемытхэр быдэ-Ӏувщ, тӀурытӀу зэпэщӀэту къудамэм тетщ. Гъэгъа цӀыкӀухэм кӀы япытхэр плъыжьыфэщ, къапщӀийхэр плъыжьыфэщ е пшэплъыфэщ. Абыхэм зыкъамытӀэщӀ щӀыкӀэ къыпаш, ягъэгъури, шхыныгъуэхэм халъхьэ, дагъэ къыщӀаху. Ванилин къыхах, парфумериэм, хущхъуэ Ӏэзэгъуэм къагъэщхьэпэ.
Молук хытӀыгухэм езыр-езыру къыщокӀ. XVII лӀэщӀыгъуэм, а щӀыпӀэр Голандиэм щиубыдам, къэрмэфиблыр нэгъуэщӀ хэкухэм къыщагъэкӀыну ирамыгъашэу щытащ, фейдэ хьэхуэгъу зыри къахуэмыхъун щхьэкӀэ. Ауэ фрэнджхэм XVIII лӀэщӀыгъуэм къармэфиблыр Рейунион хытӀыгум бэуэ къыщагъэкӀыу икӀи нэгъуэщӀ къэралхэм иращу яублащ. Мы зэманым Мадагаскар хытӀыгум къэрмэфибл жыг хадэ ину зыщаубгъуащ.
Адыгэхэм къэрмэфиблыр шхыныгъуэм халъхьэу, хущхъуэу къызэрагъэщхьэпэрэ бжыгъэ зэман щӀащ. Тропик хэкухэм къэрмэфибл лӀэужьыгъуэху 700-м нэс къыщокӀ, языныкъуэхэр жыгыу, адрейхэр гъурцу.
Бжыгъэм я пхъэщхьэмыщхьэм, тхьэмпэм, пхъафэм мэ дахэ щоу, хущхъуэ хэлъщ.
НэмыщӀ цӀэхэр адыгэбзэм
- Къэрымфибл — псыжь-инжыдж къэбэрдейхэм псэлъэкӀэ
- Лыхъулыщхгын — псыжь-инжыдж къэбэрдейхэм псэлъэкӀэ
- Мэхъыч — къэбэрдей
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ КъэкӀыгъэщӀэныгъэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхыгъэхэр
- Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. Хьэкъун Б. Налшыч. 1992 гъ.