Елэн версиехэм я зэщхьэщыкӀыныгъэхэр
No edit summary |
No edit summary |
||
51 сатырыр | 51 сатырыр | ||
[[Category:Дзыдзэ]] |
[[Category:Дзыдзэ]] |
||
[[Category:Псэушъхьа]] |
[[Category:Псэушъхьа]] |
||
[[bg:Пъстър пор]] |
|||
[[br:Pudask marellet]] |
|||
[[de:Tigeriltis]] |
|||
[[en:Marbled Polecat]] |
|||
[[es:Vormela peregusna]] |
|||
[[fa:زردهبر]] |
|||
[[fr:Vormela peregusna]] |
|||
[[he:סמור משויש]] |
|||
[[hu:Tigrisgörény]] |
|||
[[it:Vormela peregusna]] |
|||
[[ka:ჭრელტყავა]] |
|||
[[lv:Lāsumainais sesks]] |
|||
[[nl:Gevlekte bunzing]] |
|||
[[no:Marmorilder]] |
|||
[[pl:Tchórz marmurkowy]] |
|||
[[ru:Перевязка]] |
|||
[[sv:Tigeriller]] |
|||
[[ug:تاغىل سېسىق كۈزەن]] |
|||
[[uk:Перегузня звичайна]] |
|||
[[zh:虎鼬]] |
16:29, 13 ФокӀадэ 2010 версие
Елэн | ||||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||||
|
||||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||||
Vormela peregusna Güldenstädt, 1770 | ||||||||||||||||||
|
Елэн (ур-бз. Перевязка, лат-бз. Vormela peregusna) - шэрыпӀ псэушъхьэ, дзыдзэ лъэпкъым ящыщ. КъуэкӀыпӀэ Еуропэм, Азиэ КъуэхьэпӀэмрэ Курытымрэ щопсоу.
Ӏэплъэпкъыр
И сурэткӀэ елэныр губгъуэ дзыдзэм ехьч, ауэ нэхъ цӀыкӀу щыт. И кӀыхьагъыр см 29-38 мэхъу кӀапэр хэту. Инхэм я хьэлъагъыр г 370-730 мэхъу. Адрей псэушъхьэ я лъэпкъым хэтхэм елъытамэ елэнхэм я хъухэри я бзыхэри зэхуэдиз, я инагъкӀэ зэшъхьэщыкӀхэкъым. Я кӀыфэр псыгъуэ кӀыхьу щыт, лакъуэхэр кӀэкӀыу, дзыдзэ псоми хуэду. КӀыфэм ишъхьэмкӀэ гъуабджэ-кӀынфӀу щыт, гъуэжь хэпхъауэ. И кӀагъымкӀэ фӀыцӀу щыт. Я нэӀур фӀыцӀэ хужьу зэхэлъ, хужьу я жэм ихъуреягъымрэ натӀэмрэ ирокӀуэ, яужкӀэ еху. Я тхьэкӀумэхэр иныфӀу щытхэ, кӀапэр бэлацэ.
Здэпсохэр
Елэнхэм я шӀыпӀэр Еуропэм и къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэмрэ Азиэмрэ. Балкан хы тӀыгуныкъуэм къыщыкӀэдзауэ Азиэ КъуэхьэпӀэм носыр (Аравий хы тӀыгуныкъуэр хэмыту), Урысейм ишъхъэрэ лъэныкъуэмкӀэ хокӀыр, Китаймрэ Монголымрэ я ипшъэ-къуэхьэпӀэ лъэныкъуэм нэс макӀуэ. Елэнхэр шӀыпӀэ нэхъ гъушъэхэм щопсоухэр , жыг здэщымыӀэ губгъуэхэм, пшахъуалъэхэм. ЗэзэмызэкӀэ удзкӀэ зэхэкӀа джабэ лъэныкъуэхэми щалъагъухэр. МакӀыу а псэушъхьэхэр къушъхьэхэми щагъуэтхэр м 3 000 лъэгапӀэхэм. Ди лъэхъэнэ къэкӀуэкӀым елэн куэдхэр санэхухадэхэм, паркхэм, хьаблэхэми щопсоухэ.
Зэрыпсохэр
Я псоукӀэмкӀэ елэнхэр губгъуэ дзыдзэхэм яхьч. Нэхъ я фӀэфӀыр бджэхьэшъхьэмрэ джэщымрэ, макӀыу махуэхэм мэшъакӀуэхэ. И нэхъыбэм махуэр гъуэм ису ягъакӀуэ. Гъуэр иэ езыхэм къыратӀыкӀ иэ пэмыкӀ псэушъхьэхэм къагъэнауэ ягъуэтхэм иотӀысхьэхэ. Я гъашъэр зэрызу мэпсохэ, щы зэпыхьэнум идежь мыхъумэ. ШӀыпӀэ яубыдхэр зэхэхьэуи мэхъу ауэ ар зэпаубыду абы шъхьэкӀэ зэзау щыхъухэр макӀэ, и нэхъыбэм зэрмылъагъу, зэпэкӀэмыху псоун къыхаху. Згуэрэ къыщытеуэкӀэ иэ лыгъэ гуэрэ къыщыхъумэ и цыр еӀэтри и кӀапэр игупэмкӀэ егъазэ, абы ифэм къытеуам къыгуригъэӀуэн шъхьэкӀэ зэран зэрхуэхъуфынур. Ахэм мыхьэнэ къамыхьмэ елэным и кӀапэ кӀагъым къыреутхыкӀ мэ Ӏэй зиӀэ псы.
Яшххэр
Елэнхэр шӀым зэршъакӀуэм хуэдэ къабзу, я лъэкъутӀым теувэху нэхъыфӀу заплъыхьын шъхьэкӀэ, жыгхэми дэпшеурэ мэшъакӀуэфхэр. Ауэ и нэхъыбэм зэрышъакӀуэр дзыгъуэхэм я гъуэхэм ипшъхьурэ. Зэ шъакӀуэхэр дзыгъуэхэм, жумэрэнхэм, жумэрэн гъуабджэхэм, бзухэм, щындырхъуэхэм, цӀывхэм.
Шырхэр
Елэным и псэфыныр мазэ пшъыкӀузым носыр, ар зытеухуар и яйцеклетка хур зыхэхьэр япэ шъыкӀэ «зегъэпсэху» яужым зэфӀэувэн кӀедзэ. Щылъхуэм идежь елэным зым къыщыкӀэдзауэ блым нэгъунэ шыр къыихьыфэну (нэхъыбэм плъы-тху къэлъху). Шырхэр цӀыкӀу Ӏэуэ, нэфу къохъухэ ауэ кӀэх хохъуэхэ, зы мазэ текӀа яуж бызышэр къагъанэ. Бзыхэм я Ӏэплъэпкъыр щызэфӀэувэр мэзищ щырикъум идежь, хъухэм илъэс щырикъум. Къагъэшъым шъхьэкӀэ яшъэр макӀэ ауэ ӀэрыпӀу яӀыгъхэр илъэсибгъу хуэдиз къагъашъэ.