Фрэндж версиехэм я зэщхьэщыкӀыныгъэхэр
цӀ r2.6.4) (робот изменил: got:𐍆𐍂𐌰𐌲𐌺𐌰𐍂𐌴𐌹𐌺𐌹 |
цӀ r2.6.5) (робот изменил: zu:IFulansi |
||
318 сатырыр | 318 сатырыр | ||
[[zh-min-nan:Hoat-kok]] |
[[zh-min-nan:Hoat-kok]] |
||
[[zh-yue:法國]] |
[[zh-yue:法國]] |
||
[[zu: |
[[zu:IFulansi]] |
15:45, 1 ФокӀадэ 2011 версие
Фрэндж Республикэ фр-бз. République française | |||||
| |||||
Къэрал уэрэд: «La Marseillaise» ( едэӀун (info)) | |||||
Щыхалъхьар | 843 гъэм 1958 етхуанэ республикэ | ||||
Нэхъышъхьэбзэхэр | фрэнджыбзэ | ||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Париж | ||||
Къалэ нэхъ инхэр | Париж, Леон, Марсел | ||||
ӀэнатӀэ хабзэр | Президент-парламентым я республикэ | ||||
Президент Премьер-министр |
Николя Саркози Франсуа Фийон | ||||
ШӀыпӀэр • Псори • % псым пӀэуэ иубыдыр |
47-нэ дунем 674 843 км² 0,26 | ||||
Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2010) • Ӏувагъыр |
65 447 374 цӀыху (20-нэ) 115 цӀыху/км² | ||||
ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2010) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$2, 675 трлн (8-нэ) $42,747 | ||||
Сомыр (Валутэр) | Еуро | ||||
Интернет-доменхэр | .fr; .eu | ||||
Телефон кодыр | +33 | ||||
Зэманыгъуэхэр | +1 |
Фрэндж (фр-бз. France, урбз. Франция, ицlэдыдэр псоуэ — Фрэндж Республикэ (фр-бз. République française)) — къуэхьэпӀэ Еуропэм щыщ къэрал. Къалэ lаташъхьар — Пэриж. Къэралым ицlэр джэрмэн лъэпlкъ франкхэм къахокlыр, Фрэнджым инэхъыбэ джылэ дэсыр галл-романску зэхэпхъа шъхьакlэ, ябзэр романскэ группэм щыщ.
Джылыу дэсыр — милыуан-65,4 (2010-нэ гъэмкlэ), абы 90 % — Фрэнджым иджылэ. Диныр — нэхъыбэр католикхэ (76 %). Хабзэкlэ къэралыр — пэлатитl парламент (Сенатрэ Къэрал Хасэрэ). Къэралыр 26 хэкукlэ гуэча.
Шlыпlэр
Фрэнджым и нэхъыбэ шlыпlэр Еуропэм и къуэхьапlэм хэлъ, гъунапкъэхэр ишъхърэ-къуэкlыпlэмкlэ Белгэм, Луксебыргым, Джэрманэм иде ирокlуэ, къуэкlыпlэмкlэ - Джэрманэм Шыуецарэм , ипшъэ-къуэкlыпlэмкlэ Монакомрэ Урымымрэ ипшъэ-къуэхьапlэмкlэ Эспаниэмрэ Андоррэмрэ.
Тхыдэр
486 гъэм Галл хэкур франкхэм яубыд Хлодвигыр яшъхьащыту. Апхуэду Франк къэралыр зэфlоувэ. Хлодвигыр япэрей пщыуэ хъуа Меровинг лъэпlкъым ящыщу. VII илъэсишъэхэм пщым икъэрур куэдын кlедзэ, lанатlэр мажордомхэм яубыд, зым абы ящыщу Карл Мартеллым 732 гъэм хьарып дзэр зэхекъутэри Еуропэм къуэхьапlэ лъэныкъуэм ирыгъэхьахэкъым, яригъэубыдкъым. Карл Мартеллым икъуэ Папин Кlэкlы япэре пщы мэхъу Каролинг лъэпlкъым ящыщу.
843 гъэм Верден тхылъымкlэ Къуэхьапlэ-Франк къэрал мэхъу Карл-Къуй шъхьащыту. Х илъэсишъэхэм Фрэнджкlэ еджэн кlадзэ.
- 1789 — Фрэндж револуцэшхуэ
- 1792 — Япэре республикэ
- 1795 — Нидерландыр еубыд
- 1797 — Венециэр еубыд
- 1798 — 1801 - Мысырым хохьэ, еубыд
- 1799 — 1814 - Наполеоныр тохьа
- 1815 — Ватерлоо изауэ
- 1848 — 1852 - Етlуанэ республикэ
- 1852 — 1870 - Наполеон III тет - Етlуанэ дунейпсо зауэ
- 1870 — 1940 - Ещанэрей республикэ
- 1939 — 1945 - Етlуанэ дунейпсо зауэ
- 1946 — 1958 - Епlлlанэ республикэ
- 1958 — м къыщыкlэдзауэ етхуанэ республикэ
Къэрал Дэмыгъэ
Иджырей къэрал дэмыгъэм дышъу, лавр къудамэрэ пхъэмыф къудамэрэ тету, якур джыдэкlэ убыдауэ, а псом яшъхьам жьlуху телъу хьарыфит "FR" тедзауэ.
Ныпыр
Фрэндж ныпыр щыуэ зэхэлъ — шхъуантlэ, хужь, плъыжь. Фрэнджым яхабзэр игъэлъагъу - хуитыныгъэ, цlыху хъуар зэхуэду - зэшъхьащымыту, зэкъуэшыныгъэ.
Хэкухэр
Хэку 26 гуэча: Аквитаниэ, Бретаниэ, Бургундиэ, Ил-дэ-Франс, Корсикэ, Лангедок-Руссил'он, Лимузен, Лотарингиэ, Нормандиэкlэ, Нормандиэпшъэ, Нор-Па-дэ-Кале, Оверн, Пикардиэ, Прованс-Алп, Пуату-Шаранта, Рона-Алп, Луарэ-Хэку, Франш-Контэ, Центр, Шампан-Арденнэ, Элзас, Перенеем июг. Икъэралгъунэм ипэджыжьэ хэку щыlахэр: Гуаделупэ, Мартиникэ, Реунион, Фрэндж Гуианэ.
Джылэр
Фрэнджым иджылэр 65,4 милыуан мэхъу (2010 гъэмкlэ). 20 щыт джылу дэсымкlэ 192 къэралу (ЛъЗ-м) Лъэпlкъхэр. 1975 гъэм нэхъыбу дэсар фрэнджхэра, лэпlкъ цlыкlухэм ящыщу элзасхэр, бретонхэр, джуртхэр, флэмандхэр, баскхэр, корсикхэр.
2005 гъэм Фрэнджым милыуани-3,6 хэку хэсу дэтlысхьа.
Дин
51 % фрэндж джылэм ящыщ католикхэ, 4 % — мыслимэн, 1 % — джурт диным пылъ. Абы пэмыкlыу 5 милыуан фрэнджу буддэ диным пылъ, а мылиуанитхум и 65 % дзэн-буддэ диным пылъ.
Еуропэм и къэралхэр |
||
---|---|---|
Къэралхэр | Aзыгъэй • Азэрбиджан¹ • Албаниэ • Алыджей • Андоррэ • Аустрэ • Белгиэ • Балгариэ • Боснэрэ Хьэрцеговинэрэ • Британиэшхуэ • Ватикан • Даниэ • Джэрмэней • Ермэлы¹ • Ирлэнд • Ислэнд • Къазахъстэн² • БгыфӀыцӀей • Латвиэ • Лэхьый • Литоу • Лихтэнштейн • Луксембург • Македониэ • Малтэ • Мэжарей • Молдавиэ • Монако • ЩӀылъабжьэхэр • Норуегиэ • Португал • Италэ • Румыниэ • Сан-Марино • Сербиэ • Слоуакэ • Слоуэнэ • Тырку² • Урысей² • Урысыху • Финлэнд • Фрэнджей • Хоруатиэ • Хъырцей¹ • Хуэхуэлей • Чехиэ • Шуэц • Шуэцарэ • Исбухьэн • Эстониэ • Шотлэнд • Уэлс | |
ЧӀыпӀэм шъхьэфимыт | Аландхэм хы тӀыгухэр • Гернси • Гибралтар • Джерси • Мэн хы тӀыгухэр • Фарерхэм хы тӀыгухэр • Шпицберген • Ян-Майен | |
Дунейпсом къамылъыта къэрал | Косово • Приднестровиэ | |
¹ Ныкъуэу е лъэныкъуэкӀэ Еуропэм хэт къэралхэр. ² Азиэм. |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ Фрэндж теухуауэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |