Сент-Лиусиэ
Сент-Лиусие (инджылыз. Saint Lucia [ɪseɪnt ˈluːəə]) — Сент-Винсент, Мартиникэ хытӏыгухэм я зэхуаку дэт Вест-Индием и Жьыбгъэ хытӏыгухэм зи цӏэ къитӏуа хытӏыгум тет хытӏыгу къэрал. Хытӏыгур ищхъэрэкӏэ Сент-Люсие псыдэжыпӏэмкӏэ, ипщэкӏэ — Сент-Винсент псыдэжыпӏэмкӏэ ятхьэщӏ, Кариб хым Атлантикэ хышухэм и акваторэмрэ зэпащӏэ. Щӏыналъэм и инагъыр километр зэбгъузэнатӏэ 616-рэ мэхъу. Къэралым и къалащхьэр - Кастри.[1]
Тхыдэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Сент-Люсие Колумбым 1502 гъэм дыгъэгъазэм и 13-м Люсие лъапӏэм и Махуэм къызэӏуиха. Зэпымыууэ жылагъуэ къызэрагъэпэщыну япэу яужь щихьар инджылызхэрщ 1605 гъэм къыщыщӏэдзауэ 1638 пщӏондэ, арщхьэкӏэ щӏыпӏэм щыпсэухэр-карибхэм я индей зауэлӏхэр — зэрыпэщӏэтам къыхэкӏыу къайхъулӏакъым[5]. 1640 гъэм и щэкӏуэгъуэ мазэм капитан Белл Филип Барбадос къикӏыу Лондон щыжиӏэрт: «Вест-Индием Барбадос пэмыжыжьэу Сент-Люсиекӏэ зэджэ хытӏыгу щыӏэщ. Иужьрей зэманым ар зыӏэщӏалъхьащ иджыпсту шхын, щыгъын, ӏэщэ, ӏэмэп-сымэхэр хуабжьу хуэныкъуэ инджылызхэм. А псори абыхэм зыхуэныкъуэр хытӏыгум щаӏыгъын дэнэ къэна, бийхэмрэ индеецхэмрэ япэщӏэтынымкӏэ ар яхъумэн папщӏэщ». Абы къыхэкӏыу хытӏыгум колонисти 140-рэ ягъэкӏуащ. Арщхьэкӏэ а ӏуэхур къехъулӏакъым: щӏыпӏэм щыпсэухэр къызэрытеуам и зэранкӏэ губернаторымрэ инджылыз куэдымрэ яукӏащ. Къела закъуэтӏакъуэщ Барбадосрэ Сент-Киттсрэ нэсыфар[6]. Хэкурысхэм зэгурыӏуэныгъэ иращӏылӏэри, франджыхэм щхьэдэхыпӏэ базэ 1643 къызэрагъэпэщыфащ. Франджыхэм жылагъуэр 1650 гъэм къызэрагъэпэщащ. 1651 гъэм Мартиникэм и губернатор Дидель дю Парк хытӏыгум и губернаторыр къищтащ[7]. XVII лӏэщӏыгъуэм икухэм къыщыщӏэдзауэ фошыгъу щӏапӏэхэм щылэжьэну африкэ пщылӏхэр куэду кърашэн щӏадзащ. Ауэрэ цӏыхухэм яхэту щытепщэ хъуащ африканхэмрэ мулатхэмрэ. Сент-Люсие Инджылызымрэ Франджымрэ зэпымыууэ яку дэлъ зэныкъуэкъум и теплъэгъуэт, Ар ӏэкӏэ зэпрыкӏырт, И бухтэ тыншымкӏэ Кастри къришалӏэу[2].
1664 гъэм Инджылызым иубыда. 1666 гъэм Франджым иритыжащ[3].
1723 гъэм Британием иубыда. 1756 гъэм Франджым иритыжа.
1762 гъэм Британием иубыда. 1763 гъэм Франджым иритыжа.
1778 гъэм Британием иубыда. 1783 гъэм Франджым иритыжа.
1796 гъэм Британием иубыда. 1802 гъэм Франджым иритыжа[3].
1803 гъэм Сент-Люсиер аргуэру зэ инджылызхэм яубыда. [псынэр махуэ 273-кӏэ къэгъэлъэгъуакъым] 1814 хытӏыгур, Париж зэгурыӏуэныгъэм ипкъ иткӏэ, Инджылызым хуэкӏуа, абы и колоние хъури. 1834 гъэм Британием и колониальнэ унафэщӏхэм хытӏыгум пщылӏыпӏэр щагъэкӏуэдыжа. 1838 гъэ лъандэрэ Сент-Люсие хытӏыгур британием И колонием Хэтащ Жьы Зыщӏэт Хытӏыгухэр. 1958-1962 гъэхэм Вест-Индие Федерацэм хэту. 1967 гъэм Сент-Люсие Инджылызым епха къэрал статус игъуэтащ икӏи къэрал кӏуэцӏ ӏуэхухэмкӏэ самоуправленэм хуитыныгъэ игъуэтащ. Щхьэхуитыныгъэ нэс Сент-Люсие иратащ 1979 гъэм мазаем и 22-м. 2012-2013 гъэхэм Сент-Люсие АЛБЭ альянсым хыхьа[3].
Зылъытапхъэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- ↑ https://krugosvet.ru/enc/strany_mira/SENT-LYUSIYA.html
- ↑ https://ru.wikipedia.org/wiki/%D0%A1%D0%B5%D0%BD%D1%82-%D0%9B%D1%8E%D1%81%D0%B8%D1%8F#CITEREF%D0%A8%D1%91%D0%B3%D1%80%D0%B5%D0%BD1972
- 1 2 3 https://ru.wikipedia.org/wiki/%D0%A1%D0%B5%D0%BD%D1%82-%D0%9B%D1%8E%D1%81%D0%B8%D1%8F#CITEREF%D0%A8%D1%91%D0%B3%D1%80%D0%B5%D0%BD1972