Сент-Китсрэ Невисрэ
Сент-Китсрэ Невисрэ (инджылыз. Saint Kitts and Nevis, МФА: [seɪntɪkɪts ænd ˈniːvɪs]), официальнэ фӏэщыгъэцӏэр — Сент-Китс Федерацэмрэ Невисымрэщ (инджылыз. Federation of Saint Kitts and Nevis), Сент-Кристофер, Невис Федерацэкӏи зэджэр (инджылыз. Federation of Saint Christopher and Nevis) — Кариб хым и къуэкӏыпӏэ лъэныкъуэм щыӏэ къэрал, хытӏыгуитӏу зэхэт - Антильскэ хытӏыгу Цӏыкӏухэм ехьэлӏа Сент-Китсрэ Невисрэ. Къэралым и инагъыр километр зэбгъузэнатӏэ 261 — рэ мэхъу. цӏыху 54 341 — рэ щопсэу (2022). Бастер къалащхьэр Сент-Китс хытӏыгум щыӏэ. Инджылызым и пащтыхьыр зи унафэ лъэпкъхэм я Зэгу-хьэныгъэм хэт. Къуэкӏыпӏэмкӏэ Антигуа-мрэ Барбудэмрэ, ипщэ — къуэкӏыпӏэмкӏэ-Монтсеррат (Инджылызым и хы адрыщӏ щӏыналъэ), ищхъэрэ — къухьэпӏэмкӏэ-Синт — Эстатиус (Нидерландхэм я муниципалитет щхьэхуэ), ищхъэрэкӏэ-Сен-Бартельми (Франджым и хы адрыщӏ зэгухьэныгъэ) я гъунэжщ. Гъунапкъэ псори тенджызщ. Псы ӏуфэм и кӏыхьагъыр псори зэхэту километри 135 — рэ мэхъу.официальнэ бзэр инджылызыбзэ.[1]