Псыхъуэгуащэ
Псыхъуэгуа́щэ иэ Псыгуа́щэ — Нартхэм я ӀуэрыӀуатэхэмрэ таурыхъхэмрэ хэт. Адыгэхэм я хабзэжъхэм Псыхъуэгуащэр псым епхауэ хъуам: псыхъуэхэм, псынэхэм, псыхъурейхэм адрейхэми я гуащэ. Нэхъ пасэ Псыхъуэгуащэр — псыхэм я гуащэ, я тхьэ хуэду зэфӀэувэр, зэман гуэрэм къоувыӀэри таурыхъхэмрэ ӀуэрыӀуатэхэмрэ хэт зы сурэт мэхъур.
Сурэтымрэ псэукӀэмрэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Псыхъуэгуащэр адыгэхэм «зэралъагъутэр» бзылъхугъэ упцӀэна, шхьэц дахэ кӀыхьышхуэ зтет. Хъыбархэм нэхъыбу къызэрхэкӀхэмкӀэ Псыхъуэгуащэр псыӀуфэхэм ядеж Ӏуст, и мажьэмкӀэ и шхьэцхэр ижьу. И сурэтымкӀэ/теплъэмкӀэ Псыхъуэгуащэр еуропей ундинэмрэ урыс русалкэмрэ я хуэдэ къэпс. И шхьэц кӀыхьми и пцӀэнагъэми игъэлъагъуэр псы дунем зэрыпыш1ар, зэрыщыщыр, абы и мажьэмкӀэ и къэрур къызэрхэкӀыр.
Хъыбар бжыгъэм къызэраӀуатэмкӀэ Псыхъуэгуащэхэм хулъхугъэхэр дахьахыр. Къэзлъэгъуам иэ и нэ иплъа хулъхугъэр сымаджэ мэхъур мышхэ-мыжей мэхъу, унэм дэмызагъу дэзхьэхам нэхъ емыгушыпсурэ цӀыхур ӀэкӀохьэр гуащэм. ПэмыкӀ хъыбархэмкӀэ, хулъхугъэ къэзмыдауэ Псыхъуэгуащэм текӀуар — кӀэх сымаджэ мэхъури малӀэ.
Хабзэм
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Гъэ къэс, гъатхэм, псыр къимыун, псыдзэ щымыӀэн шъхьэкӀэ тхьэлъэӀу Псыхъуэгуащэм хуашът, Ӏус хуагъэхьэзырхэр псым хадзэт иэ псы Ӏуфэм къыӀуанэт.
Зэи ямыду щытар мыхъууи къалъытэтэр — мажьэ псыхъуэм къэплъэгъуамэ къэпштэн, а мажьэр Псыхъуэгуащэм еуэ къыкӀэкӀыфыну. И мажьэр къэзыштам (абым щымыхъукӀэ и хьэблэ здэпсо псоми) бэлыхь дунер къатехуэну, мыхьэни иӀэкъым цӀыхум ар ишъэ-имышъэми. Мажьэр къэзыштам уасу ятехуэнур «джанибл» (цӀыху гъашъэ блы).