Мэзытхьэ
Appearance
Мэзы́тхьэ — шъакӀуэхэм, мэзхэм, хьэкӀэ-кхъуэкӀэхэм я Тхьэ. Натрхэм я ӀуэрыӀуатэ бжыгъэхэм хэт.
И псэукӀэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Мэзытхьэр мэзыкхъуэ цыпэплъым тесу мэзхэм къыщекӀухьыр, бжьом и фэм телъу мэжейр, и шыкъухэр псэушъхьэхэм я бжьэхэм къыхэшъыкӀа.
Езым и шъхьэм бжъэкъуитӀ ину тет, и дамитӀым бзуитӀ зэрызу тес, и шалъэм шабзэшищ илъу зэрехьэ.
ШъакӀуэхэм зэпэубыдыгъуэ гуэрэ къахэкӀмэ Мэзытхьэр я хеящӀэ.
Адыгэ хабзэм
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Хулъхугъэм зы псэушъхьэ къиукӀауэ щытамэ, и фэр триху зэпкъыриха яуж, унэм къигъэзэжьыным ипэкӀэ Мэзытхьэ и Ӏэхьэр (шхьэ-лъагъуэ) мэзым къыкӀинэти хъуэхъу псалъэ дэкӀыгъу, къежьэжьыт.
Тхыдэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Нэхъ пасу Мэзытхьэм япэ итауэ щытар Мэзгуащэ. Пэкъуэрэ Мазгуащэрэ зэпылъа (пэмыкӀыу Пэкъуэ Мэзгуащэ идыгъуа) яуж мэзгуащэм бын игъуэта — мэзылӀхэр.
ТехьэпӀэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- ӀуэрыӀуатэхэм я щӀэнгъуазэ (урыс.)