Инджылыз
Инджылыз (инджылыз. England [ˈɪŋələnd]) — Пащтыхьыгъуэ Зэгуэтым хэт къэрал. Инджылызым Щыпсэухэр Инджылызым цӏыхуу исым я процент 84-рэ мэхъу. Къалащхьэр Лондон, Инджылызым и къалэ нэхъ ин Дыдэ[1].
Инджылызыр зэгуэр зэбий пащтыхьыгъуиблым я зэгухьэныгъэ хъуащ 927 гъэм икӏи V—VI лӏэщӏыгъуэхэм Инджылыз хытӏыгум щетӏысэха инджылыз пасэрей германием и лъэпкъым и цӏэр фӏаща. Инджылызыр инджылызыбзэр, англиканскэ члисэр, иджы дунейм и къэрал куэдым я юридическэ системэхэм лъабжьэ яхуэхъу инджылыз хуитыныгъэр къызыхэкӏа щӏыпӏэщ. Абы къищынэмыщӏауэ, Лондон Британием и колониальнэ империем и курыхт, къэралыр Промышленнэ революцэм щыщӏидза щӏыпӏэт. Инджылызыр япэ промышленнэу зызыужьа къэралт, парламент демократие зиӏэ къэралт, конституцэ, правительствэ, юридическэ щӏэщыгъуэхэр нэгъуэщӏ лъэпкъхэмрэ къэралхэмрэ къащта. Инджылыз пащтыхьыгъуэр, Уэльс пщыгъуэри хэту [инджылыз.], Къэрал щхьэхуэу щытащ 1707 гъэм накъыгъэм и 1 пщӏондэ, Шотландие Пащтыхьыгъуэм Инджылызым и Пащтыхьыгъуэу гухьауэ.[2]