Белиз
Белиз (инджылыз. Belize [bɛˈliːz]) Америкэ Курытым щыӏэ къэрал. 1973 гъэм и мэкъуауэгъуэ пщӏондэ Британием и Гондурас цӏэр зэрихьэу щытащ.[1]
Ищхъэрэкӏэ Мексикэмрэ къухьэпӏэмкӏэ Гватемалэмрэ я гъунэж. Къалащхьэр Бельмопан. Белиз и къуэкӏыпӏэ ӏуфэр Кариб тенджызым етхьэщӏ. Америкэ курытым и къэралхэм ящыщу хы Хуэмым хуэмыкӏуэу зы закъуэщ. Ар америкэ курытым и къэралитӏым язщ, хышхуэхэм ящыщ зым фӏэкӏа хэкӏыпӏэ имыӏэу: нэгъуэщӏ апхуэдэ къэралщ Сальвадорыр, хы Хуэмым фӏэкӏа хэкӏыпӏэ имыӏэу. Къэралым и инагъыр — километр зэбгъузэнатӏэ 22 966 — рэ, цӏыху бжыгъэр-цӏыху 430 131-рэ (2021 гъэм)[2].
ЦIэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Белиз фӏэщыгъэм и къежьапӏэр къахутэпакъым. Зэраӏуэтэжымкӏэ, ар be'lix майяныбзэм щыщ псалъэщ, «псы утхъуа " къикӏыу, Белиз псым и цӏэм къыхуагъэсэбэпу[3].
Географие
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Къэралым и щӏыналъэм и нэхъыбэр еубыд гуэл, лагун куэд зиӏэ шэдылъэ тафэ уэхым, щӏыпӏэ-щӏыпӏэкӏэрэ. Ипщэкӏэ метр 1122-м нэс зи лъагагъ Майе бгыхэм зыщаубгъу. Ар Белизым и ӏыхьэ нэхъ мащӏэ дыдэ. Къэралым и щӏыщӏагъхэр мащӏэу джа хъуа, щӏыдагъэ къыщӏэхыпӏэхэр къалъыхъуэ. Белизым и хьэуар тропическэ пассат. Ику иту мазэ температурэр градус 26-м нос, лъэхъэнэхэмкӏэ мащӏэу зихъуэжу. Ищхъэрэ-къуэкӏыпӏэ пассатым уэшх куэд къошх. Абыхэм я бжыгъэр ищхъэрэкӏэ къыщыщӏэдзауэ ипщэкӏэ илъэсым мм 1300-м къыщыщӏэдзауэ 3500-м нос. Уэшх къыщешх лъэхъэнэр накъыгъэм къыщыщӏэдзауэ бадзэуэгъуэ пщӏондэ йокӏуэкӏ, щӏышылэм къыщыщӏэдзауэ накъыгъэ пщӏондэ уэгъу лъэхъэнэр йокӏуэкӏ. Кариб хым къикӏ жьапщэшхуэхэм, уэшхышхуэрэ псыдзэрэ щӏыгъуу, къэралым гузэвэгъуэ хьэлъэхэр къыхуахь. Къэралым и щӏыналъэм и зэхуэдитӏым нэблагъэм тропик мэз псыӏэхэр щӏахъумэ. Белиз и ипщэ-къухьэпӏэмрэ ищхъэрэмрэ утыкушхуэхэр щаубыдащ тхьэмпэ бгъуфӏэ, кхъуакӏэпыкӏэ мэз тхьэмпэхэм. Хы ӏуфэм ӏуту мангрхэм я пабжьэм зеукъуэдий. Мэзхэр жыг лъэпкъ лъапӏэхэмкӏэ къулей, абы щыщу хозяйствэ мыхьэнэ нэхъ зиӏэр махагонхэмрэ уэздыгъеймрэ. Белиз и псэущхьэ дунейр зэмылӏэужьыгъуэ дыдэщ. Псэущхьэ дунейр Неотропическэ зоогеографие областым и Америкэ курытым хохьэ. Абы щопсэу номин пэ бгъуфӏэхэр, ягуархэр, броненосецхэр, игуанышхуэхэр, нэгъуэщӏ псэущхьэхэри. Къуалэбзу куэд дыдэ щыӏэ, попугайхэри колибри-хэри яхэту. Псы ӏуфэхэм ӏут хыпсхэр бдзэжьейкӏэ, лышх лӏэужьыгъуэхэмкӏэ, шылъэгухэмкӏэ къулей[4].
Ссылкэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- ↑ Государства и территории мира. Справочные сведения // Атлас мира / сост. и подгот. к изд. ПКО «Картография» в 2009 г. ; гл. ред. Г. В. Поздняк. — М. : ПКО «Картография» : Оникс, 2010. — С. 14. — ISBN 978-5-85120-295-7 (Картография). — ISBN 978-5-488-02609-4 (Оникс).
- ↑ https://web.archive.org/web/20210109132306/https://www.cia.gov/the-world-factbook/countries/belize/
- ↑ Twigg, Alan. Understanding Belize: A Historical Guide. — Madeira Park, BC : Harbour Publishing, 2006. — ISBN 978-1550173253.
- ↑ https://constructive-voices.com/ru/%D0%91%D0%B5%D0%BB%D0%B8%D0%B7-%D0%B1%D0%B8%D0%BE%D1%80%D0%B0%D0%B7%D0%BD%D0%BE%D0%BE%D0%B1%D1%80%D0%B0%D0%B7%D0%B8%D0%B5/