Андзорей
| Къуажэ
Андзорей
|
Андзорей (урбз. Анзорей) — Лэскэн къедзыгъуэм и хьэблэ нэхъыщхьэ.
Хэкумэтхыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Къуажэр ЛэскӀэн къедзыгъуэм икум итщ, ЛэскӀэныпсым и ижь лъэныкъуэм кӀэрысу. Нарткъалэ нэс 20 км дэлъщ, Налшык къалэ нэс 35 км дэлъщ.
И инагъыр — 42 км² мэхъу.
Нэхъ пэгъунэгъу къуажэхэр — ЕтӀуанэ ЛэскӀэн, Аргудан, Хьэтыуей, Уэзрэдж.
Къуажэм и ику лъэгагъыр 445 метрэкӀэ хы Ӏуфэм къыщхьэщокӀ. И щӀыр нэхъыбэу щӀызахуэщ, ипшэ-дыгъэкъуэкӀыпӀэкӀэ бгыхэм щӀедзэ.
Тхыдэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Къуажэр къэзыухуар пщы Андзорхэращ.
Япэу абыхэм я къуажэхэр зэпхырадзахэу Тэрч и ижь лъэныкъуэмкӀэ Ӏусхэу щтащ.
Къаукъаз зауэр щӀидза иуж Андзорхэм я къуажэхэр ягъусэу Лэскэныпсым деж къеӀэпхъухахэщ.
1825 гъэм Къэбэрдейр Урысейм хагъэхьа иуж, Андзорхэм я лъэпкъым и нэхъыбэр Шэшэнымрэ Дэгъыстэнымрэ Ӏэпхъуахэщ, абыкӀэ Урысей аткӀи я зауэр пашэн щхьа. Къэнэжа къуажэхэр, нэхъ ину къуажитӀу зэхэхьэжахэщ.
Къаукъуаз зауэр иуха иуж, къуажэм цӀыху куэд дэӀэпхъукӀахэщ ерэ дахуахэщ, Урысейм и пэщтыхьым и унафэм щӀэтыну зэрыхумейхэм щхьа. Къуажэм къыдэкӀахэм я нэхъыбэр Тыркуращ зэдэӀэпхъуар. Абы ахэм щаухуащ къуажэщӀэ, я къуажэжым и фэеплъу Андзорей абыи фӀащу.
1920 гъэм советхэм Къэбэрдейр зэщӀащтахэ иуж, къуажэм и цӀр яхъуэжащ, пщыхэм я унэцӀэр зэрызэрахьэм щхьа. Абы къыхэкӀыу къуажэм цӀэщӀэ фӀащащ — Старый Лескен.
1993 гъэм къуажэм и цӀэжь Андзорейр хаугъэфащэжащ.
2003 гъэм Лэскэн къедзыгъуэщӀэм и хьэблэ нэхъыщхьэ ящӀащ.
Джылэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]| ЦӀыху бжыгъэр | |||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| 2010[1] | 2012[2] | 2013[3] | |||||||||||||
| 6 551 | ↗ 6 612 | ↗ 6 706 | |||||||||||||
Джылэ дэсым и Ӏувагъыр — 160 цӀыху/км²
- Лъэпкъ дэсхэр (2010 гъэ)[4]
| Лъэпкъ | ЦӀыху бжыгъэр | Ӏыхьэр % |
|---|---|---|
| адыгэхэр | 6 494 | 99,1 % |
| адрейхэр | 57 | 0,9 % |
| псори | 6 551 | 100 % |
ЕджапӀэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Курыт еджапӀэ № 1
- Курыт еджапӀэ № 2
Сымаджэш
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Къедзыгъуэ сымаджэш
Дин
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Зы мэжджыт дэтщ
ЦӀэрыӀуэ къыщыхъуахэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Къэжэр Хьэту и къуэ Алберт — урысей къэрал лэжьакӀуэ. Урысейм и Совет Федерацэм хэт. Фонд «Адыги» къызыгъэщӀахэм ящыщ зы.
- Андзор Джевад — Щамым и зауэлӀ.
- Шэуэж Владимир и къуэ Хьэсэнби — Къэбэрдей-Балъкъэрым и Пенсионнэ фондым и нэхъыщхьэ.
ТехьэпӀэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Гулъытэгъуэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- ↑ Урысей псо джылэ ис къэбжын 2010-гъэм ирагъэкӀуэкӀам къыхэкӀыу
- ↑ Урысейм и муниципалнэ къэгъэхъуахэм 2012-гъэм ЩӀышылэм и 1-м ирихьэлӀэу джылэ дэсахэр
- ↑ Урысейм и муниципалнэ къэгъэхъуахэм 2013-гъэм ЩӀышылэм и 1-м ирихьэлӀэу джылэ дэсахэр
- ↑ Ещанэ том. ЕплӀанэ таблицэ. Къэбэрдей-Бэлъкъэрым джылэ исыр лъапкъыгъуэкӀэ зэрыугуэшар, Урысей псо джылэ ис къэбжын 2010-гъэм ирагъэкӀуэкӀам къыхэкӀыу