Адыгэ Псалъэжьхэр
Appearance
- А зы цIыхум щэ укъигъапцIэмэ уделэ, а зы мащэм щэ уихуэмэ унэф.
- Абрэмывэрэ пэт зы пIэм илъкъьм.
- Адакъэр мыIуэкIи, нэху щын къанэркъым.
- Адакъэрэ пэт джэджьейр егъашхэ.
- Адыгэ и хьэщIэр быдапIэ исщ.
- Адыгэ мыгъуэ шыгъурэ пIастэрэ.
- Адыгэ хабзэр адэ щIэиныжьщ.
- Адыгэм хьэщIэ и щIасэщ.
- Адыгэм я нэхъ тхьэмыщкIэри бысымщ.
- Адыгэр сыт щыгъуи Адыгэщ.
- Адыгэшыр АдыгэлIым и щIылъэныкъуэщ.
- Адэ лIэужьыншэрэ лыншэ къупщхьэрэ зэлъытащ.
- Адэ мылъку бын гъэкIуэдщ.
- Адэм хуэмыгъасэр анэм хуэумыскъым.
- Ажал зимыIэ щыIэкъым.
- АжалитI щыщымыIэкIэ а зэ лIэгъуэм лIыгъэ хэлъхьэ.
- Ажалым «сынокIуэ» жиIэркъым.
- Ажалым пхъуантэ кIуэцIми укъыщигъуэтынщ.
- Ажалым умылъыхъуэ, езым укъигъуэтынщ.
- Ажалыр бжэщхьэIум нэхърэ нэхъ благъэщ.
- Ажалыр гуфIакIэм дэсщ/дэлъщ.
- Ажэми/бжэнми жьакIэ тетщ.
- Ажэр мэлым я пашэщ.
- Акъыл зиIэм жагъуэгъу и куэдщ.
- Акъыл зиIэм и Iуэхур махуищщ, акъылыншэм и махуэ махуищщ.
- Акъыл зиIэм имыIэ щыIэкъым.
- Акъыл зиIэм шыIэ иIэщ.
- Акъыл зиIэр еджэнкIэ ирикъуркъым.
- Акъыл зиIэр си щIыб ису къезухьэкI.
- Акъыл зиIэм уеущиймэ, фIыщIэ къыпхуищIынщ, акъылыншэм ауан укъищIынщ.
- Акъыл зимыIэм насып иIэкъым.
- Акъыл зимыIэм уэуейр ептын?
- Акъыл зимыIэр тхьэмыIщкIэщ..
- Акъыл кIэщIыр бзэгу кIыхьщ.
- Акъыл эиIэр акъылыншэми йочэнджэщ.
- Акъылым и лъапсэр чэнджэщщ.
- Акъылым уасэ иIэкъым, гъэсэныгъэм гъунэ иIэкъым.
- Акъылым и анэр гупсысэщ. (Eksik)
- Акъылыр былымщ. (Eksik)
- Акъылыр Iуэхум и лъапсэщ.
- Акъылыр жыжьэу маплъэ, нэр абы и лъагъуэ ирокIуэ.
- Акъылыр жьакIэм ежьэркъым.
- Акъылыр жьыгъэ-щIагъэкъым.
- Акъылыр лэндыщэщ, гъэсэныгъэр дыщэ жыгщ.
- Акъылыр мэлъыхъуэ, насыпым къегъуэт.
- Акъылыр ящэркъым, къащэхуркъым, зыхалъхьэ.
- АкъылыфIэм делэми бзэ къыхуегъуэт.
- Анэ гыбзэр быдз зэхуакум дэкIкъым.
- Анэ быдзышэм щIакхъуэри кхъуейри хэлъщ.
- Анэ зимыIэ сабийр, адэ иIэми ибафэщ.
- Анэ зимыIэм гуIэр и махуэщ.
- Анэ иIэмэ, сабийр ибэкъым.
- Анэ шыпхъу анэ палъэщи, адэ къуэш адэ палъэш.
- Анэгур гуауэ пхъуантэщ.
- АнэдэкIуэрэ лIы дэкIуасэрэ емыкIу хэлъкъым.
- Анэдэлъху дзыр хъужыркъым.
- Анэм быныр и зэхуэдэщ.
- Анэм и гъуапэр пхъум и джанэщ/щыдэжынщ.
- Анэм и Iэр ину иIэтми, хуэму/цIыкIуу тохуэ, анэнэпIэсым хуэму иIэтми, ину тохуэ.
- Анэм и бгъафэр фом нэхърэ нэхъ IэфIщ.
- Анэм и бгъафэр хъурыфэ джэдыгущ.
- Анэм и быным хуищIэр фIэмащIэщ.
- Анэм и куэщIыр сабийм и гущэщ.
- Анэм и хабзэр лхъум и бзыщхъэщ.
- Анэм къыуипэсыр гунэсщ/гъэгунэс.
- Анэм къыуитыр IэфIщ.
- Анэм лъэгу щIэтын зыхуэщI.
- Анэм сыт щыгъуи быныр сабий къыщохъу.
- АнэнэпIэсым хуэпщIэр фIэмащIэщ, къыпхуищIэр фIэкуэдщ.
- АнэнэпIэсыр уэсым нэхърэ нэхъ щIыIэщ, зэзым нэхърэ нэхъ дыджщ.
- Анэпсэр фоупсым хуэдэщ.
- Анэр нэм хуэдэщ, адэр дэм хуэдэщ.
- Аргъуей мыдзакъэ щыIэкъым.
- Арму и унэ лъэбышэщ.
- Армум хиса жыгыр мэгъу.
- Аслъэн пэтрэ ягъасэ. (Eksik)
- Ахъшэ зи куэдыр дыгъум щошынэ.
- Ахъшэ мыбж зэIахыркъым.
- Ахъшэ уиIэмэ, бохъшэ бгъуэтынщ.
- Ахъшэ умыIыгъыу бэзэрым укIуэри, джыдэ умыIыгъыу мэзым укIуэри зэхуэдэщ.
- Ахъшэр бзум хуэдэщ, къыбжьэхолъатэ, IолъэтыкIыж.
- Ахъшэр къыздикIам мэкIуэж.
- Ахъшэр псым хуэдэщ.
- Ахъшэр пшахъуэщи, гъащIэр пцIащхъуэщ.
- Ахъшэр убыдыгъуейщ.
- Ахъшэр уи жып илъу IэфIу уигъэжейркъым.
- Ахъшэр щэ бжыгъуэщ.
- Ахъшэр Iэгурылъхьэ-Iэгурыхщ.
- Бабыщ псым итхьэлэкъым, мэлыхъуэ хьэм ишхкъым.
- Бабыщыр есыкIэ ягъасэркъым.
- Бадзэ и дзапэ узылъэщ.
- Бажэм дыгъужьибл къегъапцIэ.
- Бажэм и фэр и бийщ.
- Бажэм и хьилагъэр япэ итщ.
- Бажэм я нэхъ Iущыр и гъуэм щаубыд.
- Бажэр ныбажэ хъумэ, дыгъэмыхъуэ мэлъыхъуэ.
- Бажэр ущу ежьэмэ, мэщакIуэ.
- Банэ хуэдэу къэщтэж, данэ хуэдэу гъэтIылъыж. / Банэ хуэдэ зэхэплъхьэр данэ хуэдэу зэхэпхыжынщи, данэ хуэдэ зэхэплъхьэр банэ хуэдэ зэхэпхыжынщ.
- Бгъеям куэдрэ укIэлъымыгъыж.
- Бгъэжыр уи пашэмэ, къуршым урешэ, къуанщIэр уи пашэмэ Iейм ухуешэ. / Бзаджэ уи пашэмэ, бзаджэ ухуешэ. / ЦIыв уи пашэмэ, вэнвейм ухуешэ. / Гъуэгу зымыщIэ пашэм хьэвейм ухешэ.
- Бгъэплъыщэмэ, мывэри зэгуоуд.
- Бгъэр бгъэкIэ ягъасэ, былымыр былымкIэ къагъуэт.
- Бгъэр куэдрэ уэмэ, и дамэр мэкъутэ.
- Бейм и гугъу ящIурэ, тхьэмыщкIэм и уэздыгъэр мэс.
- Бейм и хьэ удз ехъу.
- БжьакъуитI щхьэкIэ хъун бэгъуам хокIыж.
- Бжьыхьэ бадзэ дзакъэрейщ.
- Бжьыхьэ жэщ щэрэ минщ.
- Бжьыхьэ мафIэр гуапэщ.
- Бжьыхьэпэ уэфIрэ пщы IупэфIэгъурэ.
- Бжьэ зэмыдзэкъам фом иуасэр ищIэркъым.
- Бжьэ матэ зи куэдым и жьантIэ дегъэувэ.
- Бжьэм фо здэщыIэр ещIэ. / Фо зыдэщыIэр бжьэм къащIэ.
- Бжьэр гъэгъам лъатэ хабзэщ.
- Бжьэрэ пэт я бжьапцIэр яукIыж.
- Бжьэхуцым мафIэ пхухэгъэпщкIуэнкъым.
- Бжэмышх нэщI жьэм хуахьыркъым.
- Бжэн къуийр псым хэплъэмэ, «сыщIалэщ» жеIэ.
- Бжэн щынэ къилъхуркъым.
- Бзаджэ гъусэм мысэ уещI.
- Бзаджэ пщIэныр лIыгъэкъым, лIыгъэр фIы пщIэнырщ.
- Бзаджэм и бзаджагъэр япэ кърегъэщ.
- Бзаджэм ишх фIым хуеIуатэ.
- Бзаджэм ищIэр фIым трелъхьэ.
- Бзаджэм уи кIэ иубыдмэ, пыупщIи блэкI.
- Бзаджэм фIыр доунэхъу.
- Бзаджэр унэхъущ, бзаджэм IущIэри унэхъущ.
- Бзаджэр чэнджэщэгъу умыщI.
- Бзаджэри дахэм егъэIумпIафIэ.
- Бзум и лыр, и лэпсщ. / Бзум и лым хуэдэщ и лэпсри. / И лым хуэдэщ и лэпсри. / Аргъуейм и лым хуэдэщ и лэпсри.
- Бзур зыIэтыр дамэщ, цIыхур зыlэтыр акъылщ.
- Бзурэ пэт абгъуэ ещI.
- Бзылъхугъэ зыдимыс хъулъхугъэрэ зи анэ зи мыгъусэ сабийрэ зэхуэдэщ.
- Бзылъхугъэ щымыукIытэм напэ иIэкъым.
- Бзылъхугъэр акъыл жан.
- Бзыури и абгъуэм щылIыбланэщ. / Дзыгъуэ пэтрэ и гъуэ щылIыхъужьщ.
- Бзэгум цIыхур зэрегъэукI.
- Бзэгур гум и тэрмэшщ.
- Бзэр зэзым нэхърэ нэхъ дыджщ, фом нэхърэ нэхъ IэфIщ, джатэм нэхърэ нэхъ жанщ.
- Бзэр цIыху лъэпкъым ипсэщ.
- Биижь благъэ хъуркъым, благъэжь бий хъуркъым.
- Бийм уи щIыб хумыгъазэ.
- Бийм ущысхьмэ, уIэгъэ ухъунщ.
- Благъэ жыжьэ нэхърэ гъунэгъуфI. / Благъэ жыжьэ нэхърэ къуэш гъунэгъу. / Благъэ жыжьэ нэхърэ гъунэгъу-жэрэгъу.
- Благъэжьрэ дыжьыныжьрэ.
- Благъэжь хыфIумыдзэ, гъуэгужь умыбгынэ.
- Благъэри къурэ щхьэкIэм къыпащIыкIкъым.
- Бланэ щалъху мэкӀуэж/йокIуэж/йокIуэлIэж.
- Бланэм и лъагъуи и убыди зы хъукъым.
- Блэ зэуар аркъэным щощтэ.
- Блэр «пIыщIащ» жыпIэу уи гуфIакIэм думыгъэтIысхьэ. / Блэр «пIыщIащ» жыпIэу и кIэм утемыувэ. / Блэр «мэжей» жыпIэу и кIэм утемыувэ.
- Блэр бэгмэ, и гъуэм ихуэжыркъым.
- Блэр зыгъэхуэбэжым йодзэкъэж/йоуэ.
- Блэр зытраукIэр и шэрэзщ.
- Блэр уеуэху мэбэг.
- Блэрэ къэпщи зэ пыупщI.
- Быдэ и анэ гъыркъым.
- Былым къыпщIын нэхърэ быныфI къыпщIын.
- Былым къыпэкIу нэхърэ насып къыпэкIу.
- Былымаблэм былым хуэщщ.
- Былымрэ пэт зэхотэдж. / Жэмрэ вырэ зэхуотэдж.
- Былымым зейр и ажалщ.
- Былымыр жьы зэрыхъур и фэщ.
- Былымыр уэсэпсщ, цIыхупсэр маещ.
- Былымыр уэсэпсым хуэдэщ. / Мылъкур уэсэпсщ.
- Бын зимыIэ адэрэ лы зытемылъ къупщхьэрэ.
- Бын зимыIэр зы гуныкъуэгъуэщи, бын куэд зиIэр гуныкъуэгъуищэщ.
- Бын зыщIэмыхъуэр и щхьэ щIотIахъуэ.
- Быныр дыгъуэмэ, анэр мыгъуэ мэхъу.
- Быныр насыпщ.
- Бысым гуащэщIэ хьэщIэ и щIасэд.
- Бысымыр хьэщIэм и IуэхутхьэбзащIэщ.
- БэлагъыкIыр зыIыгъым хьэ къарибгъу щогугъу.
- Бэлэрыгъ и Iыхьэр хьэм фIешх.
- Бэлэрыгъым гъатхэр къыхуэлъэщ/хуэлъэщ.
- Бэлэрыгъыр гъэр мэхъу.
- Бэр зэкъуэтмэ текIуэныгъэщ.
- Бэр зэщIэхъаемэ, щIыр къагъэхъей.
- Вы зымыIэм щкIэ щIэщIэр.
- Вы ныш нэхърэ нэщхъыфIэ.
- Вы хъунур шкIэ щIыкIэ уощIэ.
- Выгъашхэри зобзеиж.
- Выжь и махуапщIэ выщIэ и уасэщ.
- Вым еубзэ, шым езауэ.
- Вым и бжьакъуэ и хьэлъэкъым.
- Выр жьы хъумэ, шкIэм хаутIыпщхьэж.
- Выр щIащIэну бжьы щрахьэлIэм «Сэ сыжэмщ» жиIащ, къашыну пэгун щрахьэлIэм «Сэ сывщ» жиIащ.
- Гу зыхэмылъ псалъэр шэ нэфщ.
- Гу нэхъ жэр щыIэкъым.
- Гуауэм иуIам хущхъуэ сэбэп хуэхъуркъым, джатэм иуIар хъужми.
- Гуащэ къуийм зихуэпэху, джэгур яухащ.
- Гуащэжьри зэгуэр нысащIэу щытащ.
- Гуащэм и хабзэр нысэм и бзыпхъэщ.
- Гуащэрэ пэт данэ кIапэ щощIэ.
- Губгъуэ пщIащэрэ унэ пщIащэрэ зэтохуэ.
- Губгъуэм илъыр аркъым гъавэр, гъавэр гуэным илъырщ.
- Губгъуэм ущымыкъэрабгъэ, унэм ущымылIыхъужь.
- Губгъэн фIэмылIыкIыр жылэм я нэхъыкIэщ.
- Губжьырилэр щIэх жьы мэхъу.
- Губзыгъэм и гуIэгъуэр делэм и гуфIэгъуэщ.
- Гугъу уехьынумэ, хьэгулывэми дзэр IуещIыкI.
- Гугъуехь зымылъэгъуам гъуэгуанэ хуэшэчкъым.
- Гугъуехь зымылъэгъуам тыншыгъуэ ищIэркъым.
- Гугъуехь зымышэчар лIым хабжэркъым.
- Гугъэ нэпцIыр щхьэгъэпцIэжщ.
- Гужь зиIэр вакъэжькIэ мауэ.
- Гузэвэхыр щIэх жьы мэхъу.
- Гукъеуэ зиIэр псэлъалэщи, бэгу зиIэр тIэхъуалэщ.
- Гукъеуэ зимыIэм пщIыхьэпIэфI елъагъу.
- Гум дэбгъахуэр фэм къеIуатэ. / Гум илъыр фэм къеIуатэ.
- Гум емыкIур нэми екIукъым.
- Гум илъыр жьэм жеIэ. / Гум имылъ жьэм къиIуатэркъым.
- Гум/псэм фIэIэфIыр нэм фIэдахэщ.
- Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи тIыс.
- Гупыр зыгъэукхъуэр кхъуэм хуэдэщ.
- Гур жьы хъуркъым.
- Гур здэкIуэм кIуэфыр лIыфIщ.
- Гур здэщыIэм нэр мэIэбэ.
- Гур кIуэдмэ, лъэр щIэкIыркъым.
- Гур кIуэдмэ, шыр жэркъым.
- Гур мыгъмэ, нэр гъыркъым.
- Гур мыфIмэ, щхьэр фIейщ.
- Гур щыкъутэм щащIыж.
- Гурымыкъ гурымыкъ и щIасэщ.
- Гурэ гурэ лъагъуэ зэхуэIэщ.
- ГуфIэгъуэри гуIэгъуэри зэпыщIащ. / ГуфIэгъуэрэ гуIэгъуэрэ зэпылъщ.
- Гухахъор кIэ, гухэкIыр жъы.
- ГушыIэкIэ зымыщIэм IэштIымкIэ мауэ.
- ГушыIэр тхьэм и щIасэщ.
- Гущэ зыхуащIым бэни хуащIыж.
- Гуэн нэщI нэхърэ хадэ нэщI.
- Гуэн нэщI щыIэщи, хадэ нэщI щыIэкъым.
- Гуэным имылъмэ, Iэнэми телъкъым.
- Гуэрэфыр гухэлъэфщи, фэрэкIыр гуимыкIыжщ. / Фэгъазэр фэ зэгъэдзэкIщи, фэрэкIыр гу имыкIыжщ.
- Гуэрэфыр узыгъуибл поув.
- ГуэшакIуэ Iыхьэншэщ.
- Гъаблэм благъэр пщегъэгъупщэ.
- Гъаблэм благъуэр гъуэм къреш.
- ГъавэщIэ къыпIэщIэмыхьэу гъавэжьым уемылъэстауэ/уемылъэпауэ.
- Гъатхэм жеяр бжьыхьэм мэгъыж.
- ГъащIэ зиIэм уахъти иIэщ.
- ГъащIэр Iыхьэ мыгуэшщ.
- Гъуабжэ псори мыщэкъым, лыд псори дыщэкъым.
- Гъунэгъу бий ящIыркъым.
- Гъунэгъу зыгъэпудым пудыгъэ къылъос.
- Гъунэгъу щхьэщытхъу щхьэгъэузщ.
- Гъунэгъур гъуджэм хуэдэщ.
- Гъунэгъур унэгъущ, къигъунэгъужыр гъунэгъущ.
- Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ.
- ГъунэгъуфI къуэшыфI палъэщ.
- Гъусэ дей нэхърэ Iэщэ дэгъуэ.
- Гъусэ мыхъумыщIэ нэхърэ гъущIыпэ.
- Гъусэ мыхъурэ Iэщэ мыхъурэ.
- Гъусэ пэплъэмрэ пIалъэ тесымрэ шэчыгъуейщ.
- ГъущI куэбжэ зиIэ гъущI мастэ щощIэ.
- ГъущIрэ пэт къочэ.
- Гъуэгy напщIэ сабэм мэкъу щеуэкъым, ер зэуа жыгым пщIащэ къыпыкIэкъым.
- Гъуэгуанэ тетым и ади и ныбжьэгъущ.
- Гъуэгужьрэ фызыжьрэ умыбгынэ.
- Гъуэгум и кIыхьагъым хуэдизи и бгъуагъщ.
- Гъуэгум пкIэлъей ибдзмэ, кIэщI мэхъу.
- Гъуэмылэпэм еIэзэ, гъуэмылэкIэм езауэ.
- Гъуэмылэр гъуэгум щыхьэлъэкъым.
- Гъыным гъын къешэ, нэпсым нэпс къелъху.
- Гъэм и зы махуэм щIымахуэм уегъашхэ.
- Гъэмахуэм умыгъэтIылъа щIымахуэм къэпщтэжыркъым. / Гъэмахуэм къыумылэжьа-зэхуумыхьэсар щIымахуэм бгъуэтыжыркъым. / Гъатхэм тумысар бжьыхьэм къытепхыжыркъым. / Гъатхэм хыумысар бжьыхьэм бгъуэтыжыркъым. / Гъатхэм пасэу пщIэр бжьыхьэм игъуэ мэхъу.
- Гъэрыр япэ зэрыхьэр и унэщ.
- ГъэфIым умыгъуэта гъейм бгъуэтыжыркъым.
- Гъэшыр зыщыбэм цIыхур щыбейщ.
- ДаIуэкIейм дэгу уещIри, плъэкIейм нэф уещI.
- Дакъэжьми хьэщIэ къыкъуонэ.
- Дауэм и кIэр зауэ хъумэ, зимыIуэхури хокIуадэ.
- Дахагъэм гyp егъэгушхуэ.
- Дахэ и щIагъ фо щIэлъщ. / Дахэм и щIагъ дыщэ щIэлъщ.
- ДахэжыIэ нэхърэ дахащIэ.
- Дахэм къимыхь Iейм къихькъым.
- Дахэм/дахагъэм, дагъуищэ егъэпщкIу.
- Дахэр зыгъэдахэр и щэнщ.
- Дахэр пагэмэ, пуд мэхъу.
- Дахэу ябз дахэу ядыжыркъым.
- ДелитI зэзауэмэ, ещанэр йоплъ.
- Делэ бзаджэ нэхърэ делэ дыдэ.
- Делэ благъэ нэхърэ гу6зыгъэ 6ий.
- Делэ гуэшэгъу нэхърэ губзыгъэ дауэгъу.
- Делэ дыхьэшхырилэщ.
- Делэ и гъуэмылэр пэшхщ. / Делэм и былым пэшхщ.
- Делэ къуэлэн и щIасэщ.
- Делэ лIыкIуэ умыщI.
- Делэ пэшэгъу умыщI.
- Делэ щхьэщытхъущ.
- Делэм куэд ищIэ къыфIощIыж.
- Делэм зэхибзэнщ, губзыгъэм зэхихыжынщ.
- Делэм сэ сыфIокI, губзыгъэр езыр къысфIокI.
- Делэм уи пыIэ ети, блэкI.
- Делэм ущытхъумэ, пагэ мэхъу.
- Делэм махуэ къэси и хьэгъуэлIыгъуэщ.
- Делэм уемыупщIу зыкъуегъащIэ.
- Делэр 6лагъэ гъэкIуэдщ.
- Делэр бейм я гуэшэгъущ.
- Делэр гугъэурэ жьы мэхъу.
- Делэр и псэлъэкIэмкIэ къыбощIэ.
- Делэр хьэлывэм щыгугъыурэ хъудырыпсми хэныжащ.
- Делэри мыпсэлъэху губзыгъэщ.
- Дунейм и фIыгъуэр узыншагъэщ, дунейм и тхъэгъуэр лъагъуныгъэщ.
- Дунейр зыгъэнэхур дыгъэщ, зэзыгъэнахуэр щIэныгъэщ.
- Дунейр зыгъэнэхур зы дыгъэщ.
- Дунейр зыми здихьакъым.
- Дунейр къэкIухьи, уи унэ ихьэж.
- Дунейр кхъуэщыныжь хъуакъым.
- Дунейр техьэ-текIщ, гудзэр теувэгъуэ-теувэгъуэщ.
- Дунейр чэзущ.
- Дунейр шэрхъщи мэкIэрахъуэ.
- Дыгъужь мэлыхъуэ ящIрэ?
- ДыгъужьитI зы гъуэ изагъэркъым.
- ДыгъужьитI я щIыб зэхуагъазэркъым.
- Дыгъужьрэ пэт и гъунэгъу едыгъуэжкъым. / Дыгъужь пэтрэ и гъунэгъу едыгъуэркъым.
- Дыгъужьым и нэр жейми, и гур жейкъым.
- Дыгъужьым лы игъуэтмэ, псы игъуэтыркъым.
- Дыгъужьым мэл зыфIихьыну мэлыхъуэр пыIэ щхьэщыгумкIэ къещIэ.
- Дыгъужьым мэлыр щихькIэ и натIэ нагъыщэм/напкъыжьэм еплъыркъым.
- Дыгъужьым ущышынэмэ мэз умыкIуэ.
- Дыгъужьыр жьы хъумэ, хьэм и джэгуалъэщ.
- Дыгъужьыр зыщызеуалэм мэлым зыщагъэпсэхуркъым.
- Дыгъум пабжьэр и дэIэпыкъуэгъущ.
- Дыгъури дыгъущ, дыгъур щIэзыуфэри дыгъущ.
- Дыгъушхуэри дыгъущ, дыгъy цIыкIури дыгъущ.
- Дыгъуэм и кIэр мыгъуэ мэхъу.
- Дыгъуэри дыгъужьри къаущэкIу.
- Дыгъэ нэпс нэхърэ анэ бгъафэ.
- Дыгъэр зытемыпсэр щыIэжкъым.
- Дыджым уемыдзэкъамэ, IэфIыр пщIэнукъым. / Дыджым уемыдзакъэу, IэфIыр пщIэркъым.
- Дыжэф пцIанэ хъуркъым.
- Дыщэм хэс нэхърэ лIыжь зыбгъэдэс.
- Дыщэр куэншыбым хэлъкIи улъийкъым.
- Дыщэр къыщыщIахми щылъапIэщ.
- Дыщэр чэзэпкIэ ягъэунэху, цIыхур IуэхущIафэкIэ зэхаху.
- Дэгум жиIэн егъуэт, нэфым игъуэтыр екъуз.
- Дэтхэнэ гъащIэри тхыдэщ.
- Дэтхэнэ зы узми иIэщ Iэзэгъуэ.
- Джанэ мылажьэрэ, лажьэ мыкIуэтэжрэ щыIэкъым.
- Джанэ нэхърэ гъуэншэдж нэхъ благъэщ.
- Джатэ щIагъым нанэ щыIэкъым.
- Джатэм пиупщIыр мэкIыжри, жьэм пиупщIыр кIыжкъым.
- Джатэм и щIагъи пэжыр жыIэ.
- Джэгур уджкIэ яух. (Eksik)
- Джэгугъуэм лIыхъужьщ, зэуэгъуэм жьындущ.
- Джэд нэхърэ джэдыкIэ нэхъ Iущщ.
- Джэд пасэрэ бын пасэрэ.
- Джэд пэтрэ мэулъэпхъащэ.
- Джэд щыкъун и пщIыхьщ.
- Джэдым джэдIыкIэр и гуащIэщ.
- Джэджьей зеджалэ/зеуалэ псывэ хоупIэ.
- Джэду здэщымыIэм дзыгъуэ щоятэ.
- Джэду и къуэ дзыгъуащэщ.
- Джэду щысу шыпсэ умыIуатэ/жумыIэ.
- Джэдум щигуфIэгъуэм, дзыгъуэм и гуIэгъуэщ.
- Джэдумрэ фызымрэ унэгуащэщи, хьэмрэ лIымрэ ныбгъуащэщ.
- Джэдур дзыгъуэкIэ лIыхъужьщ.
- ДжэдыкIэ къэзыдыгъум джэди къидыгъунщ.
- Дзасэм тхъу пызагъэрэ?
- Дзасэри мылыцIу, лыри мыцIынэу.
- Дзыгъуэ нэпсейр шэм етхьэлэ.
- Дзыгъуэ пэтрэ щIымахуэм хуогъэтIылъэ.
- Дзыгъуэ цIыкIурэ пэт Iэтэшхуэм ипIытIыркъым.
- Дзыгъуэм и цыр кIыp хъумэ, щIыIэлIэх мэхъу.
- Дзыгъуэр и гъуэм ямыхужмэ, фэлъыркъэб зыкIарещIэ.
- Дзэгъащтэ дзэ псэу и уасэщ.
- Дзэм иуфэкъа лъахэрэ мацIэр зыпхыкIа хадэрэ.
- Дзэм хамэ хэткъым.
- Е зыхэлъыр хьэгъуэлIыгъуэм мэятэ.
- Е лIын, е лIэн. / Е улIын, е улIэн.
- Е лъыхъуэр ем ехьыж.
- Е мыхъу фIы хъужыркъым.
- Е пщIауэ фIы ущымыгугъ, фIы пщIами ущIэмыфыгъуж.
- Ебгъэжьэжыным нэхърэ ебгъэблэгъэныр нэхъ тыншщ.
- Еблагъэ зи бэм и бын мэжалIэкъым.
- Егъэлей делагъэщ.
- Еджэным кIасэ иIэкъым.
- Ем «сынокIуэ» жиIэркъым. / Шэм «сынокIуэ» жиIэркъым.
- Ем е пыщылъщ, фIым фlы пыщылъщ.
- Ем улъыхъуэу зыпумышэ, зыкъыпщишэмэ, умыдзыхэ.
- Емыджа егъэджакIуэ хъуркъым.
- Емызэш и уанэ къехьыж.
- Емызэш/Емыш мэшыбэ ещIэ.
- ЕмыкIyp зылэжьым дежкIи емыкIущ, еплъым укIытэгъуэщ.
- Емынэм къелар ныбэузым/хъумбылейм ехьыж.
- Ер вы бжьакъуэм къокI.
- Ер зымыщIэм фIыр ищIэкъым. / Ем IумыщIам фIыр ищIэркъым. / Iейм ухуэмызэу фIыр пщIэркъым.
- Ерыщыр щыту малIэ.
- ЕсыкIэ умыщIэмэ, хым ухэмыхьэ.
- Еущий зы махуэщ, хабзэ хьэху махуищщ.
- Ешхэ-ефэ нэхърэ джэгу.
- ЖьакIэр тхъуам/хужь хъумэ, фIыцIэ хъужыркъым.
- ЖьантIэм ущIэмыкъу, пхуэфащэмэ къыплъысынщ.
- Жьы зыхэмыт щIыIэр щIыIэкъым, псчэ зыхэмыт узыр узкъым.
- Жьы зэрымысым нэмыс илъкъым, щIэ зэрымысым насып илъкъым.
- Жьы къемыпщэу къурэ сыскъым.
- Жьы уимыIэмэ, щIэи уиIэкъым.
- Жьы хъуар шхыдэ бэIущ, уемыдэIумэ зегъэгусэ.
- Жьы хъуар гу махэщ.
- Жьы хъуар хьэ хыжыгъуэми щIыIэ малIэ.
- Жьым еубзи, щIэр гъэгушхуэ.
- Жьым къихьыр псым ехьыж.
- Жьым щхьэ ядешх, щIэм лъакъуэ ядешх.
- Жьым щытхъуи, щIэр къащтэ.
- Жьым и гъащIэр фIэмащIэщ, щIэм и щIэр фIэкуэдщ.
- Жьындури гугъат тхьэрыкъуэ къришыну.
- Жьыр щхьэукъуэрейщи, щIалэр джэгурейщ.
- Жьыр къыздепщэр пщIэн хуейщ. / Жьыр къыздепщэр зымыщIэм, борэн къытехъуэнущ.
- Жьыри, сабийри зэхуэдэщ.
- Жьырытэдж шатэшхщ.
- Жьыуэ къэтэджамрэ щIалэу къэзышамрэ щIегъуэжакъым.
- Жьыуэ тэджым шыщIэхъу хуалъху.
- ЖьыфI здэщымыIэм щIэфIи щыIэкъым.
- Жьэ лIыкIуэ нэхърэ щхьэ лIыкIуэ.
- Жьэм къыжьэдэкIа псалъэри фочым къикIа шэри зэхуэдэщ.
- Жьэмыгъэпсэху псэмыгъэтыншщ.
- Жьэр зэщIэкIмэ, ныбэр мэкIий.
- Жьэр щхьэм и лIыкIуэщ. / Щхьэм жьэр и лIыкIуэщ.
- ЖаIэр къос, ясэр къокI.
- Жагъуэгъу миным къыуащIэм нэхърэ зы ныбжьэгъум къыуищIэр нэхъ гуауэщ.
- Жагъуэгъуншэ умыхъукIэ, жагъуэгъум зэрыжаIи умыхъукIэ.
- Жагъуэгъурэ щIасэгъурэ зимыIэ щыIэкъым.
- ЖагъуэлIрэ лIэныгъэрэ. (Eksik)
- ЖамыIа щыIэкъым, ямыщIа мыхъумэ.
- ЖамыIэ щыIэщи, ямыIуэтэж щыIэкъым.
- ЖаIэ псор къэхъуркъым, къэхъу псор яIуатэркъым.
- ЖаIэ псори пэжкъым.
- Жейм и щIыхуэ къыптыринэркъым.
- Жеймрэ гугъэмрэ адэ щIэиныфIщ.
- Жейрэ лIарэ зэхуэдэщ.
- Жыбгъэм и кIэр уэлбанэщи, зауэм и кIэр хьэдагъэщ. / УэфIым и ужьыр уэлбанэщ, зауэм и ужьыр хьэдагъэщ.
- Жыг закъуэ жьым щошынэ.
- Жыг закъуэ мэз хъуркъым.
- Жыгыжьыр иту, жыгыщIэр йобэт.
- Жыджэрым и фIыщIэ къагъанэу щхьэхынэм и щытхъу жаIэнкъым.
- Жыжьэу бгъэтIылъыр благъэу къощтэж.
- Жылэ лажьэ лажьэ хъуркъым.
- Жылэм дэлъмэ, уиIэщ.
- ЖысIэр щIэ, сщIэм уемыплъ.
- Жэм гъэшыджэ буурейщ.
- Жэмыр гъэшыфIэми, ирикIутыжмэ сыт и пщIэ?
- Жэм гъэшыфIэр нанэфI хуэдэщ.
- Жэм лъакъуэ шкIэ иукIыркъым.
- Жэм пыджэрей къуагуэ мэхъу.
- Жэмым ишх и гъэшщ.
- Жэнэтыр анэм и лъэгу щIэтщ.
- Жэщым и дахэр мазагъуэщ, цIыхум и дахэр акъылщ.
- Закъуэныгъэ нэхърэ Iэл къыбдис.
- Закъуэныгъэр мыгъуагъэщ.
- Зауэ джэгурэ дауэ джэгурэ щыIэкъым.
- Зауэ езыгъажьэ и щхьэ лажьэ хохуэж.
- Зауэм уIухьэмэ, уи Iыхьэ IущIыхь.
- Зауэм хэту джатэ хьэху ятыркъым.
- Захуэм хабзэр и телъхьэщ.
- Зейм и хьэтыркIэ, хьэм нэмыс хуащI.
- ЗекIуэ и вакъэ лажьэркъым.
- ЗекIуэкIейм лъашэ уещIри дыхьэшхыкIейм Iушэ уещI.
- 3и Iуэху eгyгъyp дыгъэм япэ къотэдж.
- 3и Iуэху нахуэм и нэгу хейщ.
- Зи Iуэху зыфIэмыбэрэ зи бын зыфIэмыдахэрэ щыIэкъым.
- Зи Iыхьэ зыфIэмащIэм хьэм фIешх.
- Зи адэ лIар ибэ ныкъуэщи, зи анэ лIар ибэ хъурейщ.
- Зи бзэ IэфI щынэр, мэлитI ящIоф.
- Зи бзэ IэфIым блэр гъуэмбым къреш.
- Зи бзэ быдэм насып иIэщ.
- Зи бзэ ныкъуэм гуныкъуэгъуэ ущигъащIэркъым.
- Зи бзэ умыщIэм, уи хабзэ кIэрумыщIэ.
- Зи бын гуIущIэу зыгъасэм и нэпскIэ епшыныж.
- Зи бэ пщIэм уриIэзэщ.
- Зи вакъэ зэврэ зи гъавэ мащIэрэ. (Eksik)
- Зи вакъэ зэвым и дунейри мащIэщ.
- Зи гупкIэ уисым и уэрэд жыIэ (ежьу).
- Зи гур фIым и нэгури фIыщ.
- Зи гъунэгъу зи Iэпэгъум и насыпщ.
- Зи дзэлыфэ къыпхуэзытI псори ныбжьэгъукъым.
- Зи жьэ зэIумыщIэм я гухэлъ зэрыщIэркъым.
- Зи жьэ и ягъэ екIыжа куэд кхъэм щIэлъщ.
- Зи жьэ куэд жиIэм и Iэ куэд ищIэркъым.
- Зи жьэ псынщIэм пащIэ ныкъуэ къихьыжыркъым.
- Зи игъуэр дахэщ.
- Зи имыгъуэ хьэщIэр гуихщ.
- Зи куэбжэ укъыдэзымыгъэкIыжым и унэ умыкIуэ.
- Зи лIэгъуэ къэсам и мыхьэл къещтэ.
- Зи мыIуэху зезыхуэм и щхьэм баш тохуэ.
- Зи мылъку зыфIэкIуэдам хуэгуIи, зи акъыл зыфIэкIуэдар гъеиж.
- Зи мэкъу Iуврэ зи мэш бэврэ гузавэркъым.
- Зи насыпыр хэт? Зи насыпыр зи тэмакъ кIыхьырщ.
- Зи ныбэ изым гуныкъуэгъуэ ищIэркъым.
- Зи нысэгъу зыубрэ зи бын щытхъурэ. (Eksik)
- Зи нэгу къабзэм и гури къабзэщ.
- Зи нэхъыжь едаIуэ и Iуэху мэкIуатэ.
- Зи псалъэ кIэщIым и бзэр IэфIщ.
- Зи псалъэ нахуэм и напэр хужьщ.
- Зи пIалъэ умыщIэ шыкIэ утыку уимыхьэ.
- Зи тепIэн кIэщIым и жей мащIэщ.
- Зи тхыдэ зымыщIэжыр лъэпкъ хъуфкъым.
- Зи унафэр зымыщIыжыфыр унафэщI макIуэ.
- Зи Iуэ ит нэхърэ зи щхьэ ит.
- Зи цIэ ираIуэ бжэщхьэIум тетщ.
- Зи щIыхуэ птелъым уриIуэхутхьэбзащIэщ/уриунэIутщ.
- Зи щхьэ Iуэху зымыщIэжыфыр хамэ IуэхукIэ ерыщщ.
- Зи щхьэ мыузым уи щхьэ уз хуумыIуатэ.
- Зи щхьэ пщIэ хуэзымыщIыжым пщIэ иIэкъым.
- Зи щхьэ уи унэ исым и псэ уи унэ илъщ.
- Зи шэгын еблэм бланэр фIокIуэж.
- Зигу фIы имылъым и щхьэ фIы къехъулIэркъым.
- Зил къыпщIэмыузым уи уз хуумыIуатэ.
- Зил мыузым игу узыркъым.
- ЗилI Iэмбатэм и фыз куэтэрамэщ.
- ЗимыIэм къратыр и Iыхьэщ.
- Зумыхьэри, уимыIэххэри зэхуэдэщ.
- Зы акъыл нэхърэ акъылищэ.
- Зы анэм къилъхуа псори зэхуэдэкъым.
- Зы бын зиIэми бынищэ зиIэми зэхуэдэу ялъагъу.
- Зы гъэр тIэу къакIуэркъым.
- Зы жьэм къыжьэдэкIыр, жьищэм жьэдохьэ.
- Зы лIыр джэдыгуибгъурэ, лIибгъур джэдыгуншэу.
- Зы мафIэ хъуаскIэ жылэ псор къресэкI.
- Зы махуэ фIэкIа уемыжьэми махуибгъу гъуэмылэ къыздэщтэ.
- Зы мэл бгым елъэмэ, мэл псори йолъэ.
- Зы нэм имылъагъур зы нэм елъагъу. / Адэм имылъэгъуа къуэм елъагъу.
- Зы псалъэм зы псалъэ къелъху.
- Зы пцIым пэжищэ егъэулъий.
- Зы сабий нэхърэ шу гуп нэхъ гъэхьэщIэгъуафIэщ.
- Зы хьэщIэм зы хьэщIэ и жагъуэщи, хьэщIитIыр бысымым и жагъуэщ.
- Зы цIыхум жылэм фэ трегъэуэф.
- 3ы цIыхум зы цIыхур и шхэпсщ.
- Зы шым и хьэтыркIэ шищэ псы йофэ.
- Зызыгъэгусэ Iыхьэншэщ.
- Зызыгъэгусэ и Iыхьэ ныбэ уз хуэхъущхъуэщ. / Зызыгъэгусэ и Iыхьэ ныбэуз и Iыхьэщ.
- 3ызыгъэщIалэ лIыжьыр щIэнэкIалъэщ.
- ЗызышыIэфым выгукIэ тхьэкIумэкIыхь къеубыдыф.
- Зылъэгъуа щыIэмэ, зэхэзыха умылъыхъуэ.
- ЗылъэкI и джатэ кIыхьщ.
- Зым и зэран щэм йокI.
- Зымышхыжын и мэкъумэш щIэкIэщ.
- ЗымыщIэм щIакIэ и Iусщ.
- ЗымыщIэф унафэ щIынкIэ ерыщщ.
- Зыр лIа щхьэкIэ, зым зилIэжрэ?
- 3ыри умыщIэххэ нэхърэ Iуэху цIыкIу.
- Зыхуэхъур мэдалъэ, зылъэмыкIыр мэлъаIуэ.
- Зыхьри мэгугъэ, яхьри мэгугъэ.
- Зышэчым тралъхьэ, зыхьым тракъуэ.
- ЗыщI нэхърэ еплъ нэхъ Iэзэщ.
- ЗыщIэн зымыщIэжым и унэ иречри иресэж.
- ЗыщIэпхьым къыпщIехьыж.
- Зыщагъэувым щамыгъуэтыжымрэ жиIам трамыгъуэтэжымрэ лIам палъытащ.
- Зыщытхъур къэгъани яубыр къашэ.
- Зыщэм и напэр къэзыщэхум и уасэщ.
- Зэ жыпIэнум тIэу егупсыс.
- ЗэбгъащIэр IэщIагъэщи, умыщIэр IэщIыбщ.
- ЗэгурыIуэ я Iуэху псынщIэщ.
- ЗэгурымыIуэ гуIэгъуэ къешэ.
- ЗэгъунэгъуитI я жэм шыкIэ зэхуэдэкъым. / ЗэгъунэгъуитI я мэл бжыкIэ зыкъым.
- ЗэдеIэмэ бгыри ягъэкуэш.
- ЗэдэпщIэ щIэхщи, зэдэшхэ IэфIщ.
- Зэдэшхэ IэфIщи, зэдэфI унэщ.
- Зэз зи бзэгу телъым IэфI щымыIэж къыфIощI.
- Зэзэуэрей адакъитI пшэр хъуркъым.
- Зэкъуэш псори зы анэм къилъхуркъым.
- ЗэкъуэшитI я зекIуэкIэ зэхуэдэщ.
- Зэрымылъагъумэ зэщIолIэ, зэрылъагъумэ йолIыкI.
- ЗэхуэгъафIэ зэфIэкIуэд къыхокI.
- ЗэхуэдитI зэдзейщ.
- ЗэхуэдитIыр къызэдофэри, зэфэгъуитIыр зэдокIуэ.
- Зэхьэзэхуэ мэунэри, зэижитI мэунэхъу.
- Зумыпэсым кIэс къехьри къыдохьэж.
- И анэ еплъи, ипхъу къашэ.
- И къуэ фIэмылIу, илI фIэмыдахэу фыз щыIэкъым.
- Изрэ ныкъуэрэ/нэщIрэ зэрышIэркъым.
- ИкIута из хъужыркъым.
- Илъэс Iуэху къэщтэжыгъуейщ.
- Ин жыIэ, цIыкIу Iуатэщ.
- ИнагъкIэ фыхуеймэ махъшэм феупщI, жьакIэкIэ фыхуеймэ ажэм феупщI.
- Ирауд бэнэнкIэ зигъэнщIыркъым.
- Иримыкъур иризыгъэкъур лэпсщ.
- Иужь акъыл нэхърэ ипэ акъыл.
- Иужьрей Iуэху бзу кIагуэщ.
- Куэд жызыIэм нэхърэ куэд зыщIэ/зылэжь. / БаIуэ нэхърэ бащIэ.
- Куэд зыгъащIэ нэхърэ куэд зылъагъу.
- Куэд зэгъащIэ, умыщIэ умыIуатэ.
- Куэдрэ даIуэ, мащIэ Iуатэ.
- Шэм куэдрэ ухэплъэмэ, лъы холъагъуэ. / Куэдрэ шэм ухэплъэмэ, лъы холъагъуэ.
- Куэдщ жыпIэу ущымышынэ, мащIэщ жыпIэу гушхуэ.
- Къалъхур ирегъашэ, къашэр егъэнысэ.
- Къамылъху лIэжыркъым.
- Къамылъхуари цlыхум яхэмыхьари зэхуэдэщ.
- Къаруушхуэ нэхърэ акъылышхуэ.
- Къебыбажьэ нэхърэ къежьэуашхэ.
- КъежьэкIей кIуэдыжыкIейщ.
- Къоджэм кIуэ, уиукIынуми.
- Къоджэр нэхъыжьщ.
- Къоджэр нэхъыщIэми, къэгъазэ.
- Къотэм етэж, къоуэм еуэж.
- Къоузым удэгызмэ, узыр мэятэ.
- Къоуэм уемыуэжмэ, Iэ пфIэту укъищIэркъым.
- Къуаншэу ущысми, захуэу псалъэ.
- Къуаргърэ пэт, и шырым «хужь цIыкIукIэ» йоджэ.
- Къуаргъым/къуанщIэм нэ хуащIати, «набдзэ» жиIэрт.
- Къуий здэщыIэм мажьэ кърахкъым.
- Къуийм и пыIэ щыгъупщэркъым.
- Къуийм и пыIэр щхьэрыхумэ укIытэжыркъым.
- Къулейм иадакъэри мэкIэцI.
- Къупщхьэр зыгъэдахэр лыщи, лыр зыгъэдахэр щыгъынщ.
- КъутэгъуафIэ щхьэкIэ щIыжыгъуафIэкъым.
- Къуэ бзаджэм адэм хъуэн къыхуехь, пхъу бзаджэ анэм хъуэн къыхуехь.
- Къуэ зиIэм пщащэ псори и нысэщи, пхъу зиIэм щIалэ псори и малъхъэщ.
- Къуэ зимыIэ адэр нысэлъыхъу ежьэкъым.
- Къуэ пцIыупс зиIэ анэр гуфIэ щыщIэркъым.
- Къуэ уиIэмэ, нысэ уиIэщ.
- Къуэм и нэр нэфми, анэм псэууэ елъагъу.
- Къуэр напщIэщ, пхъур набдзэщ.
- Къуэр унэм и пкъощ, пхъур унэм и щIэращIэщ.
- КъуэфI и анэ гуфIэ щигъащIэркъым.
- Къуэш егъу нэхърэ ныбжьэгъуфI.
- Къуэш зимыIэм башым IэплIэ ирешэкI.
- Къуэшым я нэхъ жагъуэгъумрэ щауэгъум я нэхъ щIасэмрэ зэхуэдэщ.
- Къуэшыншэ щIэупщIакIуэншэщ.
- Къуэшыр зыщыбэм бэныр щыбыхъущ.
- Къыдыхьэр думыхуж, дэкIыжыр умубыд.
- КъыпкIэлъымыкIуэм узыкIэлъигъэкIуэнукъым.
- КъыптекIуэр лъэщщ/гугъущ.
- КъэзыкIухь Iыхьэншэщ.
- КъэзышагъащIэм махуэ тIощIитIкIэ япэ зыкъыумыгъахуэ.
- КъэкIуэгъуафIэ кIуэжыгъуафIэщ.
- КъэкIуэныр хьэщIэм и Iуэхущи, кIуэжыныр бысымым и Iуэхущ.
- Къэрабгъэр къуэшкIэ лIыхъужьщ.
- Къэрабгъэр къурэм щошынэ.
- Къэт кIыхь, къэхь мащIэ.
- Кхъэлэгъунэр мэкIуэдыж ауэ уэрэдыр кIуэдыжыркъым. / Мывэ сыныр мэкIуэдыж, мыкIуэдыжыр уэрэдщ.
- Кхъэм яхьа къахьыжыркъым.
- Кхъуейм и хьэтыркIэ пIастэри яшх.
- Кхъуэр зыщышынэн щымыIэмэ, Iуащхьэм докIуей. / ЦIыху здэщымыIэм кхъуэр Iуащхьэм докI.
- КIапсэр кIыхьмэ фIыщи, псалъэр кIэщIмэ, нэхъыфIыжщ.
- КIапсэшхуэм ихьар арэфыпсым къехьыж.
- КIапсэшхуэ хьэху къозымытынум «хужьгъэ изогъэгъу» жеIэ.
- КIыгуугу и цIэ иреIуэж.
- КIыфIми укъыщалъагъу, губгъуэми ущызэхах.
- КIыщ уэщыншэщ.
- Лажьэ жьы хъуркъым.
- Лажьэм жьэ егъуэт.
- Лыгъэ зыдзыр хесхьэж.
- ЛэжьакIуэфI ифIыщIэ щIэми жьыми яIуатэ.
- ЛэжьакIуэжь и шэмэдж щIэщхъуркъым, и фIанэ къутэркъым.
- Лэжьыгъэу щыIэр зы нэдым ихуэркъым, щIэныгъэу щыIэр зы цIыхум ищIэркъым.
- Лэжьыгъэм уегъэлъапIэ, щхьэхынагъэм уегъэпуд.
- ЛэжьэкIэмыщIэ и Iуэху хэщIыркъым.
- Лэжьэным хэзагъэр щIэныгъэми хогъуазэ
- Лэрыгъур щыузым деж, вакъэжь хыфIадзэжар ягу къокIыж.
- Лы зышхар лэпс йофэж.
- Лъагъуэ щымыIатэмэ гъуэгуи щыIэнтэкъым.
- Лъагъуныгъэр дахагъэ-Iеягъэкъым.
- Лъагъуныгъэр джэгукъым, уджэгуу иумыгъажьэ.
- Лъагъуныгъэ зыщIам лъагъукIэ ищIэжыркъым.
- Лъы гъэжэным насып къыхэзыха щыIэкъым.
- Лъы уасэрэ пхъу уасэрэ мылъку хъуркъым.
- ЛъыкIэ зэш нэхърэ гукIэ зэш.
- Лъыхъуэм къегъуэт.
- Лъэпкъыншэ насыпыншэщ.
- Лъэужьым траубыдэр дыгъущ.
- ЛIам гукъанэ хуащIыжыркъым.
- ЛIар псэум пащIыркъым.
- ЛIы Iэщэншэ еуэркъым.
- ЛIы гурымыкъыр фыз гъагъщи, лIым и гъринэр гуемыIущ.
- ЛIы жьей фызгъэгъущ.
- ЛIы зэрымыс унэр сабафэщ.
- ЛIы и махуэрэ шы и махуэрэ зэхуэдэкъым .
- ЛIы и псалъэ епцIыжыркъым.
- ЛIы ищIа иIуэтэжыркъым.
- ЛIы къэрабгъэ хьэ бзаджэкIэ ерыщщ.
- ЛIы пхам лIы еуэркъым.
- ЛIыгъэ зиIэм Iэщэр ейщ.
- ЛIыгъэ зиIэр мазэхэм мэгушхуэри, лIыгъэншэр мазэгъуэм мэшынэ.
- ЛIыгъэ тегъэ ищIэркъым.
- ЛIыгъэм Iэщэр хуэжыIэщIэщ.
- ЛIыгъэм ипэ гупсысэ.
- ЛIыгъэр Iыхьэ мыгуэшщ.
- ЛIыгъэр ажалым щыщтэркым.
- ЛIыгъэщIапIэ лIы икIуадэркъым.
- ЛIым Iэщэ зыхуиIыгъыр зы дакъикъэщ.
- ЛIым зигъэгусэркъым.
- ЛIым и лIыгъэр лэгъунэм щиIуатэркъым.
- ЛIым и узыншагъэр фызым и фIыгъэщ.
- ЛIым фэ теткъым жыпIэу иумыку.
- ЛIым я нэхъ мыгъуэм Iуэхугъуибгъу зэпеч.
- ЛIымрэ фызымрэ зэхуагъэувыр я хабзэщ.
- ЛIыр зыдашэ щIэупщIэркъым.
- ЛIыр лIыуэ мэлIэж.
- ЛIыр зыхуэдэр къэпщIэнумэ, и бийр зыхуэдэм еплъ.
- ЛIыфI къуэфI хуэщкъым.
- ЛIыфI шыфI хуэщщ.
- ЛIыфIыр бэ дыдэщи, лIыфI дыдэр зырызщ.
- ЛIыхъужь и джатэ бзэщхъуркъым.
- ЛIыхъужьыр зэ лIэгъуэщи, къэрабгъэр тIэу лIэгъуэщ.
- ЛIэм зыгъэлIэн ешх.
- ЛIэныгъэм нэхърэ eмыкIум фIэлIыкI.
- ЛIэныгъэр Iыхьэ мыгуэшщ.
- ЛIэныгъэр жьыгъэ-щIагъэкъым.
- ЛIэным лIыгъэ хэлъщ.
- ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ.
- Малъхъэщ жыпIэу унэгъу умыщI, щIалэщ жыпIэу къебгъэшэн къыумыгъанэ.
- МафIэ нэхур «благъэщ» жыпIэу умыкIуэ, хьэ банэ макъыр «жыжьэщ» жыпIэу къыумыгъанэ.
- МафIэ щымыIэу Iугъуэ щыIэкъым. / МафIэ здэщымыIэм Iугъуэ щыIэкъым.
- МафIэ зэрызэщIагъанэр мафIэщ.
- МафIэм и гъунэгъу лыр мажьэ.
- МафIэм псыр къегъавэ, псывэм мафIэр егъэункIыфI.
- МафIэм упэрыIэбэмэ, укъес.
- МафIэншэри шхыныншэри зэхуэдэщ.
- МафIэр ягъэункIыфIын папщIэ псы къабзэ къалъыхъуэркъым.
- МафIэрэ гуфIэгъуэрэ.
- МафIэсрэ псыдзэрэ уадэмыджэгу.
- Махуаем бгъуэтыжыр ныбжьэгъущи, адрейхэр Iэпэгъущ. / Махуаем бгъуэтыжыр ныбжьэгъущи, уи хьэмтетыгъуэм бгъуэтыр уи шхэгъущ.
- Махуэ къэси щыблэ уэркъым.
- Махуэм махуэ къелъхури, насыпым насып къелъху.
- Махуэр кIыхьмэ, Iыхьэр мащIэщ.
- МащIэр фIыщIэ зымыщIым, куэдри фIыщIэ ищIынукъым.
- МащIэу псалъэ, куэд щIы.
- Мащэ зытI, мащэ йохуэж. / Зи къуэш мащэ хуэзытIыр йохуэж.
- Мывэ дзыкIэ зымыщIэм и щхьэм къохуэж.
- Мывэ закъуэкIэ къалэ хъуркъым.
- Мывэ къуршым мэш трасэкъым.
- МыдаIуэ хьэрылъхущ.
- Мыдэф и Iуданэ кIыхьщ.
- МылIэр лIы мэхъу.
- Мылэжьэф и гуахъуэкI бэлацэщ.
- Мысэр малъэри хейм и лъакъуэр щIеуд.
- Мыублэ мыхъумэ, мыух щыIэкъым.
- Мыхьэжэф и щхьэлыкъуэкI къопкI.
- Гъусэ мыхъунум ущыгугъыу мыщэм уемыбэн.
- Мыгъуэм и кIапсэр бейм егъэлажьэ.
- Мыщафэ Iэрымылъхьэм гуащэ щумыгъэгугъу.
- Мыщащхьэ плъагъумэ, мыщэ лъэужь умылъыхъуэ.
- Мыщхьэхыр дахащIэщ.
- Мыщэ дыгъужь фIэбэлацэщ.
- Мыщэ жея къыумыгъэуш, лIы мышынэ умыгъэгубжь.
- Мыщэ шхэри зы дэ къелщ.
- Мыщэм ишхар дыгъужьым трелъхьэ.
- Мыщэм лыкIэ зигъэнщIмэ къофэ.
- Мыщэм лыр имыгъэфу ишхкъым.
- Мыщэм пщIащэ техуэмэ мэгубжь, жыг техуэмэ зеущэху.
- Мыщэр игу къыщихьэм щотIыс.
- МыщIалэрэ мыделэрэ щыIэкъым.
- МыIэрысэ къыпыкIари къызпыкIа жыгым ещхьщ.
- МэжэщIалIэм ерыскъы паубыдыркъым.
- МэжэщIалIэм къэрабгъэри лIыхъужь ещI.
- МэжэщIалIэм щIалэри егъэжь.
- Мэзpэ мазэхэрэ уи щэху щумыIуатэ.
- Мэзджэдур и пащIэкIэ яцIыху.
- Мэзым щIэт кхъуэри мэпсэу.
- Мэзыр жыг зэрызурэ зэхэтщ.
- Мэкъу мащIи къыумыхь, мэкъубэхьи умыхъу.
- Мэкъу хьэвэ мастэ хэкIуадэщ.
- Мэкъуауэгъуэжьым гум жьы дрегъэху.
- Мэкъумылэр мащIэмэ, щкIащIэр шхэрей мэхъу.
- Мэл гуартэм и кIуэдыжыгъуэм бжэн къуийр пашэ яхуохъу.
- Мэлищэм зы мэл щыщIэмэ, мэл щэ ныкъуэщ.
- Мэлым и кIапэ и хьэлъэкъым.
- Мэлым и кIэр/кIапэр щыдэуейм/дэуеяти, бжэныр дыхьэшхащ.
- Мэлыхъуэ хъун и пщIыхьщ.
- Мэлыхъуэр куэдмэ, мэлыр псэхэлIэ мэхъу.
- Мэлыхъуэр шхын щхьэкIэ лIати «и гуфIакIэм щэ дэз хъунщ» жаIэрт.
- Набдзэ ищI фIэщIурэ нэр ирищIащ.
- Налыр къута щхьэкIэ, шум и гъуэгу зэпыгъэуркъым.
- Напэ зымыIэм укIытэ иIэкъым.
- Нарт и псалъэ епцIыжыркъым.
- Насып зиIэм шыIэ иIэщ.
- Насыпыншэ щыIэми, гугъэншэ щыIэкъым.
- Насыпыншэр махъшэм тесми хьэ къодзакъэ.
- Насыпыр къэкIуэн хъумэ, цы Iуданэми къешэ, кIуэжын хъумэ, гъущI пщэхъуми хуэубыдыркъым.
- Насыпыр пщэдджыжьым ягуэш.
- Насыпыр фызым къыдокIуэ.
- Насыпыр хьэщIэщ, къокIуэри мэкIуэж.
- Насыпыр хъуржынкIэ уафэм кърахьэхыркъым пщIэнтэпсым къыхокI.
- Насыпыр Iыхьэ мыгуэшщ.
- НашитI зы IэкIэ пхуэIыгъынкъым.
- Нащэр мыхъунумэ, кIэрэф мэхъу.
- Нобэ уи махуэщ, пщэдей си махуэщ.
- Нобэрей Iуэхур пщэдей пумыгъаплъэ. / Нобэ пщIэ хъуну Iуэхур пщэдейм пумыгъаплъэ. / Нобэ пщIэфынур пщэдей умыхь.
- Ныбгъуэр бгъасэми, хьэсэр и плъапIэщ.
- Ныбжьэгъум занщIэу къыбжиIэнщ, бийм уи щIыбкIэ щигъэIунщ.
- Ныбжьэгъуншэр зеиншэ пэлъытэщ.
- Ныбжьэгъур уи нэгу къыщIоплъэ, жагъуэгъур уи лъакъуэ йоплъых.
- Ныбжьэгъур щагъэунэхур махуейщ.
- НыбжьэгъуфIыр гъэтIылъыгъэфIщ.
- Ныбэм «уи адэ и жьакIэ къыпыупщIи къилъхьэ» жеIэ
- Ныбэм и лажьэр IуэтэжыгъуафIэщ.
- Ныбэм имылъмэ, лъэр щIэкIыркъым.
- Ныбэрыдзэ нэхърэ щхьэдэдзых.
- Нысашэшхуэри нысашэщ, нысашэ цIыкIури нысашэщ.
- Нысэ Iейм унафэр унэм ирех.
- Нысэ мыхъунур жьантIажэ мэхъури, мафIэ мыхъунур ищхьэм щолыд.
- Нысэм зэхихыу уи пхъум еущие. / Уи пхъу жеIи, ун нысэ еIуэкI.
- Нысэм уеубзэмэ, данэ Iубзэ къыуитынщ.
- Нысэр фIыщ, жыпIэу цIэ фIумыщ, и цIэр езым зыфIищыжынщ.
- Нэгур гум и гъуджэщ.
- НэгъуэщIхэр бгъэлъапIэмэ, уи щхьэри лъэпIэнщ.
- Нэдым и щхьэр умытIатэу ху илърэ хьэ илърэ пщIэркъым.
- Нэм екIур гуми йокIу.
- Нэм и узыр нахуэщи, гум и узыр щэхущ.
- Нэм илъагъур Iэм ещIэф/ещI.
- Нэм илъагъур щхьэм и уасэщ.
- Нэм псэр зыщIешэ, гум гур къреджэ.
- Нэм псэр и фыгъуэгъущ.
- Нэм пэжыжьэми гум пэблагъэщ.
- Нэм щIэлъыр Iугъуэм къыщIеху, гум илъыр фадэм къреху.
- Нэм щIэтыр псэм хуэдэщ.
- Нэмыс здэщымыIэм насыпи щыIэкъым.
- Нэмыс пщIымэ уи щхьэщ зыхуэпщIыжыр.
- Нэмысым насып къыдокIуэ.
- Нэмысыншэр насыпыншэщ.
- Нэмысыр лъэIукIэ къахьыркъым.
- Нэпкъым тетыр кхъуафэ хукIэкIэ Iэзэщ.
- Нэпсейр насыпыншэщ.
- Нэр делэщ, Iэр бланэщ.
- Нэрылъагъу щытхъу щIыбагъырыубщ.
- Нэрымылъагъу сату ящIыркъым.
- НэфIэ-гуфIэ и нэ дыщэ IуэнтIа щIэлъщ.
- Нэфым и нэм хихар и гум хелъхьэж.
- Нэфыр зыщIэхъуэпсыр нэ псощ.
- Нэхъыбэм ящIэр хабзэщ.
- Нэхъыжь зымыгъэлъапIэр, щхьэ лъэпIэгъуэ ихуэркъым.
- Нэхъыжь зэрымыс унагъуэм гъы макъ щыкуэдщ.
- Нэхъыжь кIэлъыджэркъым кIэлъокIуэ.
- Нэхъыжь нэмыс, нэхъыщIэ насып.
- Нэхъыжьым и лъэIур нэхъапэщ.
- Нэхъыжьыр гъэлъапIи, уи щхьэр лъапIэ хъунщ.
- Нэхъыжьыр щыуэмэ, нэхъыщIэм и мыгъуагъэщ.
- НэхъыжьыфI зиIэм нэхъыщIэфIи иIэщ.
- НэхъыщIэ нэхъ щIасэщ.
- НэхъыщIэм ищIыр гъэжьи, нэхъыжьым ищIыр шхы.
- Нэхыыжьым жантIэр ейщ.
- Пагэм и блыпкъ-блащхьэ къутэгъуафIэщ.
- Пагэр мэгыз. (Eksik)
- ПащIэ гъэлыгъуэ джэгу хэлъкъым.
- ПащIэм къимыхьар жьакIэм къихьыжыркъым/къихьынкъым.
- Пкъым пыт лыр мэуз.
- Псалъэ бзаджэ губзаджэщIщ, гурыщхъуэ щIыныр хуэмыхугъэщ.
- Псалъэ быдэ зимыIэм пэжыгъэ иIэкъым.
- Псалъэ дахэм гуауэр пщегъэгъупщэ.
- Псалъэ дахэм гъущIыр къегъэш.
- Псалъэ мышур шхын мышум хуэдэщ.
- Псалъэ щабэ гущабэщIщ.
- Псалъэм и пэр умыщIэмэ, и кIэр пщIэркъым.
- Псалъэм псалъэ покIуэжри, удыным удын покIуэж.
- Псалъэр бгъэувмэ выщи, бгъэтIысмэ цIэщ. (Eksik)
- Псалъэр бутIыпщамэ, аркъэн кIэлъумыдзыж.
- Псалъэр куэдрэ бгъэныщкIумэ, IэфI хъужкъым.
- Псалъэр куэдрэ жыпIэмэ, мэ щоу.
- Псэлъэрейм едэIуэгъуейщ.
- Псори арэзы зыщIа щыIэкъым.
- Псы икIыгъуэм унэмысу уи кIэр умыIэт.
- Псы Iуфэм Iycым псы икIыпIэр ещIэ.
- Псы Iуфэм Iусым икIыпIэр ещIэ.
- Псы Iуфэм Iусыр есыкIэкIэ Iэзэщ.
- Псым и жапIэр езым къегъуэтыж.
- Псым итхьэлэм блэм зрешэкI.
- Псым хэлъ мывитIрэ пэт зонтIэIу.
- Псымрэ мафIэмрэ IэубыдыпIэншэщ.
- Псынэ пэтрэ щIы щIагъым гъуэгу щещI.
- ПсынщIэу ипкIым кIэщIу къегъэзэж.
- Псыпэр зэрыжэм псыкIэри ирожэ.
- Псыр гъужми, жапIэр къонэ.
- Псыр гъужмэ, бдзэжьейм и ажалщ.
- Псыр псэм и зы ныкъуэщ.
- Псэ зиIэм ажал иIэщ.
- Псэ зыпыт къупщхьэм лы къытокIэж.
- Псэм хуабэ и щIасэщ.
- Псэр IэфIщ.
- Псэр зэхъуапсэр дахэщ.
- Псэр ящэри, напэ къащэху.
- Псэу лIа нэхърэ лIа псэу.
- ПфIэкIуэдам щхьэкIэ умыгъ, къэбгъуэтам щхьэкIи умыгуфIэ.
- Пхуэмыфащэ хьэлъэщ.
- Пхуэмыфащэ щауэгъу умыщI.
- Пхуэмыхьын иумыхьэжьэ, епхьэжьамэ нэхьэс.
- Пхуэфащэ зыщIи, итIанэ щIэлъэIу.
- ПхъащIэ Iэзэм мэзыр и благъэщ.
- Пхъур дыщасэ къыщыкIуэжкIэ, мывэ хъурейм зегъэпщкIу.
- Пхъэ мысрэ псы мывэрэ щыIэкъым.
- ПцIищэ нэхърэ зы пэж.
- ПцIы IэфI нэхърэ пэж дыдж.
- ПцIы бупсынумэ лIам телъхьэ.
- ПцIы зыупсыр щхьэщытхъущ, зызыгъатхъэр джэгуакIуэщ.
- ПцIы упсыным есар укIытэжкъым.
- ПцIым гур щIех.
- ПцIым лъакъуэ щIэткъым.
- ПцIыр згъэуващ жыпIэми, уи пащхьэ къоджэлэж. (Eksik)
- ПцIыупс и кIапсэ кIыхьщ.
- ПцIыупс пцIыупс едэIуэжкъым.
- ПцIыупсым и пэж закъуэр хьэм Iэпеч/фIешх.
- Пшхын уимыIэмэ щIым езауэ.
- Пшэ темылъу уэшх щыIэкъым.
- Пшэм уефийкIэ къэувыIэн, вым уегийкIэ гурыIуэн?
- ПщIэ псор жумыIэ, жаIэ псор зэгъащIэ.
- Пщащэр дэгъуэмэ, гъунэгъур и фызщIэгъущ.
- Пщэдджыжь хьэщIэр гъэхьэщIэгъуафэщ.
- Пщэдейрей ныбгъуэ нэхърэ нобэрей бзу.
- Пэ зыIэм кIэ иIэщ.
- Пэжым нэр ирещI.
- Пэжымрэ насыпымрэ зэгуэшэгъущ.
- Пэжыр дыщэм нэхърэ нэхъ лъапIэщ.
- Пэжыр джатэ щIагъым щIэлъщ.
- Пэжыр жыпIэным лIыгъэ хэлъщ.
- Пэжыр зи гъуазэм насыпыр и гъуэгущ.
- Пэжыр къыумыщIэу, унафэ тумыщIыхь.
- Пэжыр хущхъуэщ, пцIыр щхъухьщ.
- ПIалъэ мыщIыр жыжьэщи, пIалъэ щIар къос.
- Сабий зимыIэм имыIэIауэ къыщохъу.
- Сабий щIэхъуэпсым гущэпс ед.
- Сабийм адэ имыIэжмэ зеиншэкъым, анэ имыIэжмэ зеиншэщ.
- Сабийм и унафэр пащтыхьым и унафэм нэхърэ нэхъ ткIийщ.
- Сабырым и щIагъ дыщэ пщIащэ щIэлъщ.
- Сабийр мыгъмэ, быдз иратыркъым.
- Си хьэ дзакъэркъым, сиш уэркъым жумыIэ. (Eksik)
- Сымаджэр къанэри щIэупщIакIуэр лIащ. / Уэсым хэсыр къанэри хьэжыгъэм хэсыр лIащ.
- Сыщыджэлэнур сщIатэмэ, щхьэнтэ згъэтIылъынт. / Ущыджэлэнур пщIэтэмэ, упщlэ бгъэтIылъынт.
- Сэлам лей хъуркъым.
- СэмэркъауэкIэ нэ къраху.
- Сэр нэхъыфI умыгъуэтым, сыкъэшэж.
- Танэ лIам мэкъу Iэмбатэ здехь.
- Тутынафэ псори «зэшщ».
- Тхылъыр щIэныгъэм и IункIыбзэщ.
- Тхьэм къуимытар, и лIыкIуэм къуитын?
- ТхьэмыщкIагъэм «сынокIуэ» жиIэркъым.
- ТхьэмыщкIитI зэгъусэмэ, бей хуэдэу мэпсэу.
- ТхьэмыщкIэ тегушхуэгъуафIэщ.
- ТхьэмыщкIэм и фэр Iувщ.
- ТхьэмыщкIэм кIэщIри кIыхьри хохъу. / ЗимыIэм бдзы кIыхьри бдзы кIэщIри хуохъу.
- ТхьэмыщкIэм тхьэр хуэлъащ.
- Тэм тэ и цIэщи, щэм щэ и цIэщ.
- Тэнымрэ дэнымрэ зэхуэдэщ.
- ТIысыгъуэр тыншми, тэджыгъуэр гугъущ.
- ТIу шызэпсалъэкIэ, ещанэр лейщ.
- УтIумэ уз, узымэ ущыIахэп. / УтIмэ узщи, узмэ ущымыIэххэ пэлъытэщ. / ТIакъуэр (ТIур) закъуэ палъэщи, закъуэр (зыр) щымыIэж (лIа) пэлъытэщ.
- Уаерэ дзаерэ зэлъытащ.
- Уанэшымрэ дыгъужьымрэ зы бо щIагъэувэркъым.
- Уахыхьэныр Iуэхукъым, уакъызэрыхэкIыжын пщIэмэ.
- Убзэ зи хабзэм псалъэ и куэдщи, щхьэхынэм щхьэусыгъуэ и куэдщ.
- Угъуэщэн ухуэмеймэ зыплъыхь, ущыуэн ухуэмеймэ упщIэж.
- Удым и удыгъэр япэ ирегъэщ/кърегъэщ.
- Удын гуауэр мэгъущри, псалъэ гуауэр гъущыжкъым.
- Удын зэхэдзэ нэхърэ Iыхьэ зэхэдзэ.
- Удэмэ Iуданэ, убзэмэ бзыхьэхуэ.
- Уемыгупсысу псэлъэнри тумыгъэпсыхьу ууэнри зыщ.
- Уемыш, уемызэши уи Iуэху хъунщ.
- Уеуэмэ мэкъущ, уемыуэмэ къурэщ.
- Ужьмэ, жьы хуэдэ щыти, ущIэмэ, щIэ хуэдэ щыт.
- Уз бзаджащIэщ.
- Узейм лажьей къыхокI.
- Узигъусэм и фэ къуаплъ.
- Узижагъуэм и нэм бжэгъуу ущIоуэ.
- Узижагъуэм уеуб, узищIасэр къыпщотхъу.
- Узижагъуэм уфIэгъумщ.
- УзищIасэм и псэ ухуехь.
- УзыгъалIэ псори емынэщ.
- Узыгъэблагъэ гъэблэгъэжи, узыгъэбий гъэбииж. / Биижь умыгъэблагъэ, благъэжь умыгъэбий.
- Узыгъэжьым жьыгъэ Iыхьэ къыуитыжыркъым.
- УзыгъэтIыс уиубыжыркъым.
- Узылъыхъуэр лъапIэ мэхъу.
- УзымыIэтыну къудамэм утемыувэ.
- Узыр къэкIуэгъуафIэ щхьэкIэ, кIуэжыгъуафIэкъым.
- Узыр уэщынэкIэ къокIуэ, мастэнэкIэ мэкIуэж. / Лажьэр къэкIуэгъуафIэ щхьэкIэ, кIуэжыгъуейщ.
- УзыукIыр уи бийщи, ущIэзылъхьэжыр уи къуэшщ.
- УзыфI щыIэкъым.
- Узыфэр мыхъужмэ, ажал и хущхъуэщ.
- Узыхэфыжыну псым хьэ хыумыукIэ, иумыгъэкIыжыну фызым дзы хуумыус.
- Узыхуейм узыхуэмей къыхокI
- Узыхуэмыдэм уи уэрэд еус.
- Узыхьыну псым мывэ къыхэщу уолъагъу.
- Узыхэдэн щымыIэмэ, щыIэр къыхэх.
- Узэгугъур къогугъуж, узэлIалIэр къолIэлIэж.
- Узэджэр къокIуэ.
- УзэлъэIу къэгъани къолъэIу къашэ. / УзытелIэ нэхърэ къыптелIэ. / УзэлъэIу нэхърэ къолъэIу.
- Узэмыджа гуемыIущи узэуIу гъунэгъущ.
- УзэпэгэкIыр къопэгэкIыж. (Eksik)
- Узэрымыса бысым умыуб.
- Узэуэр къоуэж.
- Узэфыгъуэ къыптокIуэ.
- Узэчэнджэщын умыгъуэтмэ, уи пIыIэжьыр гъэтIылъи ечэнджэщ. / Узэчэнджэщын умыгъуэтмэ, уи пыIэ гъэтIыси ечэнджэщыж.
- Узэшмэ мафIэ, ушынэмэ гъусэ. (Eksik)
- Узэщэ нэхърэ узэтэ.
- Уи гур зыхуеIэм уи Iэр лъоIэс.
- Уи Iей щIэпхъумэу уифI умыгъэхьэкъуэ.
- Уи Iуэху гъэфIи IэфI уащыхъунщ.
- Уи Iэм ипэ уи щхьэр гъэлажьэ.
- Уи адэ и гъуэгужьрэ, уи адэ и благъэжьрэ умыбгынэ.
- Уи адэ и щIапIэ гъэдахэ, уи анэ дахэу епсалъэ.
- Уи анэ зэрымысым зыщыгъэпсэхуи, къикIыж.
- Уи анэ и Iэ илъым еплъи, уэ уи Iэ илъым едзакъэ.
- Уи анэ къимылъхуар уи дэлъхукъым/къуэшкъым, уи дэлъху къимышари/къуэшкъимыша уи нысэкъым.
- Уи благъэ и унащхьэ плъагъуу ублэмыкI. (Eksik)
- Уи благъэ къыуитым и дзэ удэмыплъэж.
- Уи благъэ уемыпэгэкI, уи бийм благъэ хуэхъунщ.
- Уи благъэжь къыбдищIэ щэхукIэ уи благъэщIэ дзыхь хуумыщI.
- Уи бынрэ уи благъэрэ умыбж.
- Уи гъунэгъум къыпхуимыщIэр жыжьэм къыпхуищIэнкъым.
- Уи гъунэгъур уи къуэшщи, къигунэгъур уи гъунэгъущ.
- Уи гъунэгъур уи Iэнэгъумэ, уехъулIащ.
- Уи гъунэгъур уи Iэпэгъумэ, уехъулIащ.
- Уи делэ бгъэкIуэмэ, уи Iуэху мэкIуэд.
- Уи делэ хьэщIапIэ умыгъакIуэ.
- Уи дахагъэм уримыпагэу, уи лэжьыгъэм ирипагэ.
- Уи жьэ зэсэмэ, уи нэмыс мэкъутэ.
- Уи жьэр инрэ уи щхьэр цIыкIумэ, уунэхъуащ.
- Уи кIуэдыр си кIуэдщ, уи къанэр си къанэщ.
- Уи кIэ зэрымыкIынум уи щхьэ иумыIу.
- Уи къамэ тIэу къыумых, уи псалъэ тIэу жумыIэ.
- Уи къару еплъи, уи хьэлъэ здэщтэ.
- Уи лъахъэр зыдыгъум уишри идыгъунщ.
- Уи лъэпкъ и тхыдэ пщIэжыныр насыпышхуэщ.
- Уи лъэпкъым хэплъи, уи джатэ гъэдалъэ.
- Уи насып зыхэлъым дыщэхъ тепхъуауэ уолъагъу.
- Уи ныбэ гъэгъу, уи гугъуфI егъэщI.
- Уи ныбэ къикIыр уи бынщи, уи лъэуей къелъэри уи джэдщ.
- Уи нысэ уи гу ебгъамэ, уи пхъу ешхыдэ.
- Уи нэ гъаплъи, уи лъэ гъэув.
- Уи нэм къеIэм и псэм еIэж.
- Уи псалъэ гъэIэси, уи нэмыс гъэбыдэ.
- Уи псалъэ гъэлъапIэ.
- Уи псалъэр гъэкIэщIи, гупсысэр гъэкIыхь.
- Уи пхъу зэрысрэ уи нысэ и дыщрэ.
- Уи пыIэкIэ къодауэми хабзэ хуэщIэ.
- Уи тIуанэ умыуб, уи бын ущымытхъу. / Уи гъунэгъу умыуб, уи благъэщIи ущымытхъу.
- Уи тепIэн еплъи, уи лъэр укъуэдий.
- Уи фыз лIамэ, уи щIэлъэныкъуэр гуэхуащ.
- Уи фызыр бзаджэмэ, хьэдагъэ умыкIуэ махуэ къэси уи хьэдагъэщ.
- Уи фызыр фIымэ, джэгу умыкIуэж махуэ къэси уи джэгущ.
- Уи хэкур лъэщмэ, уогушхуэ.
- Уи хьэ фIэпщ и цIэщ.
- Уи хьэсэпэр здынэсыр пщIэжын хуейщ.
- Уи хьэщIэри гъафIэ, уи къуэшри фIыуэ лъагъу.
- Уи щхьэ нумыпэсымкIэ нэгъуэщIым ухуэмыупсэ.
- Уи щхьэ зи жагъуэм, уи цIэ фIэIейщ.
- Уи щхьэ зыфIэмыIейм уи лъакъуи фIэIейкъым.
- Уи щхьэ темылъ тумылъхьэ.
- Уи щхьэ ущымытхъуж, уфIмэ укъалъагъунщ.
- Уи щхьэм иумыпэсымкIэ нэгъуэщIым ухуэмыупсэ.
- Уи щхьэ хуэпщIыжыр уи нэмысщ.
- Уи щIалэ зэрыбгъасэщ, уилI зэресащ.
- Уи япэкIэ мывэ хъурей бгъажэмэ, уIуощIэж/ухуозэж/ухуэзэжынщ.
- Уив лIамэ, уи дзей ухэкIыжащ.
- Уигу ирихьыр IэфIщ, фIыуэ плъагъур дахэщ.
- УкIытэ зиIэм насып иIэщ.
- УкIытэ зиIэм цIыхугъи иIэщ.
- УкIытэм цIыхур егъэдахэ.
- УкIытэмрэ нэхъуеймрэ цIыхугъэм и дамыгъэщ.
- УкъыщамыщIэм уфащэщи, укъыщацIыхум улъэпкъщ.
- Укъыщалъхуари зы махуэщ, ущылӀэжынури зы махуэщ.
- УкъэзыукIрэ укъизыгъэкIыжрэ.
- УлIмэ, уи щхьэ ущымытхъу, уфIмэ, жылэр къыпщытхъунщ.
- УлIмэ, улIэнуми уи псалъэ гъэпэж.
- УлIэу упсэу нэхърэ, утхъэу урелIэ.
- Улажьэмэ лыжь пшхынщ, умылажьэмэ лажьэ бгъуэтынщ.
- Улажьэу ушхэжын нэхъыфI щыIэкъым. / Умылажьэу пшхыр IэфI хъуркъым.
- УлъэIуэнри уIуеинри зэхуэдэщ.
- УмыгъэтIылъ къэпщтэжыркъым.
- УмылIэмэ зылI, улIэмэ зы мащэ.
- Умылъытэр уимыIэ пэлъытэщ.
- УмылъэIуауэ узэтэнур пщIэнукъым.
- Умылъэгъуам щыхьэт утемыхъуэ.
- УмыщIэ умыIуатэ яIуэта умыIуэтэж.
- УмыщIэм ущIэупщIэныр емыкIукъым.
- УнагъащIэ гужьеигъуафIэщ.
- УнагъащIэ хьэщIэхуэфIщ.
- Унагъуэ умыхъуу къуажэ зумыщI/ухъункъым.
- Унагъуэжьрэ пхъэжь мафIэрэ.
- Унэ зимыIэм унагъуэ иIэкъым.
- Унэ кIуэцIым нэмыс ущимыIэмэ, унэ щIыбым ущиIэххэнкъым.
- Унэвым уеуэмэ, мэзывым и бжьэ мэхъей.
- Унэкъуэщ хьэщIэ гъэфIэгъуейщ.
- Унэм я мыгъуэр я гъуощ. / Быным я мыгъуэр я гъуощ.
- Унэм зыщыгъаси, хасэм хыхьэ/яхыхьэ.
- Унэнум я хьэ удз ехъури, унэхъунум я нысэ мэдыгъуэ.
- Унэр зыгъэунэри благъэр зыгъэблагъэри фызщ.
- Унэр зэращIа уэщыжьыр щIыбым дадзэж/щIадзыж.
- Унэхъугъуэм дзыгъуэри мэятэ.
- Унэхъунум гуоуж макъ и тхьэкIумэ иIуэркъым.
- УпIащIэмэ уогувэ.
- Упсэумэ, пшхын бгъуэтынщ.
- Упсэуху уогугъэ.
- УпщIалэ и былым кIуэдыркъым.
- УпщIэ щIэщхъуркъым. / Чэнджащэ щыуэркъым.
- Ухеймэ, улъэщщ.
- УщIалэху уотхъэ.
- УщымытIыс ущыгушыIэкъым.
- Ущымытхъущэ пхуэубыжынкъым.
- Ущысу укъэзымылъагъум утэджкIэ/ущыткIи укъилъагъункъым.
- Уэгъум ихьар уэлбанэм къехьыжри, уэлбанэм ихьар уэгъум къихьыжыркъым.
- Уэдыр Iушэщи, пшэрыр дахэщ.
- Уэздыгъэр щыщIэбгъанэкIэ уи Iэпэр мафIэм исынкIи мэхъу.
- Уэлбанэр уэфI зэрыхъужыну цIыху бзаджэр фIы хъужащэрэт.
- Уэмым и ужьыр уаещи, уаем и ужьыр уэмщ.
- Уэнум баш егъуэт.
- Уэс щесам лъэужь щыIэщ.
- Уэсукхъуэр бзу цIыкIум къегъэхъей.
- Уэсэпс хуабэ мэшгъэкIщ.
- УэфIрэ лIыфIрэ хэт дэзэшын?
- УэфIрэ уэлбанэрэ я хьэкъ зэтенэркъым.
- УэфIым умыгъуэтыр, уейм бгъуэтыжыркъым.
- Уэшх блэкIам щIакIуэ кIэлъумыщтэж.
- Уэщым зиIэтыхукIэ жыгъым зегъэпсэху. / Уэщыр пIэтыху, пхъэм зегъэпсэху.
- УIэгъэ лъэужьыншэ хъуркъым.
- Фадэр зи ныбжьэгъум жып гъуанэ щIэтщ.
- Фадэм текIуа щыIэкъым.
- Фащэм я нэхъ дахэр укIытэщ.
- Фо нэхърэ жей нэхъ IэфIщ.
- Фор IэфI дыдэщ, зигу иримыхьым ишхыркъым.
- Фоч нэщI лIитI гъэшынэщ. (Eksik)
- Фыгъуэр мыгъуэ мэхъу.
- Фыз бзаджэ зиIэм и унэ умыкIуэ.
- Фыз бзаджэ лIыгъэжьщ.
- Фыз бзаджэ нэпсрыгуащIэщ.
- Фыз бзаджэ хьэщIэмыгъашхэщ.
- Фыз бий нэхърэ жылэ бий.
- Фыз быдэ илI хьэлэлщ.
- Фыз дахэ тхьэмахуэ фызщи, фызыфI ныбжьрей фызщ.
- Фыз жьейм лIыр щIэх жьы дохъу.
- Фыз закъуэм дэмыIэпыкъу лIыр лIыфIкъым.
- Фыз зимыIэ щIалэрэ шхуэ зыпщIэхэмылъ шырэ.
- Фыз улъыхъумэ, благъи дэлъыхъуэ.
- Фыз фэрыщI лIыгъапцIэщ.
- Фыз хуэмыху зиIэр насыпыншэщ.
- Фызабэм и бын епIыжри лIыгъуабэм и бын хуэпIыжыркъым. / ЛIыгъуабэм быныр ирепхъыхь, фызабэм быныр къещыпыж.
- Фызым езауэр фызщ.
- Фызым и фIыр лIыгъатхъэщ.
- Фызым игъэпуда лIыр зыми къыдихыжынкъым, ныбжьэгъум игъэпуда лIыр фызым къыдихыжынщ.
- Фызым насып къыдокIуэ.
- ФызыфI быдзышэ налъэ щыщIэкъым.
- ФызыфI зиIэ и гуауэ шэчыгъуафIэщ.
- ФызыфI зиIэм хъуэхъу и унэ илъщ.
- ФызыфI и хьэку ятIэ хьэзырщ.
- ФызыфI илI гъуэмылэншэ хъуркъым.
- ФызыфI илI нэкIущхьэплъщ.
- ФызыфI илI цIэрыIуэщ.
- ФызыфIым лIы Iейр добжьыфIэри фыз Iейм лIыфIыр добжьыгуэ.
- ФызыфIыр унэщи, фыз Iейр щIыунэщ.
- Фэдэн кIапэ шу егъэшэсыж.
- ФэрэкIым «Уи фэр схьын, хьэмэрэ уи нэр схьын?» жи.
- ФIы зылъэжьым и щхьэ хуещIэж, бзаджэ зылэжьым и щхьэ лей ирехыж.
- ФIы зыхуэпщIэм иумыхъуэныж.
- ФIы зыщIэ и ищIэ кIуэдыркъым.
- ФIы зыщIэ упщIэжрэ?
- ФIы зыщIэр фIы IуощIэжри, Iей зыщIэри Iей IуощIэж.
- ФIы щIэи, псым хэдзэ.
- ФIыгъуэм я нэхъыщхьэр зэгурыIуэщ.
- ФIылъагъуныгъэр къупщхьэ зауэм хуэдэщ.
- ФIым илъэгъуар еIуэтэж, Iейм итар жеIэж.
- ФIым уеджэмэ, фIы къокIуэ, мыгъуэм уеджэмэ, мыгъуэ къокIуэ.
- ФIым уригъусэмэ фIы уохъу, Iейм уригъусэмэ Ieй уохъу.
- ФIым фIыщIэ пылъщ.
- ФIыр зымыщIэм фIыщIэр зыуи къыщыхъуркъым.
- ФIыр мылIэу-мыкIуэду пщIэркъым.
- ФIыр умыцIыхумэ, нэхъ лъапIэр къыхэх.
- ФIыуэ зэрылъагъу зэкъуэшитI зэфIэбгъэкIуэдын плъэкIынукъым.
- ФIыуэ зэрылъагъуитIыр зы фэ джанэм зэдохуэ. / ФIыуэ зэрылъагъуитI зы хьэфэ джанэми зэдохуэ.
- ФIыуэ укъэзылъагъум уи дагъуэр уегъэлъагъуж, жагъуэу укъэзылъагъум уи нэ щIыбагъкIэ еIуэтэж.
- Хабзэ здэщымыIэм, укIытэ щыIэкъым.
- Хабзэ зимыIэм напэ иIэкъым.
- Хабзэжь хэкужь къранэркъым.
- Хабзэм къамэр ирегъэкIуэт.
- ХабзэмыщIэ емыкIухьщ.
- ХабзэмыщIэ жьантIакIуэщ.
- ХабзэмыщIэ хабзащIэ макIуэ.
- ХабзэмыщIэ щIыкIейщ.
- ХабзэмыщIэ щытхъухьым хьэгулывэм фо хекIэ.
- Хабзэр бзэгупэкIэ кърахьэкIыркъым.
- Хабзэр екIуращ.
- Хабзэр зэхалъхьэркъым, гъащIэм къыхокI. / Хабзэр зым къигупсыскъым, гъащIэм къыхокI. / Хабзэр къахутэркъым, гъащIэм къелъхур.
- Хабзэр зымыщIэр щхьэнэщIщ.
- Хабзэр убзэ зыфIэщIым хуэпщIэнум и ныкъуэр къегъанэ.
- Хабзэр убзэнкъым, акъылыр къалэнкъым. / Хабзэр убзэкъым, къалэныр Iулъхьэкъым.
- Хабзэр фIымэ, бзыпхъэфI трах.
- Хамэ ахъшэ зепхьэмэ, уи жыпыр гъуанэщ.
- Хамэ пщIэнтIэпс хъер хъуркъым.
- Хамэ хэку сыщытхъэ нэхъ си хэкужь сыщылIэ.
- Хамэхьэр къохьэри унэхьэ иреху.
- ХамэщIым насып щыIэкъым.
- ХэкIэ зымыщIэ и гъубжэ дзагуэщ.
- Хэку зимыIэм псори щIыIэ къыщохъу.
- Хэкужьыхьэ лъэщщ.
- Хэкум емыкIу къылъысмэ, къыщыж. (Eksik)
- Хэкум игъэгушхуэр хахуэ мэхъу.
- Хэплъыхь Iыхьэншэщ.
- Хэт нэхъ акъылыфIэ, жиIэу щыщIэупщIэм, цIыхум ечэнджэщыр акъылыфIэщ, жиIащ.
- Хейм гыбзэр хуэлъашэщи, зыгъэшыфым хуэбатэщ.
- Хейм гъуэгу егъуэт.
- Хейм и лъыр хамэм ещIэж.
- Хущхъуэри ебгъэлеймэ, щхъухьщ.
- Хуэмыху и Iуэху блэкIыркъым.
- Хуэмыху унафэ щIынкIэ Iэзэщ.
- Хуэмыхум зимыгъазэурэ мазэр къуохьэж.
- Хышхуэ пэт ткIуэпс-ткIуэпсу зэхэтщ.
- Хъан техьэгъуэ текIыгъуэщ.
- Хъуапсэ и псэ кIуэдкъым.
- ХъумпIэцIэджым и кIуэдыжыгъуэм дамэ къытокIэ.
- Хъушэм къакIэрыхуа мэлыр дыгъужьым пэщIохуэ.
- Хъыбар щIэупщIэ хъыбар ещIэ.
- ХъыбарыфIри хъыбарщ, хъыбар Iейри хъыбарщ.
- Хъыджэбз къапшэмэ, уэ зэрыбгъасэщи, пхъужь къапшэмэ, зэресагъэххэщ.
- Хьэ бзаджэ тIысыпIэншэщ.
- Хьэ пэтрэ дахэ и щIасэщ.
- Хьэ хыжыгъуэм аргъуейр мэятэ.
- Хьэджафэ банэркъым, лъхукъуэщо хъуанэркъым.
- Хьэдрыхэ кIуэрэ, и дыщ кIуэжрэ яубыдыркъым.
- Хьэдэр зейр кхъаблэпэщ.
- Хьэдэр куэдрэ зепхьэмэ мэ щоу, Iуэхур куэдрэ зепхьэмэ мэлъахъэ.
- ХьэкIэкхъуакIэрэ пэт и шырыр дзапэкIэ кърехьэкI. / Хьэ пэтрэ и шырыр дзапэкIэ зэрехьэ.
- Хьэ вейм улъыхъуэмэ, лъапIэ мэхъу.
- Хьэм вакъэ щыптIагъэмэ щешхыкIыж.
- Хьэм ебгъэшх текIуадэркъым.
- Хьэм ептыр и Iыхьэщ.
- Хьэм зэдзэкъэнур ещIэ.
- Хьэм и губжь кхъуэм щехьэ.
- Хьэм и кIэм утеувэмэ, къодзакъэ.
- Хьэм и щхьэр узмэ удз ешх, блэм и щхьэр узмэ гъуэгум тогъуалъхьэ.
- Хьэм икIэм псы нэмысу, есыкIэ ищIэркъым.
- Хьэм къупщхьэкIэ уеуэкIэ гъыркъым.
- Хьэм уеуэмэ, нэхъей мэхъу.
- Хьэм ущышынэмэ, уи нэкIэ укъещIэ.
- Хьэм хуэмышх кхъуэм иригъэшхыркъым.
- Хьэмэшыпхэ благъэщ.
- Хьэндыркъуакъуэр зи анэми «Си анэр гуащэщ» жеIэ. (Eksik)
- Хьэр и бзэгукIэ зоIэзэж.
- Хьэр улэунумэ, мэкъушэм ядокIуэ.
- Хьэр унэ тхьэкIумэщ.
- Хьэрэ пэт и къуажэжь ибгынэркъым.
- Хьэрэ пэт мэлыр хъущэм хехуэж.
- Хьэфэм фо из хъумэ, зэгуотхъ.
- ХьэфI дэплъейр хьэфI мэхъури, шыфI дэплъейр шыфI мэхъу.
- ХьэщIапIэ укIуэн уфIэфIмэ, хьэщIэу къыпхуэкIуэр гъафIэ.
- ХьэщIапIэ ущыIэмэ, къыпхуащI уи унафэщ.
- ХьэщIапIэр фIыми, уи унэжь нэхъыфIыжщ.
- ХьэщIапIэрынэр емыкIущ.
- ХьэщIэ гъунэгъу нэхърэ хьэщIэ жыжьэ нэхъ лъапIэщ.
- ХьэщIэ здэщыIэм хэгъэрей щыIэщ.
- ХьэщIэ зи жагъуэм лыхуэ хуегъажьэ.
- ХьэщIэ къакIуэ щыIэ щхьэкIэ, хьэщIэ гъэкIуэж щыIэкъым.
- ХьэщIэ къакIуэм, насыпи къыдокIуэ.
- ХьэщIэ къакIуэмэ, хэгъэрейр мэгуфIэ.
- ХьэщIэ къэкIуэнущ жыIи гъэтIылъ, куэдрэ щылъа жыпIэу умышх.
- ХьэщIэ лей щыIэкъым.
- ХьэщIэ мыгъашхэ цIэрыIуэщ.
- ХьэщIэ щIалэ щыIэкъым.
- ХьэщIэм и ерыскъыр къыдокIуэ. / ХьэщIэм насып къыдокIуэ.
- ХьэщIэм и щхыр езым и Iыхьэщ.
- ХьэщIэр бгыкъум думыгъэплъей.
- ХьэщIэр бысымым и гъэрщ.
- ХьэщIэр гъафIэ, цIыхуфIыр лъытэ.
- ХьэщIэр жэщищ исмэ, быным ящыщ мэхъуж.
- ХьэщIэр куэдрэ щысмэ, бысымыр йозэш.
- ХьэщIэр мэлым нэхърэ нэхъ Iэсэщ. / ХьэщIэр мэшым нэхърэ нэхъ Iэсэщ.
- ХьэщIэр нэщхъеймэ, бысымым и ягъэщ.
- ХьэщIэр хущхьэрей хъумэ, гъашхи гъэгъуэлъыж.
- ХьэщIэр хьэзыр щхьэкIэ, бысымыр хьэзыр?
- ХьэщIэр шхэмэ, бжэм йоплъ.
- ХьэщIэу къыпхуэкIуамэ, уи жагъуэгъури ныбжьэгъущ.
- Цы Iуданэм вы егъэлъэпэрапэ.
- ЦIыкIуу къамылъху ин хъуркъым.
- ЦIыху Iущыр дунейм ехыжми абы жиIар къонэ.
- ЦIыху псори зэдепщэмэ, борэнышхуэу къепщэнт.
- ЦIыхубзым и щхьэцыр кIыхьщ ауэ и акъылыр нэхъ кIыхьыжщ.
- ЦIыхугъэ зиIэм жагъуэгъуи иIэщ.
- ЦIыхугъэншэм удэпсэу нэхърэ цIыхугъэ зиIэм удэкIуэд.
- ЦIыхум гущIэгъу иIэн хуейщ.
- ЦIыхум зы жьэщ иIэр, тхьэкIумитI тетщ.
- ЦIыхум къамыщIэ щэху щыIэкъым.
- ЦIыхум и ныбэр и бийщ.
- ЦIыхум и нэр къабзэмэ, игури къабзэщ.
- ЦIыхум и цIэр езым зыфIещыж.
- ЦIыхум фIыуэ къалъагъур насыпыфIэ мэхъу.
- ЦIыхум я фэр зэрызэхуэмыдэм хуэдэу, я гури зэхуэдэкъым.
- ЦIыхуфI гъэпцIэгъуафIэщ.
- ЦIыхуфI и Iэнэ хьэзырщ.
- ЦIыхуфI и тIысыпIэ хьэзырщ.
- ЦIыхуфэр Iувщ. (Eksik)
- ЦIыхур здынэмыс щыIэкъым.
- Чыри бгъэкIмэ, бжэгъу мэхъу.
- Чэзу зимыIэ щыIэкъым.
- Щхьэ къуийм и лажьэ щхьэ псэум ищIэркъым.
- Щхьэгъусэр насып зэхэгъэкIыпIэщ.
- Щхьэж хуэфащэ и щауэгъущ.
- Щхьэж и ныбжьэгъу и гъуджэ-мажьэщ.
- Щхьэхынэ жейнэдщ.
- Щхьэхынэм ив лIэмэ лыщ, игу къутэмэ пхъэщ.
- ЩхьэзыфIэфI лъагъугъyейщ.
- Щхьэзэм уэ фIэкI, губзыгъэр езыр къыпфIэкIынщ.
- ЩхьэкIуэм щIакIуэ уегъэщI.
- ЩхьэлыкIыр зыхьри мэгурым, щхьэл мывэр зыхьри мэгурым.
- Щхьэм имылъмэ, лъакъуэм и мыгъуагъэщ.
- Щхьэмыуз пIэщхьагъ тезагъэрэ?
- Щхьэр псэумэ пыIэ щыщIэркъым.
- ЩхьэтепIэ зимыIэ псыр мэуфIей.
- ЩхьэтепIэншэ къабзэ хъуркъым.
- Щхьэхынэм и махуэ кIыхьщ.
- Щхьэхынэр тэджмэ, псыбафэр куэд мэхъу.
- Щхьэщытхъу псори пцIыупсщ.
- Щхьэщытхъурэ къэрабгъэрэ зэблагъэщ.
- ЩыIэкIей кIуэдыжыкIейщ.
- Щыгъын хьэху нэхърэ щыгъын фаджэ.
- Щыгъынибгъу нэхърэ теубгъуэн.
- ЩыкIыр икIэ мэхъу.
- Щымахэм щызэпоч.
- Щымыуэну акъыл, щымыщIэну былым.
- ЩымыIэ умылъыхъуэ, къыплъыхъу умыгъэпуд.
- Щынащхьэ плъагъумэ гъэмахуэщи, Iэтащхьэ плъагъумэ щIымахуэщ.
- Щысым и Iыхьэр кIуэм къехь.
- ЩытхъукIей нэхърэ убыкIафIэ.
- Щыхьым и бжьэр и бийщ.
- ЩыщIэ нэхърэ мащIэшх.
- Щэныншагъэр узщи, Iэзэгъуэ зимыIэр делагъэщ.
- Щэрэ зэхэпх нэхърэ зэ плъагъумэ, нэхъыфIщ.
- Щэху гуэр зимыIэ щыIэкъым.
- Щэху зыхуэмыущэхур лIы ныкъуэщ.
- ЩIакIуэ ныкъуэщIыр щыгъынкъым.
- ЩIакIуэ щIагъым лIы къыщIокI. / Бацэжь и щIагъ лIыхъужь къыщIокI.
- ЩIакIуэр лIым и унэщ.
- ЩIалэ гурэпкIырэ нэхърэ лIыжь гупсэхуфI.
- ЩIалэ гъакIуи кIэлъыкIуэж.
- ЩIалэу фыз къегъашэ, пасэу джэд кърегъэш.
- ЩIалэр гъыуэрэ лIы мэхъури, лIыжьыр щэIуурэ малIэ.
- ЩIалэм ебгъэлъагъур и гъуэгущ.
- ЩIалэм къижыхьмэ, лIыжьым и лъэдий мэуз.
- ЩIопщыкъурэ пэт жьы еубыд.
- ЩIы фIыцIэм щIэмыхьэжын щыIэкъым.
- ЩIы нэхъ хьэлъэ щыIэкъым.
- ЩIы пшэр и хьэдзи пшэрщ.
- ЩIыбырыхь нэхърэ ныбэ хьэлъэ.
- ЩIыхуэр бгъууэ къэпщтамэ, пщIыуэ етыж.
- ЩIым зы ептмэ, щэ къыуетыж.
- ЩIым къыхэмыщ мывэр пхъэIэщэм и бийщ. / Мывэ къыхэмыщыр пхъэIэщэм и бийщ.
- ЩIымахуэм умыщIа гъэмахуэм бгъуэтынкъым, гъэмахуэм умылэжь щымахуэм уиIэнкъым.
- ЩIыпIищ нэщIу ялъытэ; псы зыдэмыт псыхъуэ, къэкIыгъэ зэрымыт губгъуэ, лIы зыщхьэщымыт фыз.
- ЩIыр зыхъумэр къехъумэж.
- ЩIэныгъэ зэгъэщIэныр псыкъуий мастэкIэ къэптIыным хуэдэщ.
- ЩIэныгъэрэ IэщIагъэрэ зэкъуэшщ.
- ЩIэр жьы мэхъури жьыр щIэ хъужыркъым.
- ЩIэр къокIуэ, жьыр мэкIуэж.
- ЩIэр къэхъунум щIэнэцIурэ жьы мэхъу, жьыр блэкIам щIэнакIэурэ мэлIэж.
- ЩIэщыгъуэр икIри зэрыукIыр къихьащ.
- Шихури кIыхьышхуэу докIей.
- ШкIахъуэ пщыIэрэ пэт нэхъыжь яIэщ.
- ШкIэплъ зытелъ нэхърэ дагъэ зытет.
- Шу гупыр зэдилъмэ, щхьэж игу илъ ещIэж.
- Шу хьэщIэр ягъэшэсыж, лъэс хьэщIэр пщIантIэм дашыж.
- ШхуэмылакIэр зыхуэмыIыгъым шыкIэр еубыд. / Шыщхьэр пIэщIэкIамэ, шыкIэм укIэлъымыбэнэж.
- Шы зиIэр къанэри, уанэ зиIэр кIуащ.
- Шы тесыкIэ зымыщIэм уанэр екъутэ.
- Шы хьэху уэсэпс трагъахэркъым.
- Шыгъу зышхар, псы йофэж.
- Шыгъу-пIастэм хьэтыр иIэщ. / Шыгъу-пIастэм уемылъэпауэ.
- Шыдрэ пэт илъэсым зэ мэфтрей.
- Шыдыгъу хабзэрэ дыгъужь хабзэрэ зэтохуэ.
- Шыдым телъ хьэлъэр къыдырым ищIэркъым.
- Шыдым и хьэлъэ ирикъумэ, мэкIуэр.
- Шым дамэ тету зылъагъур блэращи, блэм лъакъуэ щIэту зылъагъур шыращ.
- Шым еуи дыхьэ, елъэдэкъауи къыдэкIыж.
- Шым ехуэхым ныбэпхым трелъхьэ.
- Шым и лъакъуэ и бийщ.
- Шынэ зыдэщымыIэм укIытэ щыIэкъым.
- Шынэм макъ егъэIу.
- Шынэр и унэ мэкIуэж.
- Шыпхъум и гур дэлъхумкIэ гъэзащ.
- Шыпхъуншэ нэхърэ шыпхъу нэф.
- Шыр пщIантIэмэ, уанэр екIужыркъым.
- Шыр тесым егъэдахэ.
- Шыр щыгъажэм, жырыр мывэупцIэм, цIыхур лэжьыгэм щагъэунэхур.
- Шыу щтар куэдрэ умыху.
- Шыуаным илъыр зымышхыжынур гуэным илъым тогyжьеикI.
- ШыфIрэ выфIрэ псыбафэкъым.
- ШыфIыр езэшмэ, пырхъалэщ.
- ШыфIыр ныбжьэгъуфIым хуэдэщ.
- Шыц уэсыр къесу узэрысым уимыкI.
- ШыщIэ къамылъхуам уанэ хузэщIумылъхьэ.
- Шэм зэхэгъэж ищIыркъым.
- Шэм исар шхум йопщэ.
- Шэрэ лъырэ зэхакIэркъым.
- Шэс псори шyкъым.
- Шэхур хуабэу яхуз, фызыр щIалэу ягъасэ.
- Яжьэм фIамыщI и тесэнщ.
- Ямыгъэпхъу пхъукIэ ищIэркъым.
- ЯмыгъэIу зэхахыркъым.
- Ямылъэгъуа бланэ яукIыркъым, зэхамыха псалъэ яIуатэркъым.
- Ямыубри бэным дэлъри зэхуэдэщ.
- Япэ лIар япэ ирах.
- Япэ лIэм джэбыныр ейщ.
- Япэ узрихьэлIэр шхыныфIщ.
- ЯукIынури ягъэпсэлъэж.
- Яхутемыхьэ яхутекIыжыркъым.
- Яхэмыхьэ хабзэншэщ.
- Iыхьлы делэ напэтехщ.
- Iыхьлыр IэфIщ.
- IитIкIэ Iэ зубыдым щIыбагъ псалъэ и куэдщ.
- Iуащхьэм япэ дэкIар япэ къохыж.
- Iупэр напэм и хашэщ.
- Iущ и акъыл и гъуэмылэщ.
- Iущыр щэ мэчэнджащэ.
- IуэрыIуатэр хабзэжьщ.
- IуэрыIуатэ нэхърэ нэрылъагъу.
- Iуэху щIэкIэ зымыщIэр Iуэху щIэным егъалIэ.
- Iуэху мыублэ блэ хэсщ.
- Iуэху пщIыр Iуэху мэхъу.
- Iуэху убла зимыIэм Iуэху щIа иIэкъым.
- Iуэху цIыкIури Iуэхущ, Iуэху инри Iуэхущ.
- Iуэхум игъэлIа щыIэкъым.
- Iуэхум и пэр умыщIэмэ, и кIэр пщIэркъым.
- Iуэхуншэ псэлъэрейщ.
- Iуэхур жыIэгъуафIэ щхьэкIэ щIэгъуафIэкъым.
- Iуэхур зэрыпщIщ.
- Iуэхутхьэбзэм бзыпхъэ иIэщ. / Дэтхэнэ зы Iуэхутхьэбзэми бзыпхъэ иIэщ.
- Iуэхухутэ ялIыркъым, лIыкIуэ яукIыркъым.
- Iэзэгъуэ зимыIэ узыгъуэ щыIэкъым.
- Iэм имыщтэ кIуэдыркъым.
- Iэмалрэ хьилэрэ акъылщ.
- Iэнэм и пэри и кIэри хъуэхъущ.
- Iэрымылъхьэм щIэнэцIурэ и нэцIакIэр щIэгъуащ.
- Iэр бутхыпщIкIэ, Iэбжьанэр пыхурэ?
- Iэрэ жьэрэ зэблэкIыркъым.
- Iэхъуэ и баш и чэнджэщэгъущ.
- Iэпхуамбитхурэ пэт зэхуэдэкъым.
- IэщIагъэншэм и шэрхъ лъэныкъуабэщ.
- Iэщми уедэхащIэмэ, фIэфIщ.
- Iэщэ дэгъуэp гъусэфIщ.
- Iэщыр зезыхьэм ейщ.
- Iэщэр зыгъэIэщэр лIыгущ.