Октавиан Аугуст

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Цезар Аугуст
Gaius Iulius Caesar Augustus
Цезар Аугуст
Прима Порта щыщ Аугуст, Ватиканым и музей Киарамонтим
Урымым и япэрей император
27 гъэм шӀычылэм и 16 ди лъ. я пэм — 14 гъэм шышъхьэӀум и 19 ди лъ.
Яуж ихьэр: Тиберий Аугуст
 
Къыщыхъуар: 23.09.-63
Рым
Дунем щехыжьар: 19.08.14
Нола
Адэр: Гай Октавий
Анэр: Атиэ Балба Цезониэ
Шъхьэгъусэр: 1) Клодиэ
2) Скрибониэ
3) Ливиа Друзиллэ
Быныр: пхъу - Йулиэ Нэхъыжъ (Скрибониэ ей)

Гай Йулий Цезар Аугуст (лат-бз. Gaius Iulius Caesar Augustus, 63 гъэм фокӀадэм и 23 ди лъ. я пэм - 14 гъэм шышъхьэӀум и 19) — урымым и политик лэжьыгъэ цӀэрыӀуэ.

Гъашъэтхыдэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Аугуст и адэ Гай Октавиир плебей къуэлейхэм къахэкӀт, шуу лъакъуэм ящыщу, и анэ Атиэр Йулийхэм къахэкӀт, Аугуст Октавианыр Цезарым и патрициу ишъат. Яужым, и гъашъэм Аугустым цӀэ «Октавианыр» къымгъэсэбэпыну пылът нэхъыбэм, Йулий лъэпкъым лъэныкъуэгъукӀэ зэрхэхуам зыщигъэгъупшэжьыным пылъу. И шъэуэгъуэр щекӀуэкӀым зы махуэ гуэрэм тхылъ къыхуэкӀуа и анэм къыригъэхьауэ, къыхуиӀохуар Цезар яукӀауэ. Цезэр тхылъ къигъэнам зэритымкӀэ Октавианыр и къуэуэ къиштат, къану, и мылъкум и нэхъыбэри къыхуигъэнауэ. Ар къишъа яуж, бэуэ хэгупшысыхьурэ, и анэми яужым емыдэӀу Рымым кӀуэн гугъэ ешъыр, Цезэр и унафэкӀэ къыхуэнар иштэну, лъыи шъэжьын игугъу зыукӀахэр къигъэтын гугъэ иӀу.

АпкӀэнтӀэху ӀэнатӀэгъуэр пэмыкӀым иубыдат, а пэмыкӀтэр Марк Антоний, Цезар и шъхьэгъусэ Калкурниэ ахъчэ къыритамрэкӀэ, дзэм и дэӀэпыкъуэгъукӀэ техьат. Аугустым къыщыгурыӀуэм Цезэр къыхуигъэнауэ хъуар пэмыкӀым зэрлъысар, мылъку иӀу хъуар ищэжьын кӀедзэ, яужым и анэмрэ и етӀуанэ хулъхугъэ здэкӀуамрэ я мылъкури ещэ, Цезар гугъэ къигъэнар «урымым щыщ цӀыху къэс сестэрций 300 лъысыну» игъэзэнкӀэным шъхьэкӀэ. Ар щыгъэзанкӀэми Антоний и лажьэкӀэ мылъкуншу къызэрнар къиӀохут, абым пэмыкӀыу Антоний трилъхьэтэр Цезар зыукӀахэм дзэи мылъкуи яӀыгъу хуиту иутыпӀщыжьаху. Абы лъандэрэ Аугустыр нэхъ лъэш мэхъур.

Аугустым губзыгъагъэкӀэ къигъэсэбэпа ӀэнатӀэгъуэ ӀэкӀэлъал, и къэралым дунем гуфӀэгъу тетыр иригъэлъэгъуа, ӀэнатӀэгъуэм и зэпэубыдыгъэм къыхэкӀ гуӀэгъу хъуам хича яуж. Йулий Цезар и губзэгъэгъуэр хэмылъами и гугъэм сыт чыгъуи пэщылът, зэфӀэкӀыгъу игъуэту хъуамкӀи яуж иту. Шъэныгъэм пкӀэ яхуишът, езыр усакӀыу щытт, и цӀэр лъэхъэнэм иритыфа, Ӏэшъагъэхэмрэ шъэныгъэхэмрэ лэшыгъэ щагъуэтам и дэӀэпыкъуэгъукӀэ.

Яуж Аугустым статистикэ тхъылъ къигъэна Урым империэм теухуауэ. Аугустым и гъашъэтхыдэ тхылъ, къэӀуэтэгъуэ лъэшхэм къыхэхауэ Сатониим итхауэ щыта.

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]