Шылэджэд
Къыздихар Уикипедиэ
| Шылэджэд | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Numida meleagris Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
|
Шылэджэд (лат-бз. Numida meleagris) — мэзджэд лъэпкъщ.
Быду зэхэщӀыхьащ, цы Ӏув тетщ. Шылэджэд псори щхьэ, пщэ пцӀанэщ, я теплъэ нэхъыщхьэр фӀыцӀэщ, ӀэпапӀэ хужьхэр хэпхъауэ. Щхьэшыгум сыдж пӀащӀэу бжьэ тетщ, жьэгъул кӀыхь тӀууащӀэ иӀэщ.
Здэпсор Африкэмрэ Мадагаскаррэщ. ФӀыуэ елъагъу мэз лъахъшэ Ӏувхэр. Жэрщ, ауэ щылъатэкӀэ псынщӀэу йозэш. Зэ гъуэлъхьэгъуэр джэдыкӀи 6-8-щ. Абгъуэм зэрытесыр махуэ 25-рэщ. Джэджьейхэр анэми адакъэми зэдапӀ.
Ӏусыр — хьэпщхупщ, мэракӀуэ, гулъ, гъавэ.
Унэ шылэджэдхэр къызтехъукӀар мыращ. НэгъуэщӀ шылэджэд Ӏэл лӀэужьыгъу щыӀэр — шылэджэдщхьэпӀинэ (лат-бз. Guttera pucherani)
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр[гъэтэрэзын]
- Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.