Шъэт-Къалэ
Къалэ
Шъэт-Къалэ
|
Шъэт-Къалэ (урбз. Ставрополь) 1777-1935 гъ. — Ставропол-Кавказкэ, 1935-1943 — Ворошиловск. Ставропольскэ къэралым инэхъышъхьа къалэ.
Шъэт-Къалэ 366 мин цӀыху дэс, ар Урысе Хэкум джылэ бжыгъэ 2002 гъэм зэрагъэкӀуэкӀамкэ. ПэмыкӀыкӀэ 450 мин дэсу ялъытэ. Къалэм дэсхэр:
- урыс - 88,7 %
- ермэлы - 4,3 %
- укрэинэ - 1,6 %
- алыдж - 0,6 %
- къэрэче - 0,5 %
- урысыху - 0,4 %
- азэрбэджан - 0,4 %
- тэтэр - 0,3 %
Тхыдэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Япэдыду къэна Шъэт-Къалэм иплан тхыпхъэр 1778 гъэм щыщ, тедзамкӀэ а зэманым нэхъыфӀым хуэфашэт быдапӀэ яшътэр. кӀыхьу шъауэ къушъхьахъу лъэныкъуэмкӀэ зы гъунэр плъэуэ, адрер къэлмыкъ губгъуэм хуэгъэзауэ. Ихъуреягъыр дэтӀыкӀауэ абы 3,5 м. икуагъу, 6 иэ 9 м. ибгъуагъу. БыдапӀэр здагъувынур фӀыуэ къыхахат, бгы здытетыр ихъуреягъымкӀэ нэхъ лъагэт. ДжэкэмкӀэ къуэ куу иат Ташлы псыр ежэху, занду къуэкӀыпӀэмкӀэ ехуэху къутырыр здэщытым иде. ипшъэмкӀэ, апщыгъуэм нэхъ зыхуэсакъ лъэныкъуэмкӀэ къуэуэ щы Мэмайкэ, Мутнянкэ, Жэлэбовкэ псыхэм, быдапӀэм ипашъхьам ирикӀуэт. Зы псыр быдапӀэм и нывэкъалэм де ежэхт, хьаблэм псыну къыкӀэжт иджыпсту абде Совецкэ, Дзержинскэ, Жуковэ, Октябрскэ Револуцие урамхэр тет.
Тэнэ деи апщыгъуэм быдапӀэ здашъым, игъунэгъу къутырхэр тыст. Апхуэду 1778 гъэм Шъэт-Къалэ иде, Хопёрскэ дзэм иштабыр здыщэам, 197 унэу къэзакъхэмрэ урысхэмрэ яуэ, гын здыкӀэлъ шӀунэ, тучанитӀ джоуэ дэтт.
Экономикэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Иджыпсту Шъэт-Къалэ и экономикэр зтетыр 400 хуэдиз предпиятие. Гъэ кӀуахэм хъушъхъуэ здашъ цеххэр зэӀуаха. Лэжьыгъэр илъэс зтӀущ блъэкӀам 1,6 дэкӀуея. Зэр къэралу и производствэм Шъэт-Къалэ и Ӏахьар 24 %. Абы пэмыкӀыу Шъэт-Къалэ дэт Северо-Кавказым и Ӏаташъхьа офисыр Урысей СберБанкым.
Шъэт-Къалэ Уикисурэтылъэм? |